Узыхуэсакъыжмэ...

Эхинококкозыр – ар цIыхум и Iэпкълъэпкъ зэхуэмыдэхэм зыщаубгъукIэрэ маркуэ лIэужьыгъуэхэм къагъэхъу узыфэщ. Абы Iэпкълъэпкъым аллергие кърет, псом хуэмыдэу тхьэмщIыгъумрэ тхьэмбылымрэ и зэран йокI.

Узыфэр къэзыгъэхъу хьэпщхупщ лIэужьыгъуэхэм бэгъуэн ныбжьым щитым и деж я псэупIэр джэдум, хьэм, дыгъужьым, псэхэлIэ зышх нэгъуэщI псэущхьэхэм я кIэтIий псыгъуэрщ. Хупс щIыкIэу щыщытым и деж а хьэпIацIэхэр цIыхум, унагъуэ Iэщхэм я кIуэцIым щопсэу. Абдежым а хьэпщхупщым зыщеужь, абыхэм къадохри дунейм къытохьэ. Псом хуэмыдэу а узым зиубгъунымкIэ шынагъуэ къэзышэр хьэхэрщ. Абыхэм узыфэр къапкърохьэ зэкIуэкIа лы е псэхэлIэ хъуахэр щашхкIэ.

 Зи гугъу тщIы узыр зыпкърыт псэущхьэрщ цIыхур къэзыцIалэр, абыхэм я цым, бзэгум, апхуэдэуи къэкIыгъэхэм, псы фIейхэм уащрохьэлIэ ар зэбгрызых джэдыкIэ цIыкIухэм.

Хупсыр цIыхум и кIэтIийм зэрынэсу, зэуэ абы и Iэпкълъэпкъым зыхегуашэ. Нэхъыбэм тIысыпIэ ящI тхьэмщIыгъур, языныкъуэхэр тхьэмбылым, жьэжьейм, щхьэ куцIым къыщоувыIэ. Мазитху дэкIа иужь, абыхэм псы зрищIа купсэ къагъэхъу икIи цIыхум и Iэпкълъэпкъым къытехьэлъэу мэхъу.

Республикэм и сымаджэщхэм и хирургие къудамэхэм маркуэ купсэм тхьэмщIыгъум, тхьэмбылым зэрызыщиубгъуам къыхэкIыу илъэс къэс ику иту цIыхуи 8-10 операцэ щащI. Куэдрэ къыщыхъу щыIэщ а узыфэм зэуэ тхьэмбылри тхьэмщIыгъури щиубыд. Къыхэгъэщыпхъэщ а узыр нэхъыбэу зыпкърыту къахутэр цIыху балигъхэрауэ зэрыщытыр, къищынэмыщIауэ зи ныбжьыр илъэс 14-м нэмыса сабийхэми я процент 50-м ар яхуэлъэщ.

ЦIыхум а узыфэр зэрыпкърытыр хэтIэсауэщ къызэрахутэр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ абы и узыншагъэм зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр иIэу пIалъэ кIыхькIэ къыпхуэщIэркъым. ИужькIэ, и Iэпкълъэпкъыр хьэлъэ хъун щIидзамэ, IэщIагъэлI зэхуэмыдэхэм я деж кIуэурэ хотIасэри, операцэ ящIын хуей мэхъу.

Эхинококкозыр къэпхутэн папщIэ, лабораторэ къэпщытэныгъэм нэмыщIкIэ, УЗИ, рентгенографие, компьютер томографие егъэщIын хуейщ. Пэжщ, иджырей медицинэ IэмалыщIэхэр хэмыту узыфэр зыхуэдэр тыншу къыпхуэхутэнукъым, ауэ сымаджэм и гъащIэм, и лэжьыгъэр зыхуэдэм, абы и щытыкIэм зэризихъуэжам теухуауэ упкърыупщIыхьмэ, языныкъуэхэм деж къыпхуэщIэнущ абы и Iуэху зыIутыр.

Узыфэм зыщыпхъумэн папщIэ, хьэм уеIусамэ, хадэм ущылэжьамэ, Iэмал имыIэу уи Iэр къабзэу птхьэщIыжын, хадэхэкIхэр, пхъэщхьэмыщхьэхэр къэбгъэсэбэпын и пэ фIыуэ бгъэкъэбзэн, псыр къэгъэкъуэлъэн хуейщ.

Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться: