Хабзэхэм хоплъэКъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ зи чэзу зэIущIэр иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ. Абы щытепсэлъыхьащ «КъБР-м къалэухуэ лэжьыгъэр къызэрыщызэрагъэпэщым теухуауэ» КъБР-м и Законым и 2-нэ, 6-нэ Iыхьэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» щIыналъэ законым и проектым. Республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм УхуэныгъэмкIэ, псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэмрэ гъэсыныпхъэ-энергетикэ IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Къумал Заурбэч жиIащ 2024 гъэм дыгъэгъазэм и 26-м къыдагъэкIа федеральнэ закон №486-ФЗ-мрэ Урысей Федерацэм и Правительствэм и Унафэ №162-мрэ (2012 гъэм мазаем и 9-м къыдэкIам) къыщыгъэлъэгъуахэм тету «КъБР-м къалэухуэ лэжьыгъэр къызэрыщызэрагъэпэщым теухуауэ» КъБР-м и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр зэрыхалъхьэр. Ар хуэгъэзащ унэ зэгуэтхэр, уней псэуалъэхэр, спорт, транспорт IуэхущIапIэхэр зытетыпхъэ мардэхэр КъБР-м и Правительствэм и пщэрылъхэм ящыщу къэгъэлъэгъуэным, нэгъуэщIхэми. Ар зи къалэн IэнатIэхэр абы хэплъа нэужь, КъБР-м и Парламентым и зэIущIэм законопроектыр къыщыхалъхьэнущ. БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:
Читать также:
10.07.2026 - 15:26 →
Ари зы Iуэху еплъыкIэщ
10.07.2026 - 15:25 →
Вагъуэ гуэрэнхэр щызэлъэIэскIэ
10.07.2026 - 15:23 →
Псышхуэ абрагъуэу хъуэпсэгъуэ
10.07.2026 - 15:07 →
Хьэрш хъыбархэр къезыхьэлIэ
10.07.2026 - 15:06 →
Кхъухьлъатэзехуэ
| ||




