Iэдэм къыжьэдэхуу дуней хуитым къытехьэжа

Дунейр къызэрыунэхурэ цIыхур гъэунэхуныгъэ куэдым къыпхыкIыурэ къекIуэкIащ. Куэд дыди «ягъэпщкIужащ» лIэщIыгъуэхэм – лIыгъэ зезыхьаи, бзаджагъэ зылэжьаи, нэгъуэщI куэди. Апхуэдэ гъэунэхуныгъэшхуэхэм ящыщт Хэку зауэшхуэм и илъэсхэр. Залымыгъэ, икIагъэ, гущIэгъуншагъэ – куэд ялъэгъуащ, я фэм дэкIащ цIыхубэм абы щыгъуэм. Апхуэдэ хъыбархэм ящыщ зы дыщIигъэдэIуат Болэтей къуажэм щыщ Ныбэжь Михаил. Ар зытеухуа щIалэм и къекIуэкIыкIар гущIыхьэ пщымыхъуу къэнэнутэкъым.

Болэтей къуажэм щыщ Хьэпэхэ Езидрэ Джызэрэ я къуэ Пщыбий къыщалъхуар 1926 гъэрт. Зи Iэпкълъэпкъыр зэрымыубыда щIалэ цIынэм фочыпэкIэ еIэдэкъауэурэ унэм къыщIахури, гужьеигъуэкIэ къуажэр зыбгынэ нэмыцэхэм ар здыдашат. ЩIалэ ныкъуэхъум гъащIэ гъуэгуанэ хьэлъэ зэпичын хуей хъуащ. Дуней псор пщылIыпIэм ирагъэувэну къежьа нэмыцэхэм я «тхыцIэр» Сталинград деж къыщызэпаудым, фельдмаршал Паулюс и дзэ фIыцIэжьри езыри гъэр къыщащIым, я мурад фIейхэм я гугъэ хахыжу щIадзащ.

Уеблэмэ гъэру яубыда сэлэтхэмрэ щIалэгъуалэхэмрэ къафIэIуэхужтэкъым. ЦIыхуфэ лъэпкъ ирамыплъу хьэкIэкхъуэкIэм хуэдэу зэрадзэрт, къуажэ зэтрагъэсхьахэр куэдт, сэлэт хьэдэхэр дэнэкIи щылът. А псор зылъагъу Пщыбий и гур къикIэзызыкIт, техьэгъуэ къыхуэкIуа нэхъей, и Iэпкълъэпкъыр щIыIэм ист. Мис апхуэдэу сабэмрэ Iугъуэмрэ итхьэларэ къару лъэпкъ ямыIэжу Шецин къалэ нэсахэщ. Хьэмэмым зыщрырагъэкъабзэри, сымаджэщым яшащ. ФIыуэ ягъашхэ, дохутырхэри къакIэлъоплъ, «тIуэтэжащ» жаIэри гъэрхэр мэгуфIэ. Ауэ а тхьэмыщкIэхэм къапэщылъыр ящIэртэкъым: дохутыр хьэкIэкхъуэкIэхэм ирагъэкIуэкI гъэунэхуныгъэхэм папщIэ ахэр къагъэсэбэпынут.

Куэд щилъэгъуащ икIи и фэм щыдэкIащ абы Хьэпэ Пщыбий. Щилъэгъуащ абы зи Iэр, зи лъэр, зи пэр, зи тхьэкIумэхэр пымытыж, зи нэкIухэр яупщIэта цIыхухэр. Пщыбии куэдрэ «къеIэзащ», и Iэпхъуамбэхэр чэзууэ пагъэпкIащ, иужьрей операцэм щIашауэ, гъунэгъуу къэуа топышэм унэр зэридзащ. СтIолым телъ Пщыбий къагъанэри, дохутыр хьэщхьэрыIуэхэр зэбгрыжыжащ. Абдежым санитар лIыжьыр къыщIыхьэри щIалэщIэр щIихащ. Апхуэдэу ар псэууэ, ныкъуэдыкъуэ хъуами, къэнащ.

Арати, 1946 гъэм и бжьыхьэпэм Хьэпэ Пщыбий Болэтей жылэ къыдыхьэжащ. Пщыбий къызэрыкIуэжым и хъыбар щызэхахым, и адэ Езидрэ и анэ Джызэрэ илъэсищ енкIэ къэта я быныр гуфIэгъуэ нэпскIэ ирагъэблэгъэжащ, къызэралъагъууи гуIэу етIысэхащ: «Дэнэ мыгъуэ кIуа уи Iэпхъуамбэхэр, щIыIэм писыкIа, топышэм пиуда?». «Ахэр фашизмэм и напэщ. Умыгузавэ, ди анэ, абыхэм къыпана лы тыкъыр цIыкIухэмкIэ сотхэф икIи сошхэф», - едэхэщIащ и анэм Пщыбий.

Пщыбий «сыныкъуэдыкъуэщ» жиIэу гущIэгъу хуэныкъуэу тIысыжатэкъым – епщIанэ классри техникумри къиухат, иужькIэ Москва Сталиным и цIэр зэрихьэу щыIа мэкъумэш академием и диплом плъыжьри къратащ. Къуажэм къигъэзэжри, агроному МТС-м щылэжьащ, ар якъутэжа нэужь, агроном нэхъыщхьэу колхозым кIуащ. 1952 гъэм абы псэуэгъу хуэхъуащ Хамэхэ япхъу Зэрылэ. Адэ-анэм дуней гуфIэгъуэ яIэт – ягу зыхуэныкъуэ я щIалэр унагъуэ дахэу тIысыжат. Хьэпэ Пщыбий и Iэпхъуамбэхэр пызыха лIыукIхэм я пщIыхьи къыхэхуауэ къыщIэкIынтэкъым я Iэдэм къыжьэдэхуу ар дуней хуитым къытехьэжыну.

Пщыбийрэ Зэрылэрэ къуищрэ пхъуитIрэ зэдапIащ, хабзэрэ нэмысрэ яхэлъу, щIэныгъэм зэфIэкI щаIэу псори къагъэхъуащ. Хьэпэр 1964 гъэ пщIондэ колхозым и агроном нэхъыщхьэу лэжьащ. И узыншагъэкIэ а IэнатIэм къыпэрыкIа нэужьи, Iуэхуншэу щымысу, жыг хадэм зритащ. Ар абы къыдэбэгъуат, мэкъумэш хозяйствэм хъерышхуэ къриту щытащ. Псэ къабзэ, лэжьакIуэлI Хьэпэ Пщыбий и ныбжьыр илъэс 52-рэ фIэкIа мыхъуауэ 1978 гъэм дунейм ехыжащ.

Дауи, мы щIалэм и закъуэтэкъым а зэманым хьэзаб зышэчар, апхуэдэ хъыбархэр, ди жагъуэ зэрыхъунщи, куэд дыдэу тхыдэм хэтщ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: