Адыгэ цIыху теплъэм«Конгрессым и библиотекэр» егъэщIэращIэ Америкэм и щыхьэр Вашингтон дэт «Конгрессым и тхылъ хъумапIэр» (Library of congress) дунейм библиотекэу тетхэм я нэхъ ину къалъытэ. «Адыгэхэм я щэнхабзэмрэ я IуэрыIуатэмрэ» зи фIэщыгъэ интернет напэкIуэцIым хъыбар къызэрыдигъащIэмкIэ, а IуэхущIапIэм и уардэуниплIым я нэхъыжь «Джефферсон Томас и ухуэныгъэм» и IуплъапIэ мывэ блыным адыгэ цIыхум и щхьэм и сурэт къыщыхэIущIыкIащ.
«Америкэм и щIэрэщIэгъуэ» зыфIаща лъэхъэнэм яухуа тхылъ хъумапIэм щIэныгъэм епха хъугъуэфIыгъуэхэр зэрыщIэлъым нэмыщI, езыри мывэхэкIым къыхэщIыкIа ухуэныгъэ къызэрымыкIуэщ. СурэтыщIхэр, скульпторхэр, щIэныгъэлIхэр зэчэнджэщыжурэ зэфIагъэува а уардэунэм и IуплъапIэм лъэпкъ 33-м я теплъэр мывэкIэ тращIыхьащ, дунейм щызекIуэ цIыху лIэужьыгъуэхэр къагъэлъэгъуэн папщIэ. «Лъэпкъыщхьэхэр» (Ethnological heads) зыфIаща а фэеплъ 33-м щым язщ адыгэ цIыхум и щхьэм и сурэтри. Шэчыншэ дыдэу щымытми, нобэкIэ утыку илъ хъыбархэм зэраIуатэмкIэ, а мывэ сурэтыр зыщIа скульпторхэу Бойд Уильямрэ Джексон Генрирэ щапхъэу яIар 1845 гъэм Келлог Кильбурн Минер ищIа, Смисониан музейм щIэлъ натыхъуеипщ Занокъуэ Сэфарбий и сурэтырщ.
Поделиться:
Читать также:
08.10.2026 - 12:26 →
Хэт тыгъэр зыхуэфащэр?
08.10.2026 - 09:58 →
Лъэпкъ щэнхабзэр япэкIэ зыгъэкIуэтахэр
06.10.2026 - 15:00 →
Шордакъдэсхэм я «Адыгэ унэр»
06.10.2026 - 11:51 →
Адэшхуэм хуэфащэ къуэрылъху
05.10.2026 - 15:39 →
Щэнхабзэ зэхыхьэ нэхъыщхьэхэм яз
| ||




