Парламентым нэхъыфIхэр щагъэлъапIэКъБР-м и Къэралыгъуэмрэ республикэм и къалащхьэм и махуэмрэ и пэ къихуэу, шыщхьэуIум и 31-м республикэм и Парламентым щагъэлъэ-пIащ щIыналъэм и хабзэубзыху органым, парламентаризмэм, щэнхабзэм, узыншагъэр хъумэным, егъэджэныгъэм, социальнэ политикэм, экономикэм, щIыуэпсыр хъумэным, жылагъуэ гъащIэм, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэм я зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIа, къыхаха IэщIагъэм хуэпэж лэжьакIуэ пажэхэр. КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ зэIущIэм ирагъэблэгъа IэщIагъэлI нэхъыфIхэм, зи IэнатIэм зэфIэкI щызиIэ лэжьакIуэхэм республикэм и Къэралыгъуэм и махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ, узыншагъэ, гуфIэгъуэ, ехъулIэныгъэ яIэу дяпэкIи илъэс куэдкIэ я IэнатIэр ирахьэкIыну зэригуапэр жиIащ икIи КъБР-м и Парламентым и щIыхь тхылъхэмрэ удз гъэгъахэмрэ зыхуагъэфэщахэм яритыжащ.
Поделиться:
Читать также:
23.04.2024 - 19:01 →
ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу
23.04.2024 - 13:54 →
Зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр
23.04.2024 - 12:52 →
Компьютер щIэпхъаджащIэхэм щахъумэ
23.04.2024 - 10:48 →
Iуащхьэмахуэ куэдым я плъапIэщ
20.04.2024 - 10:52 →
Ветеранхэм гулъытэ хуащI
|