Насыпыр зыхилъагъуэр

ЦIыху къэсыхукIэ езым и насып пщалъэ иIэжщ. «Сыт бзылъхугъэр насыпыфIэ зыщIыр?» - жыпIэмэ, а упщIэмкIэ зызыхуэбгъазэм елъытауэ жэуап зэмылIэужьыгъуэ куэд зыхэпхынущ. Нобэ ди псэлъэгъу бзылъхугъэм, Республикэ сабий клиникэ сымаджэщым неврологиемкIэ ныбжьыщIэхэм щеIэзэ и къудамэм и дохутыр, КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и штатым хэмыт сабий невролог Куэшэгъу Фатимэ Шумахуэ и пхъум, и насыпыр хелъагъуэ унагъуэ зэпэщым и жьэгу гуащэу зэрыщытымрэ игум и псэм къыдыхьэ лэжьыгъэ зэрыпэрытымрэ.
 - Фатимэ, дохутыр IэщIагъэр къыщIыхэпхам сыт и щхьэусыгъуэр?
- Илъэсищ ныбжьым сызэритрэ дохутыр сыхъуну сыхуейт. Си сабий джэгухэри сытым дежи а IэщIагъэрт зэпхар. Си анэм и ныбжьэгъу цIыхубзыр медсестрати, абы мастэхэр къысхуихьырт, хущхъуэ гуэрхэр зэхэслъхьэрти, банкI цIыкIу зэмылIэужьыгъуэхэм иту къесхьэкIырт. АбыхэмкIэ унэм щIэсхэм «сеIэзэрт». Уеблэмэ ахэр тIэкIуи гузавэрт зыхэзгъэзэру зэмыфапхъэ хущхъуэ гуэрхэр есхьэлIэнкIэ. Апхуэдэурэ школыр къыщызухам, зыми шэч къытрихьэжакъым дохутыр IэщIагъэм сызэрыхуеджэнум. Си адэ-анэми си мурадыр къыздаIыгъащ икIи КъБКъУ-м и медицинэ факультетым сыщIэтIысхьащ. Ар I982 гъэм къэзухащ, Республикэ сабий клиникэ сымаджэщыр къызэрызэIуахрэ абы сыщолажьэ.
- Сэ сызэреплъымкIэ, балигъым нэхърэ сабий сымаджэм бгъэдыхьэкIэ къыхуэбгъуэтыныр куэдкIэ нэхъ гугъущ. Сабий дохутыр ухъуныр щхьэ къыхэпхат?
- Пэжыр жысIэнщи, сабий дохутыр сыхъуну си гугъакъым. Медицинэм и унэтIыныгъэхэм ящыщу къыхэсхар неврологиерат. Интернатурэм сыщIэсу сабий неврологиемкIэ курсым дыщыхэтым, сигу ирихьащ а цIыкIухэм сазэрыдэлэжьар. Мис абдежым мурад сщIащ сабий дохутыр сыхъуну икIи зы махуи сыхущIегъуэжакъым. А цIыкIухэм я нэгум гуфIэгъуэр кърихыу плъагъуныр сыт и уасэ?! Абы щыгъуэми а гуфIэгъуэм уэ уи фIыгъэ гуэр хэлъу!
- Дохутырыр цIыхум нэхъ лъапIэ дыдэу иIэ и узыншагъэм и хъумакIуэщ. Аращи, абы сытым дежи и Iэзагъэм хигъэхъуэн хуейщ. Абы и лъэныкъуэкIэ уэ сыт хуэдэ Iэмалхэр къэбгъэсэбэпрэ?
- Апхуэдэ мурад уиIэххэмэ, нобэрей зэманым Iэмал куэд щыIэщ. Иджыпсту интернетым сыт хуэдэ хъыбарри къибгъуэтэнущ. Сэ си унэтIыныгъэмкIэ зэпымыууэ лекцэхэм онлайну содаIуэ. КъищынэмыщIауэ, медицинэ тхылъхэр аращ. Апхуэдэу ди къэралым и клиникэ, медицинэ институт нэхъыфIхэм дыкIуэурэ ди Iэзагъэм щыхыдогъахъуэ. Абыхэм я IэщагъэлIхэр ди республикэм кърагъэблагъэурэ я лэжьыгъэ и пIалъэкIэ къыддогуашэ.
- Уи лэжьыгъэм и фIагъыр сыт зыхэплъагъуэр?
    - Сабий сымаджэр хъужауэ плъагъунырщ ди лэжьыгъэм нэхъыфI дыдэу хэлъыр. Сымаджэ хьэлъэ дыдэхэр къытхуашэ: хэти и лъакъуэр къыщIэмыувэу, хэти мыпсалъэу, хэти жыпIэр къыгурымыIуэххэу. Апхуэдэ щытыкIэ хьэлъэм ит сабийм и узыншагъэм зыкъыщигъэзэжкIэ, щIэрыщIэу зекIуэкIэ зэрызригъэщIэжыр, хуэмурэ псалъэхэр къызэрыдришейр, жепIэр къызэрыгурыIуэр щыплъагъукIэ дохутыр IэщIагъэм и къалэн нэхъыщхьэр къохъулIауэ къызолъытэ. ЗэрытхузэфIэкIкIэ ди къудамэм къашэ дэтхэнэ зы сабийми сэбэп дыхуохъу. Узыфэхэр зэрызэхуэмыдэм къыхэкIыу хэти нэхъ псынщIэу, хэти нэхъ кIыхьлIыхьу и узыншагъэр зэтоувэж. ЗыгуэркIэ сэбэп дызыхуэмыхъуфа сабий нобэр къыздэсым диIауэ схужыIэнукъым, дызыхуэныкъуэ псомкIи нэгъэсауэ дыкъызэгъэпэщауэ щымытми. Ди сымаджэхэр хуэныкъуэщ реабилитологхэм, ди жагъуэ зэрыхъунщи, апхуэдэ IэщIагъэлIхэр тэмэму диIэкъым. Абы къыхэкIыу республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и минисерствэм апхуэдэ IэщIагъэлIхэм хуэныкъуэ сабийхэр квотэкIэ егъакIуэ федеральнэ клиникэхэм.
Сабийм и гукъыдэжымрэ адэ-анэм я фIыщIэ псалъэмрэщ дохутыр IэщIагъэм и пщIэ нэхъ лъагэ дыдэр.
 - ДохутырыфIым хэлъын хуей хьэл-щэн нэхъыщхьэр сыт хуэдэ?
- Псом япэрауэ, и IэщIагъэм хуэфащэ щIэныгъэ тэмэм иIэн хуейщ. Гуапэу, цIыхугъэ хэлъу, шыIэныгъэ иIэу щытыпхъэщ. Iэмал имыIэу цIыхухэр фIыуэ илъагъун хуейщ. А лъагъуныгъэр щымыIэмэ, IэщIагъэм мыхьэнэ иIэкъым. Дохутырым цIыхухэм яхуиIэ лъагъуныгъэмрэ и IэщIагъэмкIэ хэлъ Iэзагъэмрэ щызэгъусэм и дежщ и сэбэпынагъыр наIуэ щыхъур.
- Уэ узэреплъымкIэ, ди медицинэр нобэ сыт хуэдэ щытыкIэм ит?
- А унэтIыныгъэм зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэри къыщыхъуащ. Ауэ совет зэманым зэрыщытам хуэдэу дохутырым и пщIэр нобэ къамыIэтыжмэ, IэнатIэр ефIэкIуэнукъым. ЕгъэджакIуэмрэ дохутырымрэ зыхуагъадэ щыIакъым а зэманым. Абы къыхэкIыуи а унэтIыныгъэхэм ехъулIэныгъэхэр щымащIэтэкъым. Улахуэм и закъуэкъым дохутырыр къызэрыдэпхьэхын хуейр, атIэ и IэщIагъэм пщIэ иIэн хуейщ. Нобэ медицинэ IэщIагъэр куэдым къыхах, ауэ абы ирилэжьэну къанэр процент 30-40-рщ. Апхуэдэу зэрыщытри нэхъыфIщ, абы къыпыхужыр а IэщIагъэм къыхуимыгъэщIахэрщ. Дохутыр куэд уиIэным мыхьэнэ иIэкъым, абыхэм IэщIагъэлIыфIщ яхужумыIэфынумэ. Зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI дохутырхэр диIэн щхьэкIэ абыхэм къэралым закъыщIигъэкъуэн хуейщ я щIэныгъэм хагъэхъуэнымкIэ. IэнатIэ псори интернеткIэ къызэгъэпэщыпхъэщ, абы щыгъуэм Iэмал яIэнущ медицинэм щIэуэ къыхыхьэ Iуэхугъуэхэм теухуа лекцэхэм онлайну едэIуэну. Дохутырым и зэфIэкIым хигъэхъуэнымкIэ хэкIыпIэхэр мащIэкъым, ауэ куэд елъытащ абы и лъэныкъуэкIэ къэралым кърит дэIэпыкъуныгъэм.

Епсэлъар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться: