Археологиемрэ туризмэмрэ

Ди гуапэ зэрыхъунщи, зи нэгу зезыгъэужьыну ежьэхэм куэд яхэтщ здэкIуэ щIыналъэхэм ижькIэрэ щыпсэуа лъэпкъхэм лIэщIыгъуэкIэрэ къадекIуэкIа щэнхабзэм, архитектурэм, тхыдэм щыгъуазэ зыхуэзыщIын зыфIэфIхэр.

Апхуэдэ «гъуэтыгъуэ» ахэр изыгъахуэ IэмалыфIхэм ящыщщ «Археологие туризм» зыфIаща унэтIыныгъэщIэри.

Апхуэдэ мурад зиIэу ежьэхэм этнографие музейхэм щIэлъ Iэмэпсымэхэм, хьэпшыпхэм «нэIуасэ» зыхуащI, лъэхъэнэ жыжьэхэм къащIэна ухуэныгъэжьхэр къаплъыхь, тхыдэм и хуэмэбжьымэхэм «яжь» къыщыпщIихуфыну лъэс лъагъуэхэм къыщакIухь.

  Тхыдэ щIэныгъэм зыщеужь

Иужь зэманым жылагъуэм къыщыунэхуа IуэхугъуэщIэхэм ящыщщ цIыху къызэрыгуэкIхэр, езыхэм я жэрдэм хэлъу, археологие къэхутэныгъэхэм пыщIа щIытI лэжьыгъэхэм зэрырашалIэри. Ахэр, и нэхъыбэм, офисхэм щIэсхэрщ, менеджер IэнатIэм Iутхэрщ, нэгъуэщI IэщIагъэхэм хуеджэхэрщ - къахудэхуэ зэманыр сэбэп пылъу къэзыгъэсэбэпыну хущIэкъухэрщ.

Мы зэманым археологие туризмэм нэхъ зыщиужь щIыпIэхэм ящыщщ ди къэралым и Краснодар крайр, Уралым и ипщэ, и ищхъэрэ лъэныкъуэхэр, Алтай хэгъэгур, Соловец хытIыгухэр. Ди гуапэ зэрыхъунщи, ди республикэри археологие туризмэм нэхъ зыщебгъэужьыфыну щIыгухэм хабжэ.

Краснодар крайр, зэрытщIэщи, адыгэхэм ижькIэрэ ди Хэкужьу щыта щIыгужьщ. Ар археологие и лъэныкъуэкIэ къулеягъэ нэхъыбэ дыдэ здэщыIэ щIыпIэхэм хабжэ. Мы щIыналъэм (Адыгэ Республикэри хэту), «Мывэ лIэщIыгъуэкIэ» дызэджэ зэман жыжьэм къыщыщIэдзауэ курыт лIэщIыгъуэхэм я деж къэсыху, адыгэхэм нэмыщI нэгъуэщI лъэпкъхэм ящыщ гуп щхьэхуэхэри исыгъащ. ИкIи, щIэныгъэлIхэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, абыкIэ щыхьэтщ ди щIыгур хэщIапIэ зыхуэхъуауэ щыта лъэпкъхэм ящыщ дэтхэнэми псэукIэу яIамрэ щэнхабзэу зэрахьамрэ уи нэгу къыщIэзыгъэувэж хьэпшыпыжьхэм адэкIэ-мыдэкIэ уазэрыщрихьэлIэр.

Абыхэм ящыщу адыгэхэм нэхъ дэгъэщIылIауэ къалъытэ:

Мейкъуапэ щэнхабзэр – ди эрэм ипэкIэ, илъэс мини 3-кIэ дызэIэбэкIыжмэ, Темэн хытIыгуныкъуэм къыщыщIэдзауэ Шэшэным нэс зыщызыуфэбгъуауэ щытар;

Испы унэхэм (дольменхэм) я щэнхабзэр – ди эрэм ипэкIэ, илъэс 2900-м къыщыщIэдзауэ 1300-м къэсыху узэIэбэкIыжмэ, Кавказым и къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIар;

Мэуэт щэнхабзэр – ди эрэм ипэкIэ, илъэс мини 2-м къыщыщIэдзауэ миным и пэщIэдзэхэм къэсыху, Азов тенджызым къуэкIыпIэмкIэ щыIэ и Iуфэмрэ хы ФIыцIэм и ищхъэрэ-къуэкIыпIэ псыIумкIэ зыщызыужьауэ щытар.

Къыхэгъэщыпхъэщ, Адыгэ Хэкум «тхыдэ-щэнхабзэ» фIэщыгъэми хуэкIуэу, археологие мыхьэнэи яIэу, щIыпIэ гъэщIэгъуэн куэд дыдэм дызэрыщрихьэлIэр. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, Iуащхьэжьхэр, испы унэхэр, къалэжь-къэхалъэжьхэр, нэгъуэщIхэри – псори зэхэту зи бжыгъэр мин 58-м щIигъухэр.

Iэмалхэм зегъэужьын

Сыт, атIэ, щIэн хуейр, «Археологие туризм» зыфIаща унэтIыныгъэщIэм щIыналъэхэм зыщебгъэужьын папщIэ?

А Iуэхум пыщIа IэщIагъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, псом япэрауэ егъэфIэкIуапхъэщ хьэщIэщхэмрэ зыгъэпсэхупIэхэмрэ. Тхыдэ-щэнхабзэ и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ щIыпIэхэр хьэщIэхэм «къахузэIухын», тхыдэ-археологие щIэиныр зыхуэдэм зыгъэпсэхуакIуэхэр хэзыгъэгъуазэ туроператорхэм я щIэныгъэм хэгъэхъуэн хуейщ. Археологие туризмэр къэралымрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ я щIэгъэкъуэнми «зэрыхуэныкъуэм» шэч къытехьэгъуейщ.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

Читать также: