ЗэхъуэкIыныгъэр ягу ирихьащ

Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Абрэдж Iэдиб и унафэкIэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм къедза щIыпIэр зэIузэпэщ ящIащ.
ЛэжьакIуэхэм псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ 330-м щIигъум асфальтыщIэ тралъхьащ, абы и лъабжьэр япэщIыкIэ ягъэбыдэу, ар зэтес хъуа нэужь. 
Иджы ЩэнхабзэмкIэ унэми, къуажэ администрацэм и хэщIапIэми, щIалэгъуалэм я центрми я бжэIупэхэм теплъэ дахэ ягъуэтащ, абыхэм уIухьэнуи нэхъ тынш хъуащ. Къуажэдэсхэм зэхъуэкIыныгъэхэр ягу ирихьащ икIи фIыщIэ ящIащ тыншыпIэ зэрагъуэтам папщIэ. 
 
Сабий садыщIэ
«Къуажэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ Бахъсэненкэ Хэку зэуэшхуэм хэтахэм я цIэр зэрихьэу щыIэ и уэрамым сабии 140-м нэблагъэм хуэщIа сабий садыщIэ щаухуэ. Абы ирагъэубыдащ метр зэбгъузэнатIэу 1940-рэ.
НобэкIэ унэм и лъабжьэр ягъэжащ. Иджыпсту ухуакIуэхэм блынджабэр дращIей икIи, абыхэм зыхуагъэувыжа пIалъэмкIэ, 2026 гъэм, сабий садыр хьэзыр ящIынущ. 
 
 
Жылэдэсхэр зыхуэныкъуэхэм зыщегъэгъуазэ 
Абрэдж Iэдиб мы махуэхэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Жанхъуэтекъуэ къуажэм икIи зригъэлъэгъуащ социальнэ инфраструктурэмрэ цIыхухэм я псэукIэ-тыншыпIэхэр къызэрызэгъэпэща щIыкIэхэмрэ.
Ар щыIащ къуажэ администрацэм и хэщIапIэм, ЩэнхабзэмкIэ унэм, сабий садым, курыт еджапIэм икIи епсэлъащ абыхэм щылажьэхэм, зыщигъэгъуэзащ я гукъеуэхэм, ухуэныгъэхэм я щытыкIэхэмрэ зэрылажьэ щIыкIэхэмрэ. 
ЩэнхабзэмкIэ унэм Абрэдж Iэдиб щрагъэлъэгъуащ творчествэмрэ гъуазджэмкIэ абы щылажьэ гупхэм я зэфIэкIхэр, апхуэдэуи зригъэщIащ ахэр зыхуей-зыхуэфIхэр.
Жанхъуэтекъуэ къуажэм социальнэ мыхьэнэ зиIэ и ухуэныгъэхэр къэгъэщIэрэщIэжынымрэ зэIузэпэщ ахэр щIынымрэ ехьэлIауэ лэжьыпхъэхэр иужькIэ яубзыхунущ. 
 
ЗэгурыIуэу зэдолажьэ
Кыщпэк къуажэм и Октябрьскэ уэрамым псы къабзэ зэрыкIуэ, жьы хъуа и бжьамийхэр еужьэрэкIыу щызэрахъуэкI мы махуэхэм. Абы зы жэмыхьэт къызэщIеубыдэ, къуажэкум нэсыху. 
Иджыпсту лэжьакIуэхэм зэрахъуэкI бжьамийхэр 1960-70-хэм яукъуэдияуэ щытахэрщ икIи абыхэм я пIалъэхэр зэрикIрэ зэманыфI дэкIащ. Абы къыхэкIыуи, цIыхухэм псы къабзэ яIэрыхьэныр щызэблэу куэдрэ къэхъурт иужьрей илъэсхэм, къуажэдэсхэри гугъу иригъэхьырт.
ЩыIэ ныкъусаныгъэхэр игъэкIуэдыжын папщIэ, къуажэ администрацэм къищэхуащ иджырей зэманым хуэщIа, псори зэхэту метр 1800-рэ зи кIыхьагъ бжьамийхэр. Мыдрейуэ, ахэр зыдалъхьэну кIэнауэхэр къуажэдэсхэм езыхэм датIыкIыжащ. 
«Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм и фIыгъэкIэ, къуажэдэсхэм псы къабзэмкIэ я гугъуехьхэр щхьэщыха хъунущ. Ар и щыхьэтщ узэгурыIуэу ущызэдэлажьэм деж, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным ехьэлIауэ нэхъыбэ зэрыпхузэфIэкIынум», - жиIащ къуажэ администрацэм и унафэщI Елбэрд Артур. 
 
Гъуэгухэр ирагъэфIакIуэ
Куба, Псыхъурей, Кременчуг-Константиновскэ къуажэхэр зэпызыщIэ автомобиль гъуэгур къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ. Лэжьыгъэхэр щекIуэкIащ километри 2,8-рэ зи кIыхьагъ Садовэ, Советскэ уэрамхэм. Абыхэм тетщ курыт еджапIэ, сабий сад, къуажэ администрацэм и хэщIапIэ, ЩэнхабзэмкIэ унэ, нэгъуэщI IуэхущIапIэхэри. 
Лэжьыгъэхэм хиубыдэу мыбдеж асфальтыщIэ гъуэгум щытралъхьащ, дамыгъэхэр щагъэуващ, къыщыхагъэщхьэхукIащ, лъэс лъагъуэхэр щаукъуэдиящ, иджырей уэздыгъэхэр щыпадзащ икIи ахэр псори хуэунэтIащ цIыхухэм я тыншыпIэмрэ шынагъуэншагъэмрэ къызэгъэпэщыным. 
«Транспорт инфраструктурэр егъэфIэкIуа хъунымкIэ гъуэгу лэжьыгъэхэм куэд яIыгъщ. Дэ къыдгуроIуэ ди цIыхухэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ абыхэм зэраIэр икIи а лэжьыгъэм адэкIи пытщэнущ», - жиIащ Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Ует Анатолэ. 
 
Амбулаторэр къагъэщIэрэщIэж
Къулъкъужын Ипщэм и амбулаторэр, 1990 гъэм и пэщIэдзэм яухуауэ щытар, къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. Апхуэдэ лэжьыгъэхэр мыбы япэ щрагъэкIуэкIыу аращ икIи ахэр ирагъэжьащ «ГъащIэ кIыхь икIи купщIафIэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. 
УхуэкIуэхэм нобэкIэ унэм и IуплъапIэр зыхуей хуагъэзащ, унащхьэр, инженер коммуникацэхэр, бжэ-щхьэгъубжэхэр зэрахъуэкIащ, пэшхэр Iэхуитлъэхуит ящIащ.
Амбулаторэм медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэр ярет къуажэдэс 3000-м нэблагъэм, сабий 600-м щIигъу яхэту. Зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр зэфIэкIа нэужь, мыбы къыщызэIуахынущ дохутырхэм я пэш щхьэхуэхэр, мастэ щыхалъхьэ, узыншагъэр къыщапщытэ, нэгъуэщI пэшхэри.
НАУРЫЗ Мысост.
Поделиться: