УсакIуэм и хъыбарегъащIэУсакIуэ гуэрым ныбжьэгъу хьэрычэтыщIэ иIэт. ХьэрычэтыщIэм и Iуэхухэр хъарзынэу кIуатэрт. Нэхъри зригъэубгъун папщIэ нэгъуэщI щIыпIэхэми зэщIылъигъэIэсыну мурад ищIащ. Абы папщIи и унэ лъапсэр ищэу, Iэпхъуэну и гугъэт. Ар усакIуэм елъэIуащ и унэр зэрищэжымкIэ хъыбарегъащIэм, газетым къытридзэн папщIэ, тIэкIу хухэплъэжыну. УсакIуэм тхылъымпIэ кIапэрэ къэрэндащрэ къищтэри хъыбарегъащIэр итхащ: «Къуажэ гуэрым щащэ гуфIэгъуэмрэ насыпымрэ я кIуапIэу зы унэ лъапсэ мыин дыдэ. ИгъунэмкIэ щежэх псы цIыкIур зэн-зэныпсым хуэдэу къабзэщ. ПщэдджыжькIэрэ жыг баринэхэм я къудамэхэм бзухэр щобзэрабзэри, гуапэу укъагъэуш. Дыгъэ къыщIэкIыгъуэм унэм нур тредзэ, дыгъэр щыкъухьэкIи, псэр зыгъэтынш жьауэ трещIэ. Жыг хадэ цIыкIум хьэуар щыкъабзэщ, пхъэщхьэмыщхьэмрэ удз гъэгъамрэ я мэр хэзщи». Мазэ бжыгъэ докIри, усакIуэр щIопщIэ ныбжьэгъум и унэр хуэщамэ. - Уэ птха хъыбарегъащIэм сыкъеджа нэужь, си унэр сщэну си пщIыхьэпIи къыхэхуэжакъым. ЗыкIи схуэхъуэжынукъым си лъапсэ телъыджэр,- къитащ жэуап.
Поделиться:
Читать также:
26.04.2024 - 15:39 →
ПащIэ Бэчмырзэ и дыщэ пхъуантэр
23.04.2024 - 18:33 →
«Дыщэ джыдэ цIыкIур» зыхуагъэфэщахэри яхэту
18.04.2024 - 14:05 →
ГъэсакIуэ цIэрыIуэр ящыгъупщэркъым
18.04.2024 - 12:26 →
АдыгэбзэкIэ ятхам адыгэбзэкIэ тепсэлъыхьу
18.04.2024 - 11:18 →
ЦIыхубэр зэрыгушхуэ
|