Я щытыкIэр нэхъыфI мэхъуж

Iуащхьэмахуэ и щыгум хуэкIуэу бгым дэкIрэ пэт дунейр къызэIыхьэу гужьеигъуэ хэхуа альпинистхэм медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэр щагъуэт Республикэ клиникэ сымаджэщым. Абыхэм я деж щыIащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам.

Сымаджэщым щIэлъщ зи Iэпкълъэпкъыр щIыIэм зэщIиIулIа альпинист 11. Абыхэм щыщу тIур - КъШР-м щыщ гъуэгугъэлъагъуэмрэ Санкт-Петербург къикIа туристымрэ - реанимацэм щыIэщ. Дохутырхэм зэрыжаIэмкIэ, гъуэгугъэлъагъуэ щIалэр махуэ зыбжанэкIэ палатэм ягъэкIуэжынущ, къэралым и ищхъэрэ къалащхьэм къикIа хьэщIэм и лъакъуэр операцэ ящIащ.

Министрым альпинистхэм я узыншагъэм щыщIэупщIэм, къыжраIащ хуэм-хуэмурэ я щытыкIэр нэхъыфI зэрыхъужыр, къыхуащIэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэм арэзы къызэращIыр.

Къуршым дэкIыну ежьахэм я щхьэ кърикIуа гузэвэгъуэр егъэлеяуэ зыхащIащ, абы нэгъуэщI узыфэ гуэрхэр къахухэмыкIын папщIэ психологхэр ядолажьэ.

ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.
Поделиться: