Нало Жансэхъу и цIэкIэ

«Пощт  карточкэ» хъужыр  письмоулъэм  дэмылъу  зэрахьэ, тхыгъэхэр зэIухауэ  зэрызэIэпах  хуегъэхьыныгъэ   лIэужьыгъуэщ.  Хэти  ицIыху «открыткэ»-хэр  пощт  карточкэхэм  я  зы лIэужьыгъуэу аращ. Хабзэ  хъуауэ, пощт Iэмэпсымэхэри  къагъэщхьэпэ тхыдэм, щэнхабзэм, гъуазджэм, цIыхубэ гъащIэм  щыцIэрыIуэ  цIыхухэр  ягу  къагъэкIыжын  папщIэ.

         Иужьрей  зэманым куэдрэ зэхыдох  ЗэхуэхьэсакIуэхэм я жэрдэмкIэ цIыху цIэрыIуэхэм, махуэшхуэхэм, тхыдэм  къыхэнэну зыхуэфащэ Iуэхугъуэхэм  я  сурэтхэр пощт Iэмэпсымэхэм щытрагъауэ.  Апхуэдэ зы Iуэху дахэ КъБР-ми къыщыхъуащ.  Филологие  щIэныгъэхэм  я  кандидат, КъБКъУ-м  и СГИ-м и доцент, УФ-м  и ТхакIуэхэм  я  союзым  хэт  Абазэ  Албэч  и  жэрдэмкIэ, КъБР-м  и  ЗэхуэхьэсакIуэхэм  я  зэгухьэныгъэмрэ  «Урысейм и пощт» IуэхущIапIэм  Къэбэрдей-Балъкъэрым  щиIэ    къудамэмрэ (УФПС)   зэгъусэу  къыдагъэкIащ  адыгэ  узэщIакIуэ, СССР-м и ТхакIуэхэм я союзым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и япэ унафэщIу щыта Нало Жансэхъу Мырзэбэч и къуэм и цIэкIэ  пощт  карточкэ.  

   Нало Жансэхъу и цIэкIэ карточкэ  къыдагъэкIыным щхьэусыгъуэ хуэхъуар  узэщIакIуэр къызэралъхурэ илъэси II5-рэ зэрырикъурщ. КъинэмыщIауэ, илъэс  90 мэхъу  Жансэхъу  япэ  дыдэ  Къэбэрдей-Балъкъэрым и усакIуэхэмрэ  тхакIуэхэмрэ  я  зэIущIэ зэрыригъэкIуэкIрэ. Нало Жансэхъу и гъащIэмрэ и  лэжьыгъэмрэ  куэд щIауэ ядж КъБКъУ-м и Социальнэ-гуманитарнэ институтым и студентхэм. Ар  хеубыдэ «Къэбэрдей-шэрджэс  литературэм и тхыдэр», «Къэбэрдей-шэрджэс драматургиер», «Къэбэрдей-шэрджэс литературэм и критикэ» унэтIыныгъэхэм.    Гу лъытапхъэщ  зи гугъу тщIы Iуэхугъуэр тхыдэ  лъэхъэнэ  гугъум хиубыда,  лажьэ  ямыIэу  Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэкIуэда  цIыхухэм я зым и пщIэр къаIэтыжын  мурадкIэ  япэу  ягъэзащIэ  лэжьыгъэу зэрыщытым.

  Нало  Жансэхъу  и  цIэр  зезыхьэ  пощт  карточкэр  202I гъэм дыгъэгъазэм  и II-м сыхьэти  I0-м  Налшык  и  Пощт  IуэхущIапIэ  нэхъыщхьэм  и  щIыхьэпIэм  щаутIыпщащ  «Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхь» мыхъурыр  трагъауэкIэ.  Лэжьыгъэр  зэфIэзыгъэкIар  КъБР-м и ЗыхуэхьэсакIуэхэм  я зэгухьэныгъэм  и  президент  Грищенкэ Сергейрэ карточкэр  къыдэгъэкIынымкIэ  жэуап  зыхьа  Тхьэкъуахъуэ  Iэуесрэщ. 

        Зи  гугъу тщIы  пощт карточкэр щаутIыпща  зэIущIэм  хэтащ  КъБКъУ-м  и  щIэныгъэ библиотекэм и лэжьакIуэ нэхъыжь Къэмбэчокъуэ Альбинэрэ  СГИ-м  и студентхэу   Ерыджокъуэ Азидэ  (3-нэ курс), Щомахуэ Алёнэ (4-нэ курс),  Ефэнды Регинэ (4-нэ курс). НыбжьыщIэхэр  абы  къыщеджащ  Нало Жансэхъу  и  критикэ лэжьыгъэхэм  щыщ  пычыгъуэхэм.    

                                                                        

 

Чэрим Марианнэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу