Дунеяплъэм и гукъэкIыжхэр

1859 гъэм   Дрезден   нэмыцэбзэкIэ   дунейм   къыщытехьауэ   щыта   дунеяплъэ   Колетани Ф. А.   и    «Шэрджэс хэкум   сызэрыщыIар»     тхылъым  и   етIуанэ  Iыхьэр   Мейкъуапэ   урысыбзэкIэ  къыщыдэкIащ.
«ЩIэныгъэ  зэрамащIэр    зэран   къахуэмыхъуу,   уэркъыгъэ   хэIэтыкIа   къапкърыщу    адыгэхэм   сыт   хуэдэ  хьэщIэщи    псалъэ   щызэIэпах,   IэбэкIэ   дахэ   ядыболъагъу», -  дыкъыщоджэ   фи    пащхьэ   итлъхьэ   тхылъым. Ар    зи     IэдакъэщIэкIым    теухуауэ    зэкIэ   дызыщыгъуазэр    дохутыру   зэрыщытам   и  закъуэщ. ЖиIэм   тепщIыхьмэ,  Колетани    урысхэм    я   жьауэм   щIэту    Шэрджэс хэкур    къызэхикIухьащ, иужькIэ  и   нэгу  щIэкIахэр  тхылъу зэхигъэувэжащ.   Адыгэ   лъэпкъхэм   ятеухуауэ   бжыгъэ   пыухыкIа   гуэрхэр  къызэрихьым   къыбгурегъаIуэ  Колетани   дэфтэр    ирагъэлъагъун    хуэдизу   дзыхь   зыхуащI   хьэщIэу    зэрыщытар.  Тхылъыр    къыщыдэкIа  I859  гъэр   Дагъыстаным    хуит   щыхъуа   урысыдзэр  зэрыщыту  адыгэхэм  щраутIыпща   зэмант.  «Боденштедт  сымэ  ятхыр  пэжу   пIэрэ?»  «Боденштедт   хуэдэхэм  адыгэхэр  къызэщIагъэст», -   жиIэу  зэритхми  уи  фIэщ  ещI  а  лъэхъэнэм    адыгэхэм   ятеухуауэ  дуней   утыку   ихьэ  тхыгъэхэр   урыс    лъэныкъуэм   къыфIэIуэхуу   зэрыщытар.
«Адыгэхэр,   чыристаныгъэ   къащтэмэ,    гъэр  ящIынкIэ  мэгузавэ, ауэ  ар  щыуагъэщ,  сыту  жыпIэмэ,  урысхэм   яфI  бгырысхэр  щIыпIэ  нэхъ  бейхэм  ягъэIэпхъуауэ,  езыхэм   къахъумэ,  къурш  джафэм  ихьэжауэ  зауэ  абыхэм  я  къуэшхэм  елъытауи   нэхъ  Iэуэлъауэншэу,  мамыру  мэпсэу», - къехь   зыплъыхьакIуэм   зи    гупкIэ  исым   и   Iуэху еплъыкIэр.  
И нэгу щIэкI  псори  щIэныгъэ жыпхъэм иригъэзэгъэну зэрыхущIэкъур  плъагъуу,  Колетани  и  тхылъыр  Iыхьэ   щхьэхуэурэ  гуэшащ:  щIым,  псым, хьэуам я щытыкIэхэр; Шэрджэс хэкум пэгъунэгъу  щIыналъэхэмрэ  абыхэм щыпсэу  лъэпкъхэмрэ;  адыгэхэр   зауэм  зэрыхуэщIа щIыкIэр; я зыхуэпэкIэр,  пщэфIэкIэр,  шхыныгъуэхэр, сымаджэм зэреIэзэр, унагъуэ  зэраухуэр, къинэмыщIхэр. Тхылъым  уэрэд  зыбжанэ  ихуащ   адыгэ  бэнэныгъэм  теухуауэ.   
Илъагъур езыр  зэса  псэукIэм  къызэрыщхьэщыкIым и щапхъэу   тхакIуэм    фIэгъэщIэгъуэн    хъуахэр     дэри    тфIэгъэщIэгъуэнщ.  
            Дэ    дыдыгъуэгъуакIуэкъым
   Шыгу  зэкIэрыщIа   гуп    гъуэгум  кърикIуэу дрихьэлIащ зэгуэрым, я шэрхъхэр  егъэлеяуэ   кIыргъыу.  Ар   къэбэрдей  Iэпхъуэхэрат.  «Щхьэ  фи шэрхъхэм  дагъэ  щывмыхуарэ?» - жысIэу сыщыщIэупщIэм, жэуап къызатащ: «Сыт   дэ   дыгъуэгъуакIуэу  ара,   макъыншэу  дызекIуэн хуэдэу?»
ЕмыкIум   нэхърэ    нэхъ   емыкIуж
Алэрыбгъу   къызэпхъуха   шыгу   гуэрым    бзылъхугъэ    къиплъауэ слъэгъуати, сыщIэупщIащ:  «Ар   ипхъу  хьэмэ  и  щхьэгъусэ?» «Абы ущIэупщIэну  емыкIущ,  жэуап   ептыну  нэхъ  емыкIужщ», - къыспадзыжащ.                                             

 

 

ЧЭРИМ Марианнэ
Поделиться: