Бжьамийхэр ирашалIэ

«Социальная газификация» президент программэм ипкъ иткIэ Бахъсэн районым хыхьэ къуажипщIым дэт лъапсэ 52-м пщIэншэу газ бжьамийр ирашэлIащ. 

НобэкIэ газыр къалъысыну поплъэ цIыху 25-рэ, 40-м щIигъум зыхуэныкъуэ документхэр зыхуей хуагъазэ. 
«Программэм ипкъ иткIэ, цIыхухэм я мылъку хамылъхьэу газ бжьамийм пымыщIа уней лъапсэхэм газыр ешэлIэным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр йокIуэкI», - къыхигъэщащ Бахъсэн районым и Iэтащхьэм и къуэдзэ Уэйт Анатолэ. 
Программэм лэжьэн зэрыщIидзэрэ Бахъсэн районым щыпсэухэм лъэIуи II9-рэ щIыпIэ администрацэм ирагъэхьащ. 
 

 

Жыласэ Замир.
Поделиться: