Илъэс куэдкIэ зыпэплъа фэтэр

           Хъыбар гуапэ
      
Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэм и къуэдзэ  полицэм и полковник  Мамхэгъ Назир   министерствэм  СледствиемкIэ и  управленэм и следователь, юстицэм и подполковник   Къардэн Ильяс  фэтэрыщIэм и IункIыбзэр иритащ.
ЦIыхуиплI хъу  Къардэн Ильяс и унагъуэр КъБР-м щыIэ МВД-м           псэупIэр егъэфIэкIуэнымкIэ и учетым щытщ 2002 гъэм и  мэкъуауэгъуэ лъандэрэ.   Министерствэм и   псэупIэ-псэукIэхэмкIэ и комиссэ нэхъыщхьэм   ирагъэкIуэкIа зэIущIэм унафэ къыщащтащ абы Налшык къалэ и Московскэ урамым  тет унэщIэм  пэшитI хъу фэтэр къыщратыну.   
Мамхэгъ Назир фэтэрыщIэм и IункIыбзэр Къардэн Ильяс щыIэщIилъхьэм, псэупIэ къызэрыратамкIэ, узыншагъэ быдэ, насыпрэ унагъуэ зэIузэпэщыгъэрэ иIэну ехъуэхъуащ.                                  

 

 

 

 

 

 

УАРДЭ Жантинэ.
Поделиться: