Лъэпкъ уэрэдхэм я макъ мыкIуэдыж

Иджыблагъэ дунейм къытехьащ адыгэ лъэпкъ уэрэдхэр щызэхуэхьэса зэрырагъаджэ тхылъ.
    Ар зи Iэдакъэ къыщIэкIар Зеикъуэ къуажэм гъуазджэмкIэ и еджапIэм, «Кавказ» цIыхубэ уэрэджыIакIуэ ансамблым я унафэщI Жылау Арсенщ. Абы и цIэр фIыкIэ зыгъэIуар жэуаплыныгъэ хэлъу кърихьэлIэ къулыкъухэм я закъуэкъым. Ар уэрэдусщ, зыхуэбгъадэ хъун щымыIэу, макъ гъэтIыса гуакIуэкIэ и уэрэдхэр езым щигъэзэщIэжи щыIэу
    «Макъамэ лъэпкъ Iэмэпсымэхэр» программэм хиубыдэу Жылаум къыдигъэкIа зэрырагъаджэ тхылъ купщIафIэхэр сэбэпышхуэ хъунущ гъуазджэмкIэ, музыкэмкIэ сабий школхэм щеджэхэм щIэныгъэ куу ябгъэдэлъхьэнымкIэ. Къыхэгъэщыпхъэщ, мыпхуэдэ тхылъ нобэм къэс зыщIыпIи къызэрыщыдамыгъэкIар.
    Тхылъхэр щы мэхъу: «Адыгэ (шэрджэс) лъэпкъ уэрэдхэр баяным, аккордеоным, адыгэ пшынэм папщIэ, «Адыгэ (шэрджэс) уэрэдхэр фортепианэм папщIэ, «Макъамэ лъэпкъ Iэмэпсымэхэмрэ фортепианэмрэ» программэм тету ирагъаджэ сабийхэм папщIэ уэрэдхэр.
    Мы япэ тхылъхэм цIыкIухэр хурагъэсэнущ макъамэ Iэмэпсымэхэр гъэзэщIэным хэлъ Iэмал щэхухэм.
    -Сызыхуэлэжьа ди адыгэ сабийхэм я мызакъуэу, ахэр адрей лъэпкъхэми къагъэсэбэп хъунущ, нотэхэр - дэни щынотэщ, я псалъэхэр щIалъхьэжын фIэкIа хуейкъым,- жиIащ Жылаум.
    ИджыкIэ тхылъу къыдагъэкIар зэрыхъур 50-щи, ахэр ди республикэм и еджапIэ псоми ялъысын хуэдэу зэрытрагуэшэным иужь итщ.
    «Адыгэ уэрэдыжьхэр» фIэщыгъэм щIэту 20I8 гъэм Жылау Арсен къыдигъэкIа тхылъи 100-р зэуэ зэбгрыкIащ, лъэпкъ тхыдэм я щIэджыкIакIуэ, лъэпкъ уэрэдыжьхэм щIапIыкIа куэдым стIолыщхьэ тхылъ яхуэхъуауэ. Шэч хэлъкъым сабийхэм ИлъэсыщIэ тыгъэ яхуищIа зэрырагъаджэ тхылъхэми увыпIэ щхьэхуэ зэрагъуэтынум.

Лъостэн Музэ.
Поделиться: