Я щIыналъэри дахэщ, езыхэри гуакIуэщ

Пандемием дызригъэува щытыкIэр куэдрэ зи гугъу тщIыжыну Iуэхугъуэщ. Сэ хамэ къэралхэм сыкIуэну, ди лъэпкъэгъухэм зэхашэ фестивалхэм сыхэтыну, адыгэхэр щыпсэу щIыпIэ дахэхэр зэзгъэлъагъуну сфIэфIт. Иджы апхуэдэ Iэмал сызэримыIэм къыхэкIыу, си къэрал щIыб зекIуэр къэрал кIуэцI гъуэгукIэ зэсхъуэкIри, ди къуэш Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм сыщыхьэщIащ.
Зы напIэдэхьеигъуэу щызгъэкIуащ абы махуитхур. Псом япэу къыхэзгъэщыну сыхуейщ ди къуэш республикэм и къалащхьэм и дахагъыр. Удз зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ бейщ Налшык. Зэм нобэ сыт хуэдэ махуэми, мазэми удз гъэгъахэмкIэ тхауэ къыболъагъу, зэми сыхьэт бжыгъэр удз зэмылIэужьыгъуэхэм къахэщIыкIауэ урохьэлIэ. ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэ гектар 250-рэ хъур къалэкум итщ, гъэщIэрэщIарэ зэлъыIухауэ, къыщыпкIухьыну гурыхьу.  
Псыутххэр, джэгупIэхэр, шхапIэхэр, Сосрыкъуэ удэзыш кIапсэ гъуэгур, чэщанэр, удз гъэгъахэмкIэ къегъэтIысэкIа щIыпIэ хэхахэр – абы имыт щыIэжкъым. Ноби къыздэсым яухыркъым гъэщIэрэщIэн, махуэ къэс къалэдэсхэр зыщыгуфIыкIын гуэр иращIыхь. Апхуэдэу иджыблагъэ зы гъэщIэгъуэн ирагъэуващ, «Вагъуэ мывэкIэ» еджэу. Тонн 40 хъу мывэ абрагъуэр Iуащхьэ тIуащIэм къыдашащ. Ар зи гукъэкI, скульптор цIэрыIуэ Пащты-Хъан Алим жэз дамыгъэхэмкIэ игъэщIэрэщIащ. Жэщым уэздыгъэ щхъуэкIэплъыкIэхэр тредзэри, вагъуэбэ дахэу зэщIоблэ мывэр. Апхуэдэ телъыджэхэр зэпуплъыхьу ХьэтIохъущокъуэма и жыг хадэм къыщыпкIухьыну зы махуэр пхурикъункъым. Уезэшамэ, жыгей мэзым хэт тетIысхьэпIэхэм зыщыбгъэпсэху мэхъу, тхылъ ущеджэныр зыхуэдэ щыIэкъым. Тхылъ дэлъхьэпIэхэр щIыпIэ-щIыпIэкIэ паркым итщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхакIуэхэм я къалэмыпэ къыщIэкIа тхылъхэри яхэбгъуэтэнущ абы. Республикэм и усакIуэхэм я хъыбар иджыри зы щIыпIэ гъэщIэгъуэн къыщыпщIэнущ. Лъэс лъагъуэм тет тхылъ дэлъхьэпIэхэм уакъыблэкIмэ, усэм и «хадэ цIыкIум» укъохутэ. Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм и джэлэсу паркым итщ фэеплъитI – ПащIэ Бэчмырзэрэ Мечиев Кязимрэ ейуэ. Абыхэм я усыгъэхэмкIэ усэ лъагъуэм къыщIедзэ. Адыгэ, балъкъэр, урыс усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр зытет «гъущI тхылъ зэгуэхахэр» телъыджэщ, укъэувыIэурэ укъемыджэу плъэмыкIыу.
Тхылъ къыдэгъэкIынкIэ лъэрызехьэщ Налшык. Абы тхылъ тедзапIэ зыбжанэ дэтщ. ТхакIуэхэм я мызакъуэу, журналистхэм зэхуахьэс тхыгъэ къыхэхахэри щIэх-щIэхыурэ къыдагъэкI. Си ныбжьэгъу НэщIэпыджэ Замирэ щылажьэ «Печатым и унэм» сишащ япэ махуэм, журналистхэм я IуэхущIапIэр зэзгъэлъэгъуащ. Республикэм къыщыдэкI газетхэр, журналхэр, нэгъуэщI къэрал IуэхущIапIэхэр щIэсщ къат I2-у зэтету къалэкум ит унэ дахэм.
Абы сыщыхуэзащ Къэбэрдей Адыгэ Ха¬сэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Му¬хьэмэд.  Адыгэ диаспорэм куэд дыдэ яхэзыщIыкI  Мухьэмэд хэхэс адыгэхэм ятеухуа хъыбару, сурэту, хьэпшыпу зэхуихьэсар куэд дыдэ мэхъу. Музейпсо ирикъунущ абы сигъэлъэгъуар икIи и мурадщ ар къы¬зэIуихыну. Мухьэмэд и лэжьыгъэ нэхъыщхьэм къыдэкIуэу сыт щыгъуи тхылъ щхьэпэ куэд къыдегъэкI. «Хэхэс адыгэхэр» зи фIэщыгъэ тхылъыщIэм нобэ къэрал 50-м ис адыгэхэм я хъыбар къыщыIуэтащ, сурэт дахэхэмкIэ гъэщIэрэщIащ.   Абы ущрохьэлIэ дэнэ щыпсэу адыгэри зэрыгушхуэ ди лъэпкъэгъу цIэрыIуэхэм, щыпсэу къэралхэм къулыкъу лъагэхэр щызыубыдахэм, артист пажэхэм, дзэм и генералхэм, спортсменхэм, нэгъуэщIхэми, ятеухуахэм.  Щыпсэу къэралхэм пщIэ къыщыхуащIу, адыгэм и цIэр фIыкIэ ягъэIуу щыIэ ди лъэпкъэгъухэм дахэу топсэлъыхь Мухьэмэд, я гъащIэм, псэукIэм теухуа хъыбар гъэщIэгъуэн куэд, нэгъуэщI журналистхэм я тхыгъэ зыбжанэ щызэхуэхьэсащ абы. «Хэхэс адыгэ¬хэр» тхылъыщIэр ХьэфIыцIэм къызэрызитар си гуапэ дыдэ хъуащ, сэри абыхэм си нэIэ ятет зэпыту зэрыщытым къыхэкIкIэ, къызэрысхуэщхьэпэнум шэч хэлъкъым.
Налшык сыщыщыIа япэ махуэр зэрыкIуар сымыщIэу блэлъэтащ. КъыкIэлъыкIуэ махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ дахэхэр къэтплъыхьащ, зэрыгушхуэ щIыпIэхэм ди лъэр нэтхусащ. Абджым хуэдэу укъызэрыщ Гуэл щхъуантIэхэр, метр 50 лъагапIэм къехуэх Шэджэм псыкъелъэхэр, адыгэ псори зэ ялъагъуну зыщIэхъуэпс Iуащхьэмахуэ, а узрижэ гъуэгухэм узыщрихьэлIэ бгы джабэ лъагэхэр зэи уи нэгу щIэмыкIыжыну гум къонэ.
Псом япэ зэгъэлъагъупхъэ щIыпIэр, дауи, Iуащхьэмахуэт. Абы кIуэ гъуэгур республикэм и къуажэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщ Зеикъуэ пхокI. ЦIыху мин I2 щопсэу а жылэм. И кIыхьагъкIэ (километр I6 мэхъу) къабзэрэ зэлъыIухауэ апхуэдэщ. Гъуэгу дыздытетым, къуажэкхъэр къэслъэгъуащ. Мывэ сын щхъуантIэхэмрэ удзыфэхэмрэ сфIэгъэщIэгъуэн хъуащ. Ахэр зыхуагъэувам елъытауэ цIыхухъу, цIыхубз фащэ тещIыхьащ,   мазэрэ тхьэмпих хъу къэкIыгъэрэ тетщ, лIам и хъыбар адыгэбзэкIи  хьэрыпыбзэкIи тетхащ. Езы мывэ сынхэм цIыху теплъэ яIэщ, пкъым щхьэ хъурей пыт хуэдэу. Адыгэ тхыдэр, щэнхабзэр, хабзэр, ди къекIуэкIыкIар зэрысфIэхьэлэмэтым къыхэкIыу, а кхъэм ит сынхэр сымыгъэщIэгъуэн слъэкIакъым.
Ди гъуэгуанэм пыдощэри, Iуащхьэмахуэ дыхуокIуэ. Налшык уикIмэ, сыхьэтитI гъуэгу дэлъу аращ абы. Чегет дынэсри, кIапсэ гъуэгуиткIэ дыдэкIуеящ, щIыуэпсым и дахагъымрэ дунейм и къабзагъымрэ зыщыдмыгъэнщIу. Метр минищрэ щэрэ зи лъагагъ а бгым ущытеткIэ, Европэм щынэхъ лъагэ дыдэ, метр 5642-рэ хъу Iуащхьэмахуэ дахэу уIуоплъэ. Гъэми щIыми зи щхьэр хужь Iуащхьэмахуэ зыщигъэпщкIу, пшэхэм щыщIахъумэ куэдрэ къохъу. Дэ а махуэм дахэу, екIуу, и уэсыщхьэ щыгухэр дыгъэм пэлыду дригъэблэгъат Насып Iуащхьэм. Ди насып къихьри, дигу щызу зэпэтплъыхьащ. Уи Iэгу итым дауэ узэрыIуплъэр? Мис апхуэдэу ди пащхьэ къиуващ Iуащхьэмахуэ. Дыкъехыжын тлъэмыкIыу сыхьэтищкIэ и пащхьэ дитащ. Мыбы и щыгу зэгуэр удэкIынтэкъэ? А гупсысэри сигу къыщыушащ абдеж.  
Адыгэ Iуащхьэхэр. Ди къуэш къэбэрдейхэм я щIыналъэм адыгэ лъэпкъым кърита фIыгъуэхэр уасэншэщ, лъапIэщ. Сэ Налшык зэрызыщызгъэпсэхуар зэи сигу икIыжынукъым. Си лъэпкъэгъуу си псэм щыщхэм ядэзгъэкIуа зэманыр гукъэкIыж дахэ схуэхъуащ.

 

ТIэш Светланэ, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист.
Поделиться: