Агуий

Агуий - аращ зэреджэр хы ФIыцIэ Iуфэм Iут ТIуапсы къалэм и гъунэгъуу щыс шапсыгъ къуажэмрэ абыкIэ блэж псымрэ. А цIэ дыдэр зэрехьэ метр 888-рэ и лъагагъыу а жылэм къыщхьэщыт мэзылъэ Iуащхьэми. «Агуий гъуэгукIэ» еджэрт Псыбэ, Агуий адыгэ жылэхэр зэпызыщIэу щыта лъагъуэми. А щIыпIэм щыпсэухэм къагъэсэбэп «Агуияшъхь» («Агуий и псыхъуащхьэ») псалъэри.

«АГУИЙ» фIэщыгъэр къызытехъукIам теухуауэ Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ. Языныкъуэхэм къызэралъытэмкIэ, ар цIыхум хужаIэ «гуей», «гуий» псалъэхэм къытепщIыкIащ. Шапсыгъхэм а жыIэгъуэхэм «хахуэ», «гушхуэ зыкIуэцIылъ», «лIыгъэ зыхэлъ», «щхьэмыгъазэ», «шынэ зымыщIэ» мыхьэнэхэращ кърагъэкIыр. НэгъуэщIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, мы фIэщыгъэр къуажэр бгы зэхуакум дэубыда хуэдэу зэрыщытым къытехъукIащ.
XIX лIэщIыгъуэм Швейцарием щыпсэуа франджыхэм ящыщ, зекIуэлI икIи геолог-тхакIуэ Дюбуа-де-Монпере I833-I843 гъэхэм Кавказым зыщиплъыхьауэ щытащ. А зекIуэм триухуа и тхылъым узыщыхуэзэ «Aughuie» псалъэр абы ТIуапсы и гъунэгъуу тенджызым хэлъэдэж псым ирипхырт икIи ар («Агуий» фIэщыгъэр) XVIII лIэщIыгъуэм и кIэхэм зи лъэужьыр кIуэдыжауэ щыта гъуае адыгэ лъэпкъым и цIэм къытехъукIауэ къилъытэрт.

АБАЗОКЪУЭ Ахьмэд.
Поделиться:

Читать также: