Щхьэж и газетыр – и унэм

 Газетхэр кIуэдыжыр пэж? Ар щIэх къэмыхъуну Iуэхущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, цIыхум дунейм щекIуэкIыр зригъэщIэныгу зыщIыр гупсэхугъуэ и гум зэрилъщ, дзыхь зыхуищI журналистым е къулыкъущIэм и Iуэху еплъыкIэм зэрыпэплъэрщ, ахэр псэлъэгъу хуэдэу и гъащIэм зэрыхэтырщ.
 «Сыт газетым Iэ щIытумыдзэр?» - жыпIэу, иджыпсту уэрамым кърикIуэ псоми захуэбгъазэмэ, жэуапу зэхэпхыну псори зэкIуэлIэжынур зыми ахъшэ хыфIидзэну зэрыхуэмейрщ. Языныкъуэхэм интернет зэрыщыIэр щхьэусыгъуэ ящIынущ, адрейхэм – тедзапщIэм зэрыхэхъуар уигу къагъэкIыжынущ, ауэ пщIым щыщу бгъум «къытхуахьынукъыми» къызэрыбжаIэнум шэч къытумыхьэ. Ауэ щыхъукIэ, тхылъымпIэкIэ тедза тхылъхэм я пщIэр зэрыдэуеижым къегъэлъагъуэ цIыхухэм интернетми я гур къызэриуIар.
 Японием махуэ къэс къыщыдэкI газетхэм я бжыгъэр мелуан 55-м зэрынохьэс. ЦIыху 1000-м хуэзэу къэралым газет 600-м нэс къыщыдокI махуэ къэс. Дигу тхуиубыдэну пIэрэ абыхэм ящыщ газетитхум я цIэхэр: «Ёмиури симбун», «Асахи симбун», «Майнити симбун», «Нихон кэйдзай симбун», «Санкэй симбун». Тхури дуней псом щIэупщIэ нэхъ щызиIэ газетипщIым хеубыдэ. Япэреищыр пщэдджыжьми пщыхьэщхьэми къыдокI. Пщэдджыжьым – нэкIубгъуэ 24-рэ хъууэ, пщыхьэщхьэм нэкIубгъуэ 8-I6. Зи цIэ къитIуа газетитхури «щхьэж и газетыр – и унэм» хабзэм тету мэлажьэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, газетыр тезыдзам ар Iэрыхьэ къудейкъым, атIэ махуэ къэс, иныкъуэхэр – махуэм тIэу и унэм хуахь. Апхуэдэ щIыкIэу а тхум къэралым газету къыщыдэкIым я процент 53-р яIыгъщ. Пщэдджыжь къэс зи бжыгъэр мелуани I0-м нызэрыхьэс япэ ититIыр – «Ёмиури симбун», «Асахи симбун» газетхэр Токио, Осакэ хуэдэ къалэшхуэмрэ абыхэм я Iэгъуэблагъэхэмрэ нэхъ щызэбграх.
 Дауэ электрон Iэмалхэм зыщиубгъу лъэхъэнэм япон газетхэм, къызэтена къудей мыхъуу, нэхъри заубгъуну Iэмал къызэрагъуэтар? Абы и жэуапыр жытIакIэщ – газетыр унэм къыпхуахь.
 ЯпэщIыкIэ газет псори тыкуэнхэм щащэу щытащ. Ауэ адрейхэм я пэ къихуэу, «Токё нити-нити симбун» газетым къиублащ и къыдэкIыгъуэхэр щIэджыкIакIуэ къэс и унэм хуихьу. А щапхъэр зэуэ адрей газетхэми къапхъуэтащ. I903 гъэм «Хоти сибмун» газетым езым и закъуэ игъэлажьэу газетхэр зэбгрызыш IуэхущIапIэ къызэригъэпэщащ. ГъэщIэгъуэну Iуэхум хэлъар сыт жыпIэмэ, газетыр унэм зыхьхэм я пщэ дэлът ар зыхуахьым къыкIэлъыкIуэ пIалъэми Iэ щIригъэдзыну. Арати, «Хоти симбуным» и IэщIэдзхэм я бжыгъэр зэуэ зэрыдэуеям гу зэрылъатэу, мыдрейхэми замыгъэгувэу абы дэплъеин щIадзащ. 1930 гъэм щегъэжьауэ газетхэр унэм хуахьын Iуэхур щызэтеувэпауэ жыпIэ хъунущ Японием.
 Гу лъытапхъэщ дызэрыт зэманым тыкуэнхэм щащэ газет бжыгъэр егъэлеяуэ зэрымащIэми. Махуэ къэс къыдэкI газетхэм я процент 93-р зэрызэбгрыкIыр IэщIэдзкIэщ. Пэрытитхум я гугъу пщIымэ, а бжыгъэр процент 99-м нос. Абы къикIращи, газетхэр щIэджыкIакIуэ псоми ахэр зэбгрызыш IуэхущIапIэм ялъегъэIэс. Аращи, газетымрэ щIэджыкIакIуэхэмрэ я зэхуакум зыри дэткъым, «уи газетыр» езыр уи унэм къокIуэри, зэпыщIэныгъэр нэхъри нэхъ быдэ мэхъу. Ар и щхьэусыгъуэ къыщIэкIынщ японхэм я гупсысэкIэм газетхэр фIыуэ зэрыхэIэбэм, дзыхь зэрыхуащIым. Гу лъыптэну гъэщIэгъуэнщ иджыри «Ёмиури симбун», «Асахи симбун», «Майнити симбун» хуэдэ газет нэхъ цIэрыIуэхэм Iэ тезыдзэр нэхъыбэу я щхьэ хуэпсэуж, ику ит беягъ зыбгъэдэлъ, IэщIагъэлI Iэзэхэрауэ зэрыщытым. Бжыгъэшхуэ хуозэ къэрал лэжьакIуэхэми, мэкъумэшыщIэхэми.
 Япэ ит «Ёмиури симбун» газетыр (кIэщIу - «Ёмиури») I874 гъэ лъандэрэ къыдокI. 2002 гъэм и дыгъэгъазэм къызэрабжамкIэ, абы пщэдджыжьымрэ пщыхьэщхьэмрэ зэхэту и бжыгъэр мелуан 14-м фIихуауэ щытащ (14 323781). «Ёмиури» - м иджыри Японием къыщыдегъэкI «Япон хъыбархэр» инджылызыбзэкIэ, тхьэмахуэ къэс газетым и гуэдзэн, абы нэмыщI – спортым теухуауэ къыдэкIыгъуэ щхьэхуэ, ари махуэ къэс. КъинэмыщIауэ, редакцэм и ахъшэ хелъхьэ «Ёмиури иныжьхэр» бейсбол гупым и лэжьыгъэм, гъэ къэс ят «Японием и тыгъэм», «сёги-рюю» зи фIэщыгъэ зэхьэзэхуэ цIэрыIуэм.

Чэрим Марианнэ.
Поделиться: