ЕхъулIэныгъэ яIэну ехъуэхъуащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек цIыхухэр къезышэкI къалэ, автомобиль транспортым и лэжьакIуэхэмрэ ветеранхэмрэ я махуэмкIэ ехъуэхъуащ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэ, автомобиль транспортым и лэжьакIуэхэу, и ветеранхэу пщIэ зыхуэсщIхэ! Фи IэщIагъэм и махуэмкIэ сынывохъуэхъу!

Республикэм и экономикэмрэ цIыхубэ гъащIэмрэ епха дэтхэнэ зы къалэнри гъэзэщIа хъуныр куэдкIэ елъытащ автотранспортым и лэжьэкIэм. Iэзагъышхуэ, бэшэчагъ, зэпIэзэрытыгъэ пхэмылъу, зыгуэр къэхъумэ, псынщIэу хэкIыпIэм я нэхъыфIыр къыпхуэгъуэту фIэкIа ущымылэжьэфыну IэщIагъэм хуэвгъэфэщащ фэ фи гъащIэр.

ЩIыуэпсым и щытыкIэм емылъытауэ, фэ махуэ къэс цIыхухэмрэ ахэр зыхуэныкъуэ хьэпшып хьэлъэхэмрэ здынэсыпхъэм нывогъэс. ФIыщIэ фхузощI фи IэщIагъэм фызэрыхуэпэжым, лэжьыгъэм псэемыблэжу фызэрыбгъэдэтым, жэуаплыныгъэ зэрыфхэлъым папщIэ.

Республикэм и транспортым нобэ IэмэпсымэщIэхэр къыщагъэщхьэпэ, бжыгъэр зи лъабжьэ, автоматикэ Iэмалхэр ирахьэлIэ. Шэч къытесхьэркъым зэманым декIуэ IэмалыщIэхэр къыкъуэкIа нэужьи, фэ фи пщэрылъхэр нэгъэсауэ зэрывгъэзэщIэнум, цIыхухэри абыхэм къагъэсэбэп хьэлъэхэри шынагъуэншагъэр япэ ивгъэщу къызэрефшэкIынум.

Узыншагъэ быдэ, ехъулIэныгъэ, ефIэкIуэныгъэ фиIэу, куэдрэ фылэжьэну гурэ псэкIэ сынывохъуэхъу.

Поделиться: