Урысейм Iэ Iэтыным щыщIадзащ![]() Псом япэу хэхыпIэ участкэхэм лэжьэн щыщIадзащ КъуэкIыпIэ Жыжьэм. Камчаткэм щыIэ хэхыпIэ участкэу 179-м егъэщIылIауэ кIэлъыплъакIуэ зы миным нэблагъэ мэлажьэ. Псори зэхэту крайм хэхакIуэ мин 232-м щIигъу щатхащ. Абыхэм ящыщу мы гъэм япэу Iэ зыIэтхэр цIыху мини 3-м щIигъунущ. Кхъухь зэмылIэужьыгъуэхэм къыщызэрагъэпэща хэхыпIэ участкэхэр 116-рэ мэхъури, абыхэм нэхъ пасэу Iэ щаIэтащ хэхакIуэ мини 6 хуэдизым. Псори зэхэту къэралым и щIыналъэхэм иджыпсту хэхыпIэ участкэу мин 96-рэ щыIэщ. Ахэр пщэдджыжьым сыхьэти 8-м щегъэжьауэ пщыхьэщхьэм сыхьэт 20-м нэсыху лэжьэнущ. Мы махуэхэм езыхэр зыхуей кандидатхэм папщIэ Iэ яIэтыну Iэмал яIэщ Урысей Федерацэм щыщ хэхакIуэу мелуани 108-м, нэгъуэщI къэралхэм щыпсэу ди хэкуэгъуу мелуани 2-м.
Поделиться:
Читать также:
18.07.2026 - 12:58 →
Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
10.07.2026 - 15:07 →
Хьэрш хъыбархэр къезыхьэлIэ
| ||





