И псалъэ Iущхэр ноби я гъуазэщ

Зауэ зэманым, абы иужь лъэхъэнэм зи сабиигъуэр хиубыдахэм гугъуехь куэд я нэгу щIэкIащ. Ауэ а ялъэгъуа псоми къызэфIимыгъащIэу, атIэ абыхэм япсыхьауэ зи гъащIэр зыухуахэр мымащIэу яхэтщ абыхэм. Апхуэдэ зыщ Маммеевэ Жанетэ и тхыгъэр зытриухуа ЦIыпIынэ Мухьэд.

«ЦIыпIынэ Болэт и къуэ Мухьэд 1932 гъэм Малкэ къуажэм къыщалъхуащ. Абы и сабиигъуэр зауэ зэман хьэлъэм техуащ. МэжэщIалIагъэри щыгъыныджагъэри игъэунэхуащ абы. 
«Колхоз хьэсэхэм кIэртIофыфэ дыщрихьэлIамэ, ар ди дежкIэ дуней гуфIэгъуэт. Нартыху къэдгъуэтмэ, насыпышхуэ къыдэуэлIауэ къытщыхъурт. Ар къызыхуэтхьа анэм дежкIэ фIыгъуэшхуэт, мащIэ-куэдми, и бынунэм яригъэшхын щыIэт. Нартыхур зэтриудырти, щIакхъуэ тхуигъажьэрт. Апхуэдэу гугъу уехьу зэбгъэуIуа шхынри къыплъымысыжынкIэ шынагъуэ щыIэт, къуажэр зыубыда румынхэм къапэщIэхуэр зэрапхъуэрти. Абы къыхэкIыуи, ди анэм унагъуэм илъ ерыскъыр игъэпщкIурт», -  жиIэжу щытащ Мухьэд.
1940 гъэм ЦIыпIынэ Мухьэд япэ классым щIэтIысхьат, ауэ нэмыцэхэмрэ румынхэмрэ къуажэм къыщыдыхьэм, школыр зэхуащIри еджэныр зэпыуащ. Абы пищэжыну Iэмал щиIар зауэ нэужьырщ. Пэжщ, абы щыгъуэми гугъу ехьащ, зэманыр хьэлъэти, унагъуэми ядэIэпыкъун хуейт, ауэ  къикIуэтакъым, щIэныгъэ зригъэгъуэтащ.
1954 гъэм Мухьэд дзэм къулыкъу щищIэну ираджащ. А къалэныр абы щрихьэкIащ Германием щыIэ авиацэ дзэм. АвиацэмкIэ электромеханик щагъэхьэзыр курсхэр къиухыжри, гуп щхьэхуэм и командиру илъэсищкIэ абы щыIащ. 
Къулыкъур кърихьэлIэу къигъэзэжа нэужь, ЦIыпIынэм милицэм щылэжьэн щIидзащ. ЯпэщIыкIэ Дзэлыкъуэ, иужькIэ Аруан районхэм участковэу щыIащ. 1962 гъэм ар Саратов дэт юридическэ институтым щIэтIысхьэжри, абы и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ. 
1966 гъэм МВД-м и къудамэу Тырныауз къалэм щыIэм уголовнэ къэлъыхъуэныгъэхэмкIэ инспектор нэхъыжьу ягъэкIуащ, иужькIэ а IэнатIэ дыдэм и унафэщI къулыкъуми пэрытащ. 1980 гъэм Налшык къагъэкIуэжри, МВД-м ведомствэм щIэмыт и хъумакIуэ къудамэм и инспектор нэхъыжьу лэжьащ, иужькIэ абы и унафэщI къулыкъури ирихьэкIащ.
Илъэс 26-кIэ хабзэхъумэ IэнатIэхэм щылэжьащ ЦIыпIынэр. ИужькIэ и узыншагъэм къимыхьу пенсэм кIуэн хуей хъури, майор цIэр иIэу тIысыжауэ щытащ. Зыпэрыта дэтхэнэ зы IэнатIэри абы жэуаплыныгъэ пылъу, фIыщIэрэ щытхъурэ иIэу ирихьэкIащ. И лэжьыгъэ гуащIафIэм къыпэкIуэуи абы дамыгъэ куэд къыхуагъэфэщащ. 
2021 гъэм, и ныбжьыр илъэс 88-рэ хъууэ, ЦIыпIынэ Мухьэд дунейм ехыжащ. ЦIыху гуапэу, гущIэгъу хэлъу щытащ, куэдым дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуащ. И щIэблэр IуэхуфIхэм хуиущиящ, абы и псалъэ Iущхэр ноби я гъуазэщ».

Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться: