Куэд зыщыгуфIыкI ухуэныгъэ

 Ди  къэралым и сыт хуэдэ щIыналъэми хуэдэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым щолажьэ лъэпкъ проект куэд. Апхуэдэу, «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ ди щIыналъэм щаухуащ еджапIэщIэхэр, сабий гъэсапIэщIэхэр. Иджыблагъэ яублащ  аргуэру зы школыщIэм и ухуэныгъэр.
Прохладнэ къалэм щыпсэухэр дызэрыхьа илъэсыщIэм зыщыгуфIыкI Iуэхугъуэхэм ящыщщ  абы дащIыхь школыщIэр. Сабий 785-рэ зэкIуэлIэфыну еджапIэщIэм и лъабжьэр ягъэтIылъ мы зэманым.  Лэжьыгъэхэр  езыгъэкIуэкI  IэнатIэм и пашэ Соловьёв Алексей зэрыжиIэмкIэ, школыр  мы илъэсым къриубыдэу яухуэн хуейщ.  ЗэрытраухуамкIэ, абы и бжэхэр еджакIуэхэм къахузэIуихынущ 2022 гъэм и дыгъэгъазэм и пэщIэдзэм.  
 ЕджапIэр  ухуэныгъэ Iыхьитхуу зэгуэтынущ, абы хэтынущ спорт утыкуи IэрыщI удз алэрыбгъу зэрылъ  топджэгу  щIыпIи.
Прохладнэ къалэм нобэр къыздэсым дэтыр школи I0-щи,  абыхэм ящыщ  зыбжанэм егъэджэныгъэр зэщхьэщыхауэ, шэджагъуакIуи хэту, къыщызэрагъэпэщ.  IуэхущIапIэщIэм лэжьэн щIидзэмэ,  абы екIуэлIэнущ сабий куэд зыщIэс къалэ школхэм  я еджакIуэхэм  ящыщхэр.
Апхуэдэу зыхуей хуагъэзэнущ школыщIэм ухуэзышэ автомобиль гъуэгури, абы  епха инженер  коммуникацэхэри  щIэкIэ  яхъуэжынущ.  А лэжьыгъэхэм я проектхэр яубзыху мы зэманым.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться: