Индие къэралыгъуэм и щхьэхуэныгъэхэр

1. Индием иIыгъ щIым и инагъкIэ дуней псом ебланэ увыпIэр щиубыду арами, щыпсэу цIыхухэм я бжыгъэкIэ етIуанэщ, абы и лъэныкъуэкIэ япэ ищыфар Китайрщ. Хуэгъэфэщауэ къызэрабжамкIэ, Индием цIыху мелард 1,2-рэ щопсэу.

2. Индием диным ехьэлIа махуэшхуэ яIэщ, илъэс 12-м зэ ягъэлъапIэу. Зи чэзу Кумбха-мела махуэшхуэр 2013 гъэм щIышылэм и 14-м ягъэлъэпIащ. А махуэм индуист щихъым я щхьэр хуагъэщхъыну Аллахабад щызэхуэсат цIыху мелуани 100-м щIигъу.

3. Дунеягъэм и пкъыгъуиплIыр (мафIэр, щIыр, хьэуар, псыр) ямыуфIеин папщIэ, дунейм ехыжам и хьэдэр щIым щIалъхьэркъым, атIэ «щэхум и чэщанэм» тралъхьэри, къуалэбзухэм яшхыж. Къэна къупщхьэлъапщхьэр псыкъуийм ирадзыхыж.

4. Индие унагъуэм и унэгуащэм и щхьэгъусэм и цIэр ину жиIэу хабзэкъым.

5. Индиер шахматым и хэкущ. Абыхэм нэхъапэм зэреджэу щытар «чатцранга»-щ, гупиплI ищIыкIа дзэ къикIыу аращ. Шахмат фигурэхэри плIыуэ гуэшащ.

6. Щыгъыным и щIыкIэми и плъыфэми куэд къыбжеIэ. Уеблэмэ индие бзылъхугъэм и щхьэцыр зэрызэщIэкъуам къуегъащIэ абы и дуней тетыкIэр зыхуэдэр.

7. Индусхэм я процент 80-м зэрахьэр индуизмырщ. Муслъымэнхэм етIуанэ увыпIэр щаубыд къэралым, абыхэм я бжыгъэр процент 13-м ноблагъэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, муслъымэн нэхъыбэ дыдэ щыпсэу къэралхэм я ещанэщ Индиер, ар къакIэлъокIуэ Индонезиемрэ Пакистанымрэ.

8. Дуней псом щынэхъ ин дыдэ кино-индустриер - Болливудщ - ар Мумбай щыIэщ. Болливуд щытраха фильм псори, фэ зэрыфщIэщи, мюзиклщ.

9. Къэралым зэрихьэ цIэр къызытекIар Индус псырщ. Ар санскритыбзэкIэ «синдху»-щ, «псы» къикIыу аращ.

10. Индием щынэхъ пашэ спорт лIэужьыгъуэр - крикетщ, британхэм къабгъэдэкIауэ аращ.

11. Индием къэралыбзитI щызокIуэ: хинди, инджылыз. КъищынэмыщIауэ, Правительствэм бзэ 17 къегъэлъагъуэ. Апхуэдэуи диалект 1650-кIэ щопсалъэ мы къэралым.

12. Индусхэм я нэхъыбэм шхэн ипэ къихуэу я Iэр, я напэр, я лъакъуэр ятхьэщI. Зэрышхэр, Iэмал имыIэу, я Iэ ижьымкIэщ. Бзылъхугъэхэр Iэнэм щыпэрытIысхьэр цIыхухъухэр къэтэджыжа нэужькIэщ.

13. Гузэвэгъуэ зиIэ цIыхухэм IэлъэщI, щыгъын фIыцIэкъым къагъэсэбэпыр, атIэ хужьщ. Зи щхьэгъусэр дунейм ехыжа бзылъхугъэм хужьыбзэу зехуапэ.

14. Къэрал псом сыхьэт бжыгъэр щызэтохуэ.

15. ШыщхьэIум и 15-р Щхьэхуитыныгъэм и махуэщ. А махуэм 1947 гъэм Индиемрэ Пакистанымрэ къэрал зырызу зэхэкIауэ щытащ. Абы щыгъуэм цIыху мелуан 1,2-р Iэпхъуауэ щытащ, къэхъуа зэрыхьзэрийм цIыху мелуаным нэблагъэ хэкIуэдащ.

16. ИнджылызыбзэкIэ псалъэ лъэпкъ нэхъ ин дыдэу дуней псом къыщалъытэ индусхэр.

17. 1986 гъэ пщIондэ Индием фIэкIа налкъут щумыгъуэту щытащ.

18. Хэплъэгъуэ Iуэхуи яIэщ индусхэм: индие штати 8-м къулейсыз нэхъыбэ щопсэу, африкэ къэрал 26-м тхьэмыщкIэу яIэм нэхърэ.

19. 20 лIэщыгъуэм и япэ Iыхьэм хъыджэбз цIыкIухэм я ныбжьыр 13 зэрырикъуу лIы иратырт.

20. Турист куэдым фIыуэ ялъагъу Гоа штатыр Индием ей щыхъуар 1961 гъэращ. Ар Португалием хыхьэу щыта, къазэуа къалэщ.

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться: