Гъэлъэгъуэныгъэхэм заубгъу

СурэтыщI-модельер ТIажь Альбинэ, Лъэпкъхэм я унэу Москва дэтыр, Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэр зэгъусэу къызэрагъэпэщ гъуазджэмкIэ «Нартхэм я ­хъугъуэфIыгъуэ» дунейпсо сабий-ныбжьыщIэ фестиваль-зэпеуэ. ДэIэпыкъуэгъу мэхъу ЮНЕСКО-м и IуэхухэмкIэ УФ-м и комиссэр, УФ-м ЩэнхабзэмIэ и министерствэр, Москва, КъБР-м я правительствэхэр, УФ-м и Президентым и лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ ­федеральнэ щIыналъэм щыIэр. «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэ» арт-проектым хуэдэ Урысейми хамэ къэралхэми щыплъагъунукъым. 2012 гъэм абы УФ-м и Правительствэм и саугъэтыр къыхуагъэфэщащ. 

2019 гъэм Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэхэм УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэр щIыгъуу «Москва-Дамаск» арт-марафоныр ирагъэкIуэкIащ. БгъэIэпхъуэ хъу художественнэ гъэлъэгъуэныгъэхэр яшащ Москва, Мэз­дэгу, Псыхуабэ, Черкесск, Мейкъуапэ, Севасто­поль, Алуштэ, Агуий-Шапсыгъ, Сыхъум, Налшык, «Артек» сабий зыгъэпсэхупIэм. УФ-м ­ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм къы­хилъхьэри, «Дзэ сымаджэщ 412» кIэзонэ IуэхущIапIэм и ещанэ къудамэм апхуэдэ зы Iуэху щрагъэкIуэкIащ. А сымаджэщым щагъэлъэ­гъуащ «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэхэр» X дунейпсо сабий-ныбжьыщIэ фестиваль-зэпеуэм щытекIуахэмрэ абы и лауреатхэмрэ, «Сирием мамырыгъэ щыIэну хъуейщ Урысейм и сабийхэр» арт-марафоным хэтахэм я IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэр, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Бгъэжьнокъуэ Заурбэч и лэжьыгъэхэр, Урысейм и сурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт ТIажь Альбинэ и IэдакъэщIэкIхэр, Греков М. Б. и цIэр зезыхьэ студием и дзэ сурэтыщIхэм ящIахэр.
«Москва-Дамаск» арт-марафоным хэту «Сирием мамырыгъэ щыIэну хуейщ Урысейм и сабийхэр» гъэлъэгъуэныгъэр, УФ-м и библиотекэхэм и фондым щыщ тхылъ 120-м я гъэлъэгъуэныгъэр 2020 гъэм «Хмеймим» авиабазэм щыIащ. 
Мы гъэм накъыгъэм и 19-м щегъэжьауэ фокIадэм пщIондэ «Москва-Дамаск» арт-марафоным хэту екIуэкIащ Урысей Ипщэмрэ Москварэ я сурэтыщIхэм я лэжьыгъэхэр зыхэта «Кавказыр жыжьэуи гъунэгъууи» бгъэIэпхъуэ хъу гъэлъэгъуэныгъэр, «Сирием мамырыгъэ щыIэну хуейщ Урысейм и сабийхэр» гъэлъэ­гъуэныгъэм щыщхэр, «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэ» сабий-ныбжьыщIэ фестиваль-зэ­пеуэм щытекIуахэм я IэдакъэщIэкIхэр. 
Мы гъэм фокIадэм и 27-м щегъэжьауэ ягъэIэпхъуэ гъэлъэгъуэныгъэр щыIащ Москва, Урысейм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и дзэ-политикэ IуэхущIапIэ нэхъыщ­хьэм. 
Жэпуэгъуэм и 20-м «Москва-Дамаск» арт марафоным хэту бгъэIэпхъуэ хъу гъэлъэгъуэныгъэ къыщызэIуахащ Урысей армэм и IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм. 
 

ТIажь Борис.
Поделиться: