Радиом и Iэмалхэр

 

Физик Герц Генрих радиокъарухэр (радиоволны) зэрыщыIэр къихутащ. Итальян радиотехник Маркони Гульельмо 1896 гъэм япэ радионэтыныр иригъэкIуэкIауэ щытащ. Урыс щIэныгъэлI Попов Александр 1894 гъэм къигупсысащ электромагнитнэ къарухэм я генератор.

Мазаем и 13-м ягъэлъапIэ радиом и дунейпсо махуэр. Ар 2011 гъэм ЮНЕСКО-м и 36-нэ сессием къыщащтауэ щытащ. Илъэс дэкIри апхуэдэ гукъэкIыр диIыгъащ ООН-ми. ООН-м радиом и махуэу игъэуващ мазаем и 13-р. Махуэшхуэр зыгъэувахэм къызэрыхагъэщымкIи, иджырей технологиехэм къызэрымыкIуэу псынщIэу зыщаужь ди зэманми радиор къонэ цIыхухэр зэрызэрыщIэ Iэмал нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщу.

1946 гъэм мазаем и 13-м япэ дыдэу эфирым къихьащ «ООН-м и радиор». Илъэс 80-м хъуауэ радиостанцыр топсэлъыхь дуней псом щекIуэкI Iуэхугъуэхэм, цIыхухэм я хуитыныгъэхэмрэ шынагъуэншагъэмрэ къахузэгъэпэщынымкIэ Iэмалхэм, нэгъуэщIхэми.

Курыт еджапIэхэм къыщызэрагъэпэщ радиом щытепсэлъыхь дерс зэIухахэр. НыбжьыщIэхэм ягъэхьэзыр радио нэтын щхьэхуэ, хэт журналисту, хэт режиссёру, хэти макъым и режиссёру зэподжэжхэр. Радиом и махуэм ирихьэлIэу языныкъуэ еджапIэхэм ирагъэблагъэ радиом и лэжьакIуэхэр е ныбжьыщIэхэм радиом и хэщIапIэм зыщрагъэплъыхь. Библиотекэхэм къыщызэрагъэпэщ радиом и тхыдэм, и щытыкIэм, и къэкIуэнум хухэха плIанэпэ щIэщыгъуэхэр.

СССР-м и зэманым радиор цIыхухэм хъыбар зэрырагъащIэ Iэмал къудейтэкъым. Ар къэрал псор къызэщIэзыубыдэф егъэджэныгъэ, щэнхабзэ, гъуазджэ утыкушхуэт. Совет зэманым радиом къикIуа гъуэгуанэм нэхъ гъэщIэгъуэну хэтахэр къыхэбгъэщ хъунущ.

СССР-м япэу щаухуауэ щытарщ радиостанц нэхъ лъэщ дыдэр. 1933 гъэм Подмосковье щагъэунэхуащ Коминтерн и цIэр зезыхьэ радиостанцыр, «Радиоцентр №9» зыфIащауэ щытар. Абы и лъэщагъыр киловатт 500 хъурт – дуней псом къылъэщIыхьэн щыIэтэкъым. Мыпхуэдэу зэдгъапщэ хъунущ: США-м абы щыгъуэ я нэхъ лъэщ дыдэ радиостанцым киловатт 50 къиубыду арат, Европэм – киловатти 120-рэ.

1925 гъэм Москва и театрхэм ирагъэжьащ щагъэув оперэм щыщ Iыхьэхэр къату. Япэу къатащ Театр Иным щагъэува «Князь Игорь» теплъэгъуэр.

1926 гъэм Спасскэ чэщанэм и сыхьэт къеуэм и макъыр япэу радиомкIэ къатат. Чэщанэ пкIэунэм хэлъ щхьэгъубжэм, кIэрагъэубыда микрофонымкIэ макъыр радиом къэсырт хъарзынэу. 1917 гъэ пщIондэ радиом къиту щытар дзэ Iуэхум епха хъыбархэрщ – армэм зэрызыпащIэ Iэмалу екIуэкIырт. Жэпуэгъуэм къэхъуа зэщIэхъееныгъэм и ужькIэ абы къыщат хъуащ цIыхубэм я гупсыси, щэнхабзэ хъыбари, нэгъуэщIхэри.

1959 гъэм СССР-р радиостанц нэхъ лъэщ дыдэ зиIэт. ЕтIуанэ увыпIэр иIыгът къедаIуэхэм я бжыгъэкIэ. Радиом нэтын хъыбархэр игъэхьэзырт бзэ 80-кIэ, радиостанцу хъуам я зэманыр зэхэплъхьэжмэ, махуэм къриубыдэу сыхьэти 600 хуэдизкIэ псалъэрт.

СССР-м и диктор нэхъ цIэрыIуэ дыдэу ябжу щытащ Левитан Юрий. Абы и макъыр яцIыхурт цIыхубэм. Ар 1931 гъэм щегъэжьауэ радим и дикторт. Хэку зауэшхуэм и зэманым Совинформбюром и хъыбархэмрэ Сталин Иосиф и унафэхэмрэ къэзытыр Левитант. Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьам теухуа гуфIэгъуэ хъыбарри радиомкIэ къэзыгъэIуар аращ.

ГЪУЭТ Синэ.

Поделиться:

Читать также: