Экологием епха гугъуехьхэр дызыгъэгупсысэ къудейуэ щытыжкъым - ахэр зэран хуэхъуу хуежьащ экономикэми, цIыхум и узыншагъэми, жылагъуэ зэпIэзэрытыныгъэми. Аращ щIыуэпсым зэран хуэхъум тралъхьэ къуэдыхэр зэрагъэткIийм и мызакъуэу, хэкIыпIэщIэхэр къэлъыхъуэным ди зэманым гулъытэ хэха хуащI щIэхъуар. Къэбгъэлъагъуэмэ, мэкъуауэгъуэм и 5-м Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымрэ Экологымрэ я махуэу щытщ. Аращ мы Iуэхум дегупсысын хуей щIэхъуари.
2026 гъэм, гу зэрылъыттэщи, дуней псор Iууащ щIыуэпсым и щытыкIэм зызэрызэрихъуэкIым, илъэс къэс ику ит температурэм зэрыхэхъуэм, абы дунейм и къэхъукъащIэ шынагъуэхэм я бжыгъэмрэ я гуащIагъымрэ зэрыхигъахъуэм. Зэрытлъагъущи, псыдзэхэр, уэгъухэр, мэз мафIэсхэр куэдрэ къэхъу хъуащ. Абы къикIращи, щIыуэпсыр хъумэныр ди зэманым Iэмалыншагъэ Iуэхущ.
2026 гъэм гъэмахуэр къызэрымыкIуэу хуабэу щытыну жаIэ, псом хуэмыдэу щIыналъэ зэхуэмыдэхэм уэгъу щыхъунри зыхуэIуа щыIэкъым. IэщIагъэлIхэм къыхагъэщ дунейм и къэхъукъащIэ шынагъуэхэр климатым зызэрызрихъуэкIам къыхэкIыу. Ар къалъытэу, ди къэралым щагъэзащIэ щIыуэпсыр хъумэнымрэ экологие зыужьыныгъэмкIэ лэжьыгъэ щхьэхуэ. Нэхъыщхьэ дыдэр «Экологие зэIузэпэщыныгъэ» лъэпкъ Iуэхурщ.
2026 гъэм лъэпкъ паркхэр, мэзгъэфIэнхэр (заповедникхэр) зэIузэпэщ щIыным пащащ. Экотуристхэм папщIэ лъагъуэщIэхэр пхашащ, щIыпIэ дахэхэм укIуэну Iэмал къозыт, ауэ щIыуэпсым нэхъ мащIэ дыдэу зэран хуэхъу Iэмалхэр къагъэсэбэпу. 2026 гъэм и япэ мазэхэм лъэпкъ паркхэм зыгъэпсэхуакIуэ цIыху мелуани 2,6-рэ ирагъэблэгъащ, 2025 гъэм кърикIуахэм япкъ иткIэ, ди хьэщIэхэм процент 28-кIэ къахэхъуащ. Иджыблагъэ ди газетым дыщытепсэлъыхьащ Налшык къалэм щыIэ «ДэкIуеипIэ мин» терренкурыр зэрызэрагъэпэщыжам. КъызэрагъэлъагъуэмкIэ, а лъагъуэм махуэ къэс цIыхуищэ бжыгъэ ирокIуэ.
«Щысабийм щегъэжьауэ, цIыхум и гупсысэр къабзагъэм, шынагъуэншагъэм хуэгъэушыным, ди лъахэм и къулеягъэм, мыбы къыщыкI къэкIыгъэ лIэужьыгъуэхэмрэ узыщрихьэлIэ псэущхьэхэмрэ хуэгъэсакъыным мыхьэнэшхуэ иIэщ, - жеIэ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академием Тембот Аслъэнбий и цIэр зезыхьэ, бгы щIыпIэхэм я щытыкIэхэр джынымкIэ и институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ КIарэ Галинэ. - Теплъэ къулейрэ апхуэдиз псэущхьэ зэмылIэужьыгъуэрэ зиIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыхумрэ щIыуэпсымрэ я зэпыщIэныгъэр щынэрылъагъуу щытын хуейщ. Ухэзыгъаплъэ Iуэхугъуэ зыбжанэ диIэщ. Ахэр епхащ хьэуар, псыхъуэхэр зэрауфIейм, жыгхэр ираупщIыкIыурэ мэзхэр зэрагъэкIуэдыжым, щIыгулъым и зэхэлъыкIэмрэ къэкIыгъэхэмрэ нэхъыкIэ зэрыхъум. Абы къыхэкIыу къэрал унафэщIхэми щIыпIэ унафэр зезыхьэхэми нобэ нэхъыщхьэ дыдэу я нэIэ зытрагъэтын хуейхэм ящыщу къызолъытэ: цIыхубэм я гъэсэныгъэм гулъытэ хуащIыныр, дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэныр зи лъабжьэ иджырей Iэмалхэм тещIыхьауэ ди щIыналъэм зрагъэужьыныр».
2025 - 2026 гъэхэм къащтащ федеральнэ законипщIым щIигъу, щIыуэпсыр хъумэным, кIэрыхубжьэрыхухэм елэжьыным, мэзыр, щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр къэгъэсэбэпыным ехьэлIа Iуэхухэр зэкIэлъызыгъакIуэхэр къыщыгъэлъэгъуауэ.
Урысейм щIыуэпсыр хъумэным бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ зэрыхуиIэр нэрылъагъущ и хабзэубзыху жэрдэмхэмкIэ. Ауэ дунейм и щытыкIэм зэрызихъуэжым къегъэув а Iуэхухэр зэпымыууэ егъэфIэкIуэн, IэмалыщIэхэм егупсысын, цIыхури жэуаплыныгъэ хэлъу зыкIэлъыплъыжын хуейуэ. Къэрал унафэщIхэм къызэрыхагъэщщи, къару зэхэлъкIэщ щIыуэпс къулеигъэ телъыджэр къэкIуэну щIэблэхэм зэрахуэпхъумэфынур.
ЩIыуэпсыр хъумэным къызэщIеубыдэ дунейм тет хьэкIэкхъуэкIэхэм яхуэсакъынри. Абы теухуауэ КIарэм дыщегъэгъуазэ: «КъэкIыгъэ, хьэкIэкхъуэкIэ псэущхьэ куэд ди Тхылъ плъыжьым ихуащ, щымыIэжыххэхэм хабжэу е кIуэдыжынкIэ шынагъуэ щыIэу. Япэ къыдэкIыгъуэм хьэкIэкхъуэкIэ зэмылIэужьыгъуэу 138-рэ (шэрыпIхэм ящыщу 26-рэ, къуалэбзууэ - 53-рэ, бдзэжьей лIэужьыгъуэу - 14, хьэпщхупщу - 3, щIыми псыми щыпсэу псэущхьэу - 3, гъудэ-бадзэу - 39-рэ), къэкIыгъэ зэхуэмыдэу 100, жыглыцрэ Iэгъэбэгуу - 5) къызэщIиубыдэу щытащ. КъБР-м и Правительствэм 2017 гъэм жэпуэгъуэм и 4-м къыдигъэкIа УнафэмкIэ щIэгъэбыдауэ, етIуанэу дунейм къытехьа Тхылъ плъыжьым ихуар псори зэхэту 372-рэ мэхъу: къэкIыгъэрэ Iэгъэбэгуу лIэужьыгъуи 175-рэ (Iэгъэбэгуу 15, жыглыцу - 37-рэ, мэзбийуэ 3, удз гъэгъауэ 110-рэ), хьэкIэкхъуэкIэу 197-рэ (тхы къупщхьэншэ псэущхьэу 87-рэ тхы къупщхьэ зыхэлъхэм ящыщу 110-рэ). Тхылъ плъыжьым и къыдэкIыгъуитIри щапхъэу къыщIэсхьыр нэрылъагъу хъун щхьэкIэщ иужьрей илъэс 20-м абы ихуа псэущхьэхэм лIэужьыгъуэ 59-кIэ зэрыхэхъуар (2000 гъэм 138-уэ щытамэ, 197-рэ хъуащ)».