ИлъэсыщIэ псейхэр

Налшык щаублащ япэ псей жармыкIэхэр. Гъэ къэси хуэдэу, ИлъэсыщIэ псейхэмкIэ республикэр къызэрагъэпэщ «Горзеленхоз» IуэхущIапIэмрэ псей жыг лIэужьыгъуэхэр къыщагъэкIыу Белая Речкэ и Iэгъуэблагъэм щыIэ декоративно – коммунальнэ хозяйствэмрэ.
 Ипэ ита илъэсхэм псей щапIэу Налшык I0- м нэблагъэ щыIащ. МIы гъэми абыхэм я бжыгъэр ягъэмэщIэнукъым. Псей нэхъыбэ ирашалIэ Абхъазым и утыкум, «Дубки», «Искож», «Стрелка» хьэблэхэм, Хьэсэней дэлъэдапIэм. Уасэхэр екIурабгъущ. Лъакъуэ щIэту е пхъэ ашычым хэтрэИлъэсыщIэ махуэшхуэ нэужьым псей цIыкIур хэпсэж хъууэ ухуей – сыт хуэдэри щыбгъуэтынущ а щIыпIэхэм.
    - ЦIыхухэр щхъуантIагъэхэмрэ жыгхэмрэ нэхъ хуэсакъ зэрыхъуар нэрылъагъуу, щIымхэт псейхэм куэд щIоупщIэ,- жеIэ сату зыщIхэм ящыщ зым. Пэжыр жыпIэмэ, ахэр зэрыщытыну махуэ зыбгъупщIым щхьэкIэ апхуэдиз илъэскIэ гугъу дехьу къагъэкIа жыг цIыкIухэр къыпыбупщIу хыфIэбдзэжыну гуузщ. Ауэ щыхъукIэ къалэ кIуэцIым зы уэрами зы лъэс зекIуапIи иIэкъым абыхэм ямыгъэдахэу. Абы къыпих хьэуам нэхъ къабзэ щымыIэуи къалъытэ.
ЖармыкIэм щыболъагъу псей къудамэ къызэрыгуэкI цIыкIухэм фIэкIа къэзымылъыхъуэ нэхъыжьхэри. Псей зыщэхэр псалъэ памылъхьэу абыхэми яхуоупсэ, къыпаха къудамэхэмкIэ.
    Псей гъэкIыным елэжь предприятэхэр иджы хуэдэ зэманым жыг къэдыгъуакIэ сату зыщIхэми япэщIэтын хуей мэхъу. Абы папщIэ псей цIыкIухэр иджыри хьэсапкъэхэм къыхамых щIыкIэ дамыгъэ тращIэ, хабзэр къызэпызыудхэр тыншу къыщIагъэщын хуэдэу. Псей жыгхэр гъунэжщ, фызыхуейр къыхэфхын фIэкIа хуэмейуэ.

Лъостэн Музэ.
Поделиться: