Лъэпкъ программэхэр

Сабий гъэсапIэр зэрагъэпэщыж

2021 гъэм зэрагъэпэщыжын хуей ухуэныгъэхэм папщIэ щыIэ программэм хагъэхьауэ щытащ Къэщхьэтау дэт сабий садыр.
ГъэсапIэ унэм и пэшхэр зыхуей хуэзэу зэрагъэпэщыжащ. Апхуэдэуи, псы зэрыкIуэ бжьамий тIорысэ хъуахэр, зэрагъэплъ хьэкухэр, ток кIапсэхэр, унащхьэр яхъуэжащ. ГъэсапIэр къыщызэIуахауэ щыта 1989 гъэ лъандэрэ иджыщ ъанэ щымыIэу щелэжьыжар. Абы щIохуэ сабий 300-м нэблагъэ. IуэхущIапIэм хэтщ сабий шхапIэ, медицинэм макъамэм, спортым хухэха пэшхэр.

Зыхуей хуагъазэ

Гъэ кIуам КъБР-м зэIузэпэщ щащIащ псэупIэ, цIыху зэхуэсыпIэ, зыгъэпсэхупIэ куэд. «Къалэ зэIузэпэщ» федеральнэ лъэпкъ программэм хэтащ республикэм и муниципальитет 40-м нэблагъэ. Зэрагъэпэщыжын хуейуэ щытащ цIыхубэ IуэхущIапIэу 31-рэ, пщIантIэ 89-рэ. 
- Мы зэманым лэжьыгъэр псори зэфIагъэкIащ. Къыхэгъэщыпхъэщ, цIыхухэм я зыгъэпсэхупIэхэр егъэфIэкIуэным, а щIыпIэхэр къабзэу зехьэным къалэдэсхэм я дежкIи, къеблагъэ хьэщIэхэм дежкIи мыхьэнэшхуэ зэраIэр. Псом хуэмыдэу, сабий джэгупIэхэр, машинэ гъэувыпIэхэр, лъэс лъагъуэхэр зыхуей хуэгъэзапхъэщ. Абыхэми куэдкIэ елъытащ цIыхухэм я узыншагъэр. Къабзагъэмрэ дахагъэмрэ нэр яхьэхумэ, псэми зегъэпсэху, арэзыныгъэри нэхъыбэ мэхъу. Абы папщIэ дэри щыIэ программэхэр къэдгъэсэбэпу, ди къалэр нэхъ дахэ, нэхъ екIу зэрытщIынум дыхущIэкъунущ» - жиIащ КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алим.
ЦIыхубэ зэхуэсыпIэу, зыгъэпсэхупIэу куэд зэрагъэпэщащ: къалэ жыг хадэ цIыкIуи 10, парки 2, лъэс лъагъуэу 2, ут 15, фэеплъи 2, Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 450-рэ зэрырикъум и цIэкIэ къызэрагъэпэща зыплъыхьыпIэр.

Зи щхьэ хуэлэжьэжхэм я бжыгъэм хохъуэ

Мелуан 25-м щынэсащ ди къэралым зи щхьэ хуэлэжьэжхэм я бжыгъэр, абыхэм я процент 60%-р зи ныбжьыр илъэс 35-м нэмыса щIалэгъуалэщ. Абыхэм ящыщ куэдым федеральнэ е щIыналъэ дэIэпыкъуныгъэягъуэтащ. Апхуэдэ хъыбар къитащ зи щхьэ хуэлажьэжхэм я комитетым и зи чэзу зэIущIэу Къэрал Думэм щекIуэкIам къыщыпсэлъа, УФ-м экономикэмрэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и Iэтащхьэ Решетников Максим.
Абы зэрыжиIащи, зи щхьэ хуэлэжьэж хьэрычэтыщIэ 13000-м мылъкукIэ зыщIагъэкъуащ. Языныкъуэхэм къагъэсэбэпащ микрозайм жыхуаIэр. Нэгъабэ апхуэдэ щIыхуэ къащтащ миниплIым нэблагъэм. 
Министрыр къытеувыIащ лъэпкъ проектхэм япкъ иткIэ ялэжь Iуэхугъуэхэм. Абы къыхигъэщащ лэжьапIэншэхэм папщIэ щыIэ центрхэм, «Мой бизнес» жыхуаIэ проектым и фIыгъэкIэ, лэжьапIэ къэзылъыхъуэхэр зэрыщрагъаджэр. Мы Iуэхум хэтщ субъект 68-м нэблагъэ, къыщежьам щыгъуэ щIыналъитху къудейт зэрыхъур. А щIыкIэм тету лэжьапIэншэ куэдым IэнатIэ ягъуэтащ. 2021 гъэм зи щхьэ хуэлэжьэж цIыхухэм я бжыгъэр мелуан 25,2-м нэсащ. 2021 гъэм и дыгъэгъазэм ехъулIэу IуэхущIапIэщIэу къэунэхуащ мин 952-рэ. Ар нэгъабэ елъытауэ процент 20%-кIэ нэхъыбэщ. Зи щхьэ хуэлэжьэжхэм я бжыгъэм къыхэхъуэныр къыхокI экономикэ щытыкIэр егъэфIэкIуэным ехьэлIауэ къэралым щагъэбелджылыпрограммэхэр сэбэп зэрыхъум.
 

 

 

НафIэдз Мухьэмэд.
Поделиться: