ЦIыхугъэр зи гъуазэФилологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, УФ-м и ТхакIуэхэм, и Журналистхэм я союзхэм хэт, ЩIДАА-м и академик ТIымыжь Хьэмыщэ и ныбжьыр илъэс 70 ирокъу мы махуэхэм. Хьэмыщэ и лэжьэгъуу щытахэм абы псалъэ гуапэкIэ зыхуагъазэ и махуэм ирихьэлIэу. Къардэн Мусэдин, КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм и унафэщI: - ЩIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым илъэс зыбжанэкIэ, абы иужькIэ университетым илъэсипщIкIэ сыщыдэлэжьащ Хьэмыщэ. КъызэрысцIыху лъандэри зэпIэзэрыту, зэхэщIыкI иIэу, и Iуэху зехьэкIэкIэ пщIэ къилэжьрэ и щIэныгъэкIэ щытхъу хуэфащэущ зэрыщытыр. И IэщIагъэр литературэм нэхъ епхауэ щытми, бзэри зэи и IэщIыб ищIакъым, абы и щапхъэу псалъэгъэнахуэ зыбжанэм хэлэжьыхьащ. Литературэ кафедрэр щыщхьэхуэми, бзэмрэ литературэмрэ зэхагъэхьэжауэ абы и унафэщIу щылэжьаи, Хьэмыщэ кафедрэм и цIэ фIыкIэ зэригъэIуным, егъэджакIуэхэм зэрахуэсакъыным, студентхэр зэригъэгушхуэным, ахэр щIэныгъэм зэрыхишэным иужь итащ. Илъэс куэдкIэ кафедрэм и унафэщIу щыта Урыс Хьэталий и фэеплъ аудиторие къызэгъэпэща хъунми егугъуащ. Иджыпсту абы и блынхэм кафедрэм и унафэщIу щытахэм я сурэтхэр кIэрылъщ, интерактивнэ доска ин ректорым и фIыгъэкIэ пэшым щIагъэуващ. Тхылърэ щIэныгъэ лэжьыгъэ куэдрэ Хьэмыщэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ, ахэр литературэ езыгъэджхэм, студентхэм къагъэсэбэп. Курыт еджапIэхэм адыгэ литературэр зэрыщегъэджыпхъэ программэ, тхылъхэр зыгъэхьэзырахэм я пашэу щытащ. Хьэмыщэ илъэс 70 зэрырикъумкIэ дохъуэхъу: ныбжь гуэр зыгъуэтам нэхъ псалъэ дахэу хуаIэтыр жьыщхьэ махуэ хъунырщи, илъэс бжыгъэм емыплъу, и лъэ щIэкIыу, и бынхэм, и къуэрылъхухэм я гуфIэгъуэ куэд илъагъуу Тхьэм тхуигъэпсэу! * * * Езауэ Мадинэ, КъБКъУ-м и доцент: - Зы къуажэ дыщыщми, ТIымыжь Хьэмыщэ и лэжьыгъэ сыщыгъуазэу, ауэ дызэрымыцIыхуурэ къекIуэкIащ. Кафедрэ лэжьыгъэм дызэхуишащ, илъэс 14-кIэ Хьэмыщэ си унафэщIуи дылэжьащ. Мыбдежым зи гугъу нэхъ щысщIынур адыгэм «нэхъыжь-нэхъыщIэкIэ» ди зэхэтыкIэрщ. Пэжщ, мы хабзэр кафедрэм щызэдэлажьэхэм сыт щыгъуи я гъуазэу щытащ. Хьэмыщэ ар игъэткIияуэ фIэкIа кIэригъэхуакъым. Нобэ къытхэмытыж ди нэхъыжьхэм я цIэхэр тхыдэм къызэрыхэнэжын Iуэхум езыри иужь итащ, кафедрэм и лэжьакIуэхэри дыхуиунэтIащ. Ар щынэрылъагъущ газетхэмрэ щIэныгъэ журналхэмрэ къытехуа статьяхэм, радиомрэ телевиденэмрэ къыщызэрагъэпэща нэтынхэм, университет кIуэцIым кафедрэм щызэхиша Iуэхугъуэхэм. Ди тхыдэр, хабзэр щIэблэм щабэу, лъагъуныгъэ хэлъу ябгъэдэлъхьэн зэрыхуейм хуэлэжьащ къызэрытхэта зэманым. Литературэмрэ IуэрыIуатэмрэ цIыхум зэрабгъэдэплъхьэн Iэмалхэм дыхуигъэсащ. Езыр редактор, литератор Iэзэу зэрыщытым къыхэкIыу, Хьэмыщэ зэIущIэхэми, занятием къыщыбгъэсэбэпынуи купщIэ нэхъ зиIэ тхыгъэхэм гу лъыдигъэтащ, гъэщIэгъуэн къыдэхъулIахэр университет газетым, сайтым кърыдигъэлъхьащ. Псом ищхьэжыр цIыхуращи, Хьэмыщэ зи нэхъыжьу игъэлажьэхэр и унагъуэм хуэдэу къилъытащ - ди унагъуэкIэ, ди лэжьыгъэкIэ, дызыхыхьэ-дызыхэкIкIэ и нэIэ къыттетащ. ГущIэгъу, дэIэпыкъуэгъу хуей къытхэтами, абы и деж щигъуэтащ. Кафедрэм хуэдэ дунейм зыри зэрытемытыр, псори здэплъэ утыкум сыт щыгъуи дызэритыр зыхищIэущ Хьэмыщэ зэрылэжьар. Иджыпстуи и ныбжьыр гум фIэфI, ауэ зэкIэ зыхунэмыса лэжьыгъэ дахэ куэдым щыпэлъэщыным нэсауэ аращ Хьэмыщэ. Дыхуохъуахъуэ узыншэну, и щIэблэм ягъэгуфIэну, езыми и мурадыфIхэр къехъулIэу куэдрэ ди япэ итыну! Бозий Наимэ, КъБКъУ-м и доцент: - ТIымыжь Хьэмыщэ лъэныкъуэ куэдкIэ хьилмышхуэ бгъэдэлъщ. Журналист, щIэныгъэлI, егъэджакIуэ, тхакIуэ икIи зэдзэкIакIуэ ТIымыжьыр цIэрыIуэ зыщIар а IэнатIэ псоми фIыуэ зэрыхищIыкIырщ. Ар зыщымыгъуазэм тепсэлъыхьынукъым, ауэ ищIэмкIэ хэти дэгуэшэну хьэзырщ. Хьэмыщэ зэи зытемыкI хабзэ иIэжщ: «Ари сэ схуэдэ цIыхущ. Абы щыхузэфIэкIкIэ, сэри схузэфIэкIын хуейщ». Абы сыт щыгъуи и гъуазэщ зыпэрыт IэнатIэм – еджэнми, лэжьэнми – ехъулIэхэр. Арагъэнщ езым и мурадхэр къыщIехъулIэри. Гулъытэ зыхэлъ унафэщIт Хьэмыщэ. Сыт хуэдэ IуэхукIи упщIэкIи хуиту убгъэдыхьэ хъурт, хузэфIэкIыххэуи уигъэщIэхъунутэкъым. Языныкъуэхэм деж, сэ езыр сызыщыхуэмыарэзыжхэм, сигъэгушхуэу псалъэ гуапэ къызжиIэрт. Абы пцIы хэмылъу, сэ дамэ къыстригъакIэрт, нэхъыфIыжу сызэрылэжьэным сыхущIэкъурт. Апхуэдэу къыпхущыт цIыхур дауэт зэрумыгъэпэжынур! И лэжьэгъухэр дриныбжьэгъуфIт, иригъаджэ ныбжьыщIэхэм я чэнджэщэгъут, я щхьэщыжакIуэт. Нэхъыжьым пщIэ хуищIыфу, нэхъыщIэр игъэгушхуэрэ гъуэгу захуэм хуиунэтIу дунейм тетщ ТIымыжьыр. МыпIащIэу, гурыIуэгъуэу, «гъэныщкIуауэ» студентхэм я пащхьэ ирилъхьэрт зытепсэлъыхь Iуэхугъуэр. ЯдэгушыIэу, я Iуэху зытетыр, дэзыхьэххэр зыхуэдэр зригъащIэу яхэтащ щIалэгъуалэм университетым щылэжьэху. Зи лъэпкъым гукъуэпскIэ пыщIауэ зи гъащIэр къезыхьэкI ТIымыжь Хьэмыщэ ищIэ лэжьыгъэр инщ, абы къыдигъэкI тхылъхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ. ФIыуэ укъэзылъагъу уи гъэсэнхэм я гум сыкъипсэлъыкIыу ди нэхъыфIыжьым сынохъуэхъуну сыхуейщ узыншагъэ быдэ уиIэну, уи зэфIэкIми уи ехъулIэныгъэхэми хэхъуэ зэпыту иджыри илъэс куэд къэбгъэщIэну. Зыгъэхьэзырар ЖЫЛАСЭ Маритэщ.
Поделиться:
Читать также:
10.07.2026 - 15:26 →
Ари зы Iуэху еплъыкIэщ
10.07.2026 - 15:25 →
Вагъуэ гуэрэнхэр щызэлъэIэскIэ
10.07.2026 - 15:23 →
Псышхуэ абрагъуэу хъуэпсэгъуэ
10.07.2026 - 15:07 →
Хьэрш хъыбархэр къезыхьэлIэ
10.07.2026 - 15:06 →
Кхъухьлъатэзехуэ
| ||




