Дыхэт дэ?

ГъащIэм, дунейпсо цивилизацэм сыт хуэдэ увыпIэ щытIыгъ? А упщIэхэрщ лъэпкъ гупсысэр зэпымыууэ зыузэдыр. Абыхэм я жэуапыр зэримыгъуэтыжу, езы лъэпкъри мэкIуэдыж, тхыдэ кIэншэм и лъагъуэ хогъуэщэж. ИкIи укъызэтенэн, ухэмышыпсыхьыжын щхьэкIэ щыIэр зы Iэмалщ: - уи тхыдэр, уи анэдэлъхубзэр, уи щэнхабзэр, уи хабзэр, нэмысыр, уи къуэпсхэр, нэр напIэм зэрихъумэм хуэдэу, уахуэсакъыу пхъумэнырщ.

Ди япэ итахэм ахэр яхъумэн яхузэфIэкIащ. Абыхэм я лъэпкъ гупсысэр яIэщIэхуакъым. Апхуэдэ гупсысэхэр етхыж журналист, публицист цIэрыIуэ ХьэфIыцэ Мухьэмэд: «ХэкIыпIэ гуэри зимыIэу къыпщыхъу гугъуехь ин дыдэхэм къащыхэхутами, зэтраукIэпэнкIэ адыгэм шынагъуэ къыщылъысами. Хэбгъэзыхьмэ, блэкIам и жьы щIыIэхэм дунейм и щIыпIэ куэдым щракъухьа адыгэхэм яфIэкIуэдакъым я пщIэр, хабзэр, нэхъыщхьэращи, зы зэман зэрыгъуэтыжу я къэкIуэнур нэхъ насыпыфIэ ящIын зэралъэкIынумкIэ яхэлъ фIэщхъуныгъэр.

Зи къэкIуэнум, зи щIэблэм емыгупсыс зы лъэпкъи, ар ину е цIыкIуу щрети, щыIэкъым. ИкIи ар зыкIи  елъытакъым нобэрей гъащIэм махуэ къэс къыкъуэкI Iуэхухэм. Уэ нэхърэ нэхъ ин щымыIами, уи лъэпкъ зэхэщIыкIыр къэлъахъшэмэ, гува-щIэхами тхыдэм и дурэшым укъыдэхутэнущ. Ар кIуэдыпIэщ. Абы папщIи зыгуэрым уиубыдын, узэтриукIэн хуейкъым: узищIысыр умыщIэжмэ, зэфIэкIащ. Дунейпсо цивилизацэм зиузэщIыху, щIэныгъэм зиужьыху ар кIуэ пэтми нэхъ шэч къызытумыхьэжын мэхъу.

 Аращ илъэс минитIым я кIэухым анэдэлъхубзэр, тхыдэр, щэнхабзэр, щIыуэпсыр дэнэ щIыпIи япэ дыдэ щрагъэщ Iуэхухэм къащIыхэувар. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, я бзэм и къабзагъэм зратащ нэмыцэхэми, франджыхэми, урысхэми, инджылызхэми, хьэрыпхэми. Нэхъ пасэжу а Iуэхум яужь щихьащ Тыркум (Ататюрк и зэманым), нэгъуэщI къэралхэм.

Абы и мыхьэнэр къыпхуэмылъытэн хуэдизу нэхъ иныжщ дэ тхуэдэ лъэпкъ цIыкIухэм я дежкIэ. ИкIи хуабжьу гуапэщ а мурад дахэм адыгэхэм ди гурыщIэри къызэрызэщIиIэтар, а Iуэхум жылагъуэ къару зэрыхузэщIагъэуIуар. Зи гугъу тщIыр 90 гъэхэр щIэдзапэ зыхуэхъуа «Къэбэрдей Адыгэ Хасэ» зэгухьэныгъэрщ. Лъабжьэ псори яIэу ди цIыхухэр абы щыгугъырт ди тхыдэм и тэмэмыпIэр убзыхуным, лIэщIыгъуэкIэрэ къыддекIуэкI ди хабзэ гъуэзэджэхэр къэгъэщIэрэщIэжыным, ди бзэм хуэфащэ увыпIэ егъэгъуэтыным, щэнхабзэм зегъэужьыным, зэманым къыздихьа мыхъумыщIагъэхэм, фадэмрэ афиянымрэ я гъуэгур зэхуэщIыным хуэгъэза IуэхушхуэхэмкIэ.

ЯпэщIыкIэ апхуэдэуи ежьащ. Къэралым щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм «зи жьэр зэщIаха» щIэныгъэлIхэм, тхакIуэхэм, журналистхэм, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэ дыдэхэм пэрыт интеллигенцэм щыщхэм, студентхэм утыку къралъхьэрт лъэпкъпсо Iуэхухэр, езыхэр зыгъэпIейтейхэр, зэгупсысэхэр. ЗэIущIэхэм щыплъагъурт къулыкъушхуэ зыIэщIэлъ цIыхухэри. Псори зэкъуагъэувэрт гуращэ дахэхэм. Абы лъандэрэ зэман куэд дэкIакъым икIи ар фIыуэ ящIэж 90 гъэхэм и пэм зэхыхьэу щытахэм.

 ЗэрыгурыIуэгъуэщи, зэгухьэныгъэщIэм зиубгъу зэпытт. Абы хыхьэрт зи къекIуэкIыкIар зэзыгъэщIэну хуейхэр. ЗэщIэхъееныгъэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и куейхэм, уеблэмэ, нэхъ къуажэ пхыдзахэми къыщыдаIыгъырт. Мыгувэуи зэIущIэхэм къекIуалIэхэр ЕгъэджакIуэм и унэм и (Налшык,   Головко уэрам) пэшышхуэм щIэмыхуэж хъуащ. ИужькIэщ и уставри программэри къащтэу Хасэм зэгухьэныгъэ теплъэ щигъуэтар.

Мис а «иужькIэ» къэхъуахэрщ дэ иджыпсту къалэм къэтщтэныр нэхъыбэу къызыхэкIари, ар хьэдыгъуэдахэщ уигу къэмыкIын хуэдизу. Ауэ зэкIэ къызэредгъэжьам тету Iуэхур зэрыщытар зэкIэлъыкIуэу къэтIуэтэжынщ.

Аращи, хасэр къызэфIэуващ, абы и псалъэр пхигъэкIыф, цIыхухэр къигъэдэIуэф хъуащ. Пэжщ, гу лъумытэнкIи Iэмал иIэтэкъым хуабжьу утыкур зи нэрыгъ гуп къызэрыкъуэкIами. Я нэхъыбэм, зэрыжаIэщи, цIэи щхьэи ямыIэу, ауэ сыт щыгъуи дэтхэнэри ягъэIущыжыну, «гъуэгу захуэм» трагъэувэну хьэзыру. Тхыдэр, бзэр джыным, щэнхабзэм, литературэм, гъуазджэм зегъэужьыным зи гъащIэ псор щхьэузыхь хуэзыщIахэм «къабжхэм» ахэр зыкIи хуейтэкъым, ауэ сыт, «мыгъуагъэ» псомкIи нэгъуэщIхэр ягъэкъуэншэну хьэзырт. ИкIи, апхуэдэхэм деж зэрыхъу хабзэщи, къагъуэтырт: ахэр, абыхэм къызэралъытэмкIэ, властыр зыIэщIэлъхэрт. ПIалъэ кIэщIым хэкупсэ нэпцIхэм ирагъэкIуэтэкIащ щIэныгъэлIхэри, тхакIуэхэри, щэнхабзэм и лэжьакIуэ пажэхэри, пщIэ зыхуащI нэгъуэщI цIыхухэри, зэгухьэныгъэр щIызэхыхьа Iуэхухэри. Сытыт зэращIыжынур? Нэхъыщхьэращи, зэгухьэныгъэр щыIэт икIи «Iэзагъ гуэр» епхьэлIэмэ, ар щхьэхуещагъэ зыхэлъ мурадхэм хуэбунэтIыфынут.

 90 гъэхэм ди къэралым щекIуэкIахэр зылъэгъуахэм фIыуэ ящIэж абы щыгъуэм къэралым щыIа щытыкIэм апхуэдэ Iэмал къызэрызэIуихар. ЗэпэщIэувэныгъэмрэ зэщыIеиныгъэмрэ дэнэ щIыпIи зыщаубгъуат.

 ПэкIухэр къежьэжащ. Япэрейр зыхуэгъэзар Кавказым щытыкIэ зэпIэзэрыт щыIэнырт. Мурад Iейтэкъым, абы къыхэкIыуи «Спартак» республикэ стадионым цIыху куэд щызэхуэсат. Ауэ ар щIэдзапIэ, гъэунэхуныгъэ къудейт.

 Хасэм и унафэщI хъуахэм я мурадыр шэч къытумыхьэжыну къэнэхуащ съездхэм ящыщ зым зэгухьэныгъэм и уставыр щызэрахъуэкIыу политикэ Iуэхухэм зратыпа иужь. Абы иужькIэ IэщIыб хъууэ щIидзащ бзэ, хабзэ, щэнхабзэ Iуэхухэм. Я IуэхущIафэ нэхъыщхьэр зыхуаунэтIар властыр убыдынырт.

ХэкIыпIэфI къагъуэтат: хэхыныгъэхэм хэмыту, щытемыкIуэу къулыкъушхуэхэр зыIэрагъэхьэну. ГурыIуэгъуэтэкъым хуэфэщэн щIэныгъэ зиIэхэр яхэту икIи къызэрыгуэкI Iуэху зехьэкIэ къудейри зыщIэр мыкуэду а къулыкъухэр зэрырахьэкIынур. Абы щыгъуэми ди щIыналъэм адыгэхэм нэмыщI нэгъуэщI лъэпкъхэри зэрыщыпсэури кърадзэртэкъым. А «гурылъ IэфIыр» къызэрызэтещэхэнури белджылыт. Ди насыпти, мамырыгъэ щытепщэ республикэр Шэшэныр зытет гъуэгу пхэнжым трагъэхьэфакъым. А зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIу щытахэм я щIэныгъэм, адыгэхэм игъащIэ лъандэрэ яхэлъ Iущыгъэм я фIыгъэкIэ дэ дыкъытекIащ щыхупIэм ухуэзышэ гъуэгум. ЦIыхухэм ялъэгъуащ пэжыр. Абыхэм нэхъапэми къагурыIуэртэкъым Къэзанокъуэ Жэбагъы фэеплъ хуэбгъэувынымрэ «правительствэр тедзынымрэ» зэрызэпыщIар, иджы Iуэхур зыIутыр белджылы ящыхъуащ. Ахэр хуейтэкъым апхуэдэ Хасэ. Аращ а зэгухьэныгъэм и Iуэхур щIэмыхъуари. Къэнар цIыхухэм я гурыщIэ къабзэхэр зи щхьэхуещагъэ мурадхэмкIэ къэзыгъэсэбэпыну хущIэкъуахэмрэ абыхэм я пыхъуэпышэ закъуэтIакъуэхэмрэщ. Утыку зыфIэфIхэр утыкум къинащ…

 Абыхэм къахуэнэжыр къыщIемыупщI, зыкIи къемыгъэщIылIа Iуэху языныкъуэхэмкIэ зэзэмызэ къызэпхыдзэкъыкIынырт. ЖаIэри зыми зэхихыртэкъым, зы щIыпIи нэсыртэкъым, езыхэм я «Хасэми» пщIэи щIыхьи иIэжтэкъым.

 АрщхьэкIэ апхуэдэуи Iуэхур екIуэкI хъунутэкъым. Зэгуэр а зэщIэхъееныгъэр зэщIэзыгъэуIуа гурылъ къабзэхэр, иджыри зэ къытедгъэзэжынщи, лъэпкъ зэхэщIыкIыр къэIэтыным, анэдэлъхубзэм, щэнхабзэм зегъэужьыным, ижь-ижьыж лъандэрэ къыддекIуэкI хабзэфIхэр къэгъэщIэрэщIэжыным хуэдэхэр, пхызыгъэкI къару жылагъуэр хуейт. Абы къыхэкIыу 2000 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм «Къэбэрдей Адыгэ Хасэ» жылагъуэ-политикэ зэгухьэныгъэм и зи мычэзу съезд зэхуэдгъэсын хуей хъуащ, Iуэхум щIэрыщIэу щIэддзэжын мурадкIэ. Зэхуэсышхуэм къищта унафэхэм нэхъ иужьыIуэкIэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм Налшык къалэм  щригъэкIуэкIа У конгрессыр арэзы техъуащ. Мис бжыгъэхэр: лIыкIуэхэм (делегатхэм) ящыщу 57-м ахэр даIыгъащ, зымыдахэр 7 къудейт, 17-р гуитIщхьитIт.

Нэрылъагъут КъАХ-м и зи мычэзу съездым и унафэхэм хабзэкIэ къару зэраIэр, ауэ, апхуэдэу щыт пэтми, дэ а бжыгъэхэр къыщIэтхьыр къыдащIэкIа суд Iуэхум и кIэлъэфым мазийм щIигъукIэ хуиту дызэримыгъэлэжьар фигу къэдгъэкIыжын папщIэю

Сыт ягу темыхуар? Захуагъэм гъуэгу зэригъуэтыжарщ. Япэрауэ, къыщызэрагъэпэщым зыхуагъэпса мурадхэмкIи зи Iуэху зэрихуэхэмкIи Къэбэрдей Адыгэ Хасэм къыхэнэжа щыIэтэкъым, ар цIыхухэми власть IуэхущIапIэхэми зыкIи япыщIатэкъым. «Хасащхьэр» зэхуэсрэ «Шэшэным иращIэкIа зауэр зэрамыдэм» теухуауэ тхылъ гуэрхэр е абы ещхьхэр зэрагъэпцIрэ зэбгрыкIыжмэ зэфIэкIт я лэжьыгъэр. ЕтIуанэрауэ, уставыр «Жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я IуэхукIэ» Урысей Федерацэм и Хабзэми, апхуэдэу щыщыткIэ, дауи, Къэбэрдей-Балъкъэрым щызекIуэ хабзэхэми езэгъыртэкъым. НэмыукIытагъэ хэлъу нэгъуэщIкIи къызэпыудат уставыр: зэхуагъэса «съездым» и лIыкIуэхэр ипэжыпIэкIэ зыщIыпIи щыхахатэкъым. Абы и лэжьыгъэм хэтатэкъым пэщIэдзэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм къагъэкIуахэр, куеишхуэхэм, уеблэмэ, езы Налшык къалэ щыхахахэр. Щхьэтечу жыпIэмэ, лъэпкъ унафэ ящIыну зэхуэсат зыми апхуэдэ къалэн зи пщэ дамылъхьахэр. Ныбжьышхуэ зиIэ «Хасэ» псалъэм и мыхьэнэр ягъэпуду аркъудейт…»

    Дохъушокъуэ Синэ.

 

Поделиться:

Читать также: