И гупсысэхэр бзыгъэщ

Адыгэ лъэпкъым къыхожаныкI щIэныгъэ зыбгъэдэлъ, зи гупсысэхэр бзыгъэ, зи мурадхэр дахэ щIалэгъуалэ. Абыхэм уащыкIэлъыплъкIэ, уигу хохъуэ, уогугъэ. Лъэпкъым къуэпс узыншэу къыкъуожыж ахэр. Нобэ фэдгъэцIыху Мырзэкъан Ася абыхэм я зы щапхъэщ. Пщащэр ныбжькIэ щIалэщ, унагъуэ хъуагъащIэщ. 

IэщIагъэр

- Школым сыщыщIэс зэманым гуманитар щIэныгъэм сыдихьэхыу, бзэхэр сфIэгъэщIэгъуэну щытащ. А лъэныкъуэмкIэ сунэтIащ школ нэужьым. Москва, Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъуныгъэмкIэ Урысей университетым хамэ къэралыбзэхэр щадж и институтым щIэныгъэ щызэзгъэгъуэтащ. Срилэжьэну нэмыцэбзэрщ къыхэсхар. Сехъуапсэрт нэгъуэщI къэралхэм я щэнхабзэхэр зэзгъэщIэну, ар си лъэпкъым ейм езгъэпщэну. Абы папщIи бзэр Iэмал лъэщ дыдэщ. Дунейпсо IуэхущIапIэхэм сыщылажьэурэ, си зэфIэкIми хэзгъэхъуэну тезухуащ. Иджыпсту сыщылажьэр «Hawe Hydraulik» нэмыцэ компаниещ. Германием гидравликэ Iэмэпсымэ щищI заводхэр щегъэлажьэ. Дуней псом щекIуэкI проектышхуэхэм хэтщ, къэрал зыбжанэм езым и офис щиIэщ. Москва къыщызэIуихащ и офис – абы и генеральнэ унафэщIым срикъуэдзэщ. 

Бзэхэр зызогъапщэ

- Адыгэбзэр нэмыцэбзэми, инджылыбзэми, урысыбзэми изогъапщэ куэдрэ. Iуэху сщIыуэ къасщтэурэ зэзгъапщэу аракъым, атIэ махуэ къэс бзэ зыбжанэ къэбгъэсэбэпын хуей щыхъум деж, ар гупсысэкIэ зыбогъэзахуэ. Ещхькъым адыгэбзэр нэгъуэщIыбзэхэм, къахощхьэхукI. Анэдэлъхубзэр къыбдалъхуауэ уи лъымрэ уи Iэпкълъэпкъымрэ щыщ щыхъуам деж, дауи, гугъукъым. Ауэ, нэгъуэщI лъэпкъхэм ди бзэр зэрагъэщIэныр къегугъуэкIыну си гугъэщ. Зэрыпасэрейр и макъхэм къыхощ ди бзэм. Москва лъэпкъ куэдым къахэкIа щIалэгъуалэм садеджащ. Псоми бзэ щхьэхуэ щаIурылъкIэ, щхьэж и бзэм теухуауэ гъэщIэгъуэну хэлъымкIэ дызэдэгуашэрт. А зэманым къызгурыIуащ си бзэм и дахагъэри и гугъуагъри. КъызгурыIуащ бзэм лъэпкъым и дежкIэ и мыхьэнэр. Апхуэдэ дыдэу цIыху щхьэхуэм и дежкIи лъапIэу щытын хуейщ бзэр – лъэпкъ къэзырыхъур цIыху щхьэхуэ-щхьэхуэхэр зэкъуэувэурэщ. 

Балигъ сызыщIар

- Школыр къэзухыу Москва еджапIэ сыщыкIуам япэу зыхэсщIащ балигъ гъащIэр. Къуажэ унэ хуабэр къэзгъанэри, къалэшхуэм сыкъыдэхутат. Си закъуэт, си щхьэм Iэ къыдэзылъэхэм сапэIэщIэт. Сытыт сщIэнур – си бгыр щIэскъузэри, балигъ сыхъуащ. Зэгуэр сыстуденту Америкэм сыкIуауэ щытыгъащ пIалъэкIэ сылэжьэну. Апхуэдэхэм деж гупсысэ куэд зыбогъэзахуэ. Зыкъэслъыхъуэжырт: «Сыхэт сэ? Адыгэу дунейм сыкъыщытехьакIэ, сыт сэ лъэпкъым щыщ сызыщIыр?» Америкэм сызэрыщыIа мазэ бжыгъэм къриубыдэу си гупсысэм куэдкIэ зихъуэжащ. Си лъэпкъыр, си унагъуэр, си къуажэр нэхъри куууэ псэкIэ зыхэсщIэ хъуащ. Иджы согупсыс: сабийр бутIыпщын хуейщ, гъуэгу техьэну и мурадмэ, къэбгъэувыIэ хъунукъым. Дауи, IэфIщ адэ-анэм уабгъэдэсыну. Ауэ зыкъэпцIыхужыну Iэмал къозытыр гъуэгурщ.

Лъэпкъым сызэрыхуэхъуапсэр

- Сыхуейт слъагъуну ди лъэпкъыр зэкъуэту, цIыхухэм я зэхуаку пэжагъ дэлъу, щIэныгъэкIэ, хабзэкIэ, щэнхабзэкIэ, лIыгъэкIэ дунейм дыкъыщацIыхуну! Ди япэ итахэм яхузэфIэкIам дрогушхуэ, ауэ дэ езым мыхьэнэ зэттын хуей Iуэхугъуэ гуэрхэр тщогъупщэ. ФIым пытщэну къытщыгугъа хъунщ ди нэхъыжьхэр. АтIэ, дэри ди ужьым къихъуэнуIащ – мис абыхэм я щхьэр иредгъэхьэх хъунукъым. Аращ лъэпкъым папщIэ нэхъыщхьэр. 

 Къанокъуэ Арсен и жэрдэмыр

- ЩIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм зэрадэIэпыкъу Iуэху иубзыхуауэ щытащ Къанокъуэ Арсен. Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм щыщ щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я нэхъыфIхэр къыхишу, къэрал зызыужьахэм я щIэныгъэ щыхагъэхъуэну Iэмал яритыну арат. Сэри а зэпеуэм сыхыхьэри, сыпхыкIащ. ЛэжьапIэм сыщIэст, а хъыбарыр къыщысIэрыхьам. Сыгъащ - дэнэт здэсхьынур си гум имыхуэж гуфIэгъуэр?! 
Европэм и бизнес - школ зызыужьахэм сызыхуей унэтIыныгъэ къыхэсхыу сыщыхуеджэну сыхуитщ! Аракъэ насып жыхуаIэр?! 
 

 

Епсэлъар Гугъуэт Заремэщ.
Поделиться: