«Зауэм и бынхэр» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм Налшык къалэм щиIэ и къудамэм иджыблагъэ иригъэкIуэкIа и зэхыхьэм щыхэплъэжащ иужьрей илъэситIым яхузэфIэкIам. Зэхуэсахэр етIуанэ Iуэхугъуэу зыхэплъар къудамэм и правленэмрэ абы и унафэщIымрэ хэхынырщ.
ЗэIущIэр къызэIуихащ «Зауэм и бынхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Налшык къалэ къудамэм и унафэщI Къурашэ ФатIимэ. Зэхуэсым кърагъэблэгъат зи сабиигъуэр Хэку зауэшхуэм хиубыда ди нэхъыжьыфIхэр, «Зауэм и бынхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Къанэмэт Замир, абы и къуэдзэ Шыдакъ Женя, УФ-м и компартым и Налшык къалэ комитетым и япэ секретарь Мыз Мурат, къэралым и комсомол-пионер зэщIэхъееныгъэм республикэм щиIэ IэнатIэм и унафэщI Урысбий Еленэ, Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэ ЩэнхабзэмкIэ и фондым и унафэщI Мэкъуауэ Люазэ, «Адыгэ псалъэ», «Зэман» газетхэм я лэжьакIуэхэр, нэгъуэщIхэри. Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я гимнхэр къеуа нэужь, Хэкум папщIэ зи щхьэр зыгъэтIылъахэм зы дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ.
ИлъэситIым яхузэфIэкIам тепсэлъыхьащ Къурашэ ФатIимэ.
- 2022-2026 гъэхэм едгъэкIуэкIа лэжьыгъэм дыпэрытащ цIыху пщыкIуз. Налшык къалэр хьэблэ-хьэблэкIэ дгуэшауэ нэхъыжьхэр къыхыдотхыкI. Хьэблэм дэт е и гъунэгъуу щыт курыт еджапIэхэм щIэсхэр, ЩэнхабзэмкIэ унэхэм екIуалIэ щIэблэмрэ абыхэм я гъэсакIуэхэмрэ ди щIэгъэкъуэну, нэхъыжьхэм папщIэ зэхыхьэ дахэхэр къызыдогъэпэщ. Псалъэм папщIэ, Кэнжэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм-щэнейрэ, Вольнэ-Аул дэт школ №27-м - зэ, Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэ ЩэнхабзэмкIэ фондым - тхуэ, Iэдиюху хьэблэм дэт курыт еджапIэ №26-м - зэ, Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм - щэ зэхыхьэхэр щедгъэкIуэкIащ.
Сабиигъуэм пэIэщIэу къэхъуа ди нэхъыжьыфIхэу зи лъэм ноби кърихьэкIхэр апхуэдэ ди зэхуэсхэм къыдогъэблагъэ. Зи узыншагъэр хуэмыхъуу къэмыкIуэфахэм я деж дыкIуэурэ, фIыщIэ зэрахуэтщIыр я щIэблэм ялъагъуу, «Зауэм и бынхэр» зытет медалхэр яхыдолъхьэ. ИлъэситIым къриубыдэу дэ тхузэфIэкIащ зи сабиигъуэр а зауэ гущIэгъуншэм хиубыдахэм ящыщу цIыху 800-м апхуэдэ медалхэмкIэ дахуэупсэну. Иджыри ди мурадщ, «Диалог эпох» пэхуэщIэм ипкъ иту, нэхъыжьыфIхэм етщIэкI пшыхьхэм адэкIи къыпытщэну.
Псалъэ иратащ Къанэмэт Замир.
- Сыхуейщ ди нэхъыжьыфIхэм фIыщIэ фхуэсщIыну, Хэку зауэшхуэр щекIуэкIа илъэсхэм гъащIэм и IэфIыпIэр фымылъагъуу, фи псэ фемыблэжу, гугъуехьи гуауи фыпэщIэту, сабиигъуэр зищIысыр зыхэвмыщIэу, зауэм щыIа фи Iыхьлыхэм къыщагъэзэжыным фыпэплъэу, абыхэм къагъэна лэжьыгъэ мытыншым фызэрыпэрытам папщIэ. КъэфкIуа гъуэгуанэм щыфлъэгъуар, вгъэунэхуар ди щIэблэм яжетIапхъэщ, ди блэкIам ахэр щыдгъэгъуэзапхъэщ, гукъэкI, гулъытэ, гущIэгъу жыхуаIэр ящIэу, я Хэкур фIыуэ ялъагъуу къэхъун папщIэ. Фэ флъэгъуар фщымыгъупщэу, фи бынхэм фагъэгуфIэу Тхьэм фигъэпсэу! - жиIащ абы.
АдэкIэ къэпсэлъащ Мыз Мурат.
- Нобэ мыбдеж щыдгъэлъапIэ ди нэхъыжьыфIхэр фыщысабиям, фи адэхэр, фи къуэш нэхъыжьхэр зауэм кIуэуэ, ахэр зыбгъэдэта IэнатIэм фэ фыщыпэрыувам, гугъуехьрэ хьэзабу фшэчам щIэи гъуни иIэкъым. Фи къарур пэлъэщыху, мамырыгъэм, зыужьыныгъэм фытелэжьащ. Иджы чэзур ди деж къэсащи, фи гуащIэдэкIым хэдгъахъуэу, адэкIэ дгъэкIуэтэныр ди къалэн нэхъыщхьэу къыдолъытэ. А псори дэ къытщIэхъуэ щIэблэм зыхедгъэщIэн хуейщ, я блэкIар ящIэжу, гъэсэныгъэ тэмэм ябгъэдэльу, нэхъыжьхэм я Iэужьым пщIэ хуащIу, я Хэкур фIыуэ ялъагъуу къэтэджын папщIэ. ФIыщIэ ин зыхуэфащэ ди нэхъыжьыфIхэр иужьрей илъэсхэм нэхъ мащIэ зэрыхъум Iейуэ дегъэгумэщI! «НэхъыжьыфI здэщыIэм нэхъыщIэфIи щыIэщ» жыхуиIэращи, дыхуейт нэхъыбэрэ фыкъытщхьэщытыну, фи жьауэм дыщIэтыну. Тхьэм куэдрэ фытхуигъэпсэу, фи бынхэм я гуфIэгъуэ флъагъуу, узыншагъэрэ гуфIэгъуэрэ фыщымыщIэу, - жиIащ Мызым.
Нэхъыжьхэм папщIэ ягъэхьэзыра «Зауэм и бынхэр» зытет медалхэр, зырызыххэу я цIэ къраIуэурэ, халъхьащ, зэхыхьэм кърихьэлIа, зи цIыкIугъуэр зауэ гущIэгъуншэм хиубыдахэм ящыщу цIыхуийм.
Зэман хьэлъэм къыдэгъуэгурыкIуа нэхъыжьыфIхэм, зымащIэми зэрыщыгуфIыкIыр ядэплъагъуу, я нэпсыр щIалъэщIыкIырт, я псэм щагъэвахэр я гум зэрилъыр я фэм къигъэлъагъуэу.
«Зауэм и бынхэр» зэгухьэныгъэм и къудамэм хэтхэм я унафэщIхэр зэрыщыта дыдэм хуэдэу къагъэнэжащ. Къызэхуэсахэр щыгъуазэ зыхуащIа Iуэхугъуэхэм арэзы зэрытехъуар плъагъуу Iэгуауэшхуэ хуаIэтащ, икIи «Зауэм и бынхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэм я унафэщIхэмрэ нэхъыжьыфI къекIуэлIахэмрэ хъуэхъукIэ закъыхуигъэзащ Мэкъуауэ Люазэ.
- «Зэуэм и бынхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэт, псоми фIыщIэ фхузощI ди нахъыжьыфIхэр мыпхуэдэ зэхыхьэхэр къызэвгъэпэщурэ зэрывгъэгуфIэм папщIэ. Дэри тлъэкIымкIэ зыфщIэдгъэкъуэну дыхьэзырщ. Сыхуейщ ди нэхъыжьыфIхэр куэдрэ ди жьантIэм фыдэсыну, фи лъэ фызэрихьэу фыкъытхэтыну, - жиIащ Мэкъуауэм.