Псалъэм и купщIэр

Яжьэ теудэ – цIыхубз уэндэгъур щымылъхуэфым деж, фызгъалъхуэм жьэгу яжьэ къищтэрти абы и ныбэм трикIутэрт, щихуэрт: «тхьэм псынщIэу фызэIэпих», жиIэурэ.
Псыхэплъэ – хъыджэбз зи ишэгъуэхэр зэхуэсырт, шынакъым псы иракIэрти, я нэр ямыгъэупIэрапIэу абы хэплъэрт, зышэну щIалэхэм я сурэтхэр къищыну жаIэрти.
Вагъэбдзумэ хъуэхъу – вакIуэ щыдэкIа япэ махуэм япэ вагъэбдзумэр зрагъэхьыр къуажэм мыбы нэхъ гъавэ бэв къохъулIэ жыхуаIэу дэсыр арат. ВакIуэ тхьэмадэм махъсымэ шынакъ къищтэрти, гъэр бэв хъуну, гъавэ бэв къайхъулIэну хъуахъуэрт. Абы и ужькIэ япэ вагъэбдзумэр зыхуагъэфэщам пхъэIэщэкIыр иубыдырти вагъэбдзумэр хишырт.
ТхьэлъэIупэ – (вакIуэихьэж тхьэлъэIу цIыкIу). Дзейм хэтхэм вэн яуха нэужь нэгъуэщI зыри къахэмыту, езым я закъуэу тхьэлъэIу ящIыжырт. Iэщ фIагъэжырти яшхырт, махъсымэ фалъэ зырыз яубыдырти хъуахъуэрт, махъсымэр ирафа нэужь, пщыIэбжэм деж увхэрти фалъэхэр я щхьэмкIэ щхьэпрадзырт, пщыIащхьэмкIэ щхьэдэхуэхын хуэдэу. Абы и ужькIэ вакIуэ къурмэн ящIыну къуажэм дыхьэжхэрт.
Шэхэх – цIыхум и Iэпкълъэпкъым къыхэна фочышэ, шабзэшэ хуэдэхэр IэкIуэлъакIуэ дыдэу къыхэзыхыжыф адыгэ Iэзэхэм яхэту щытащ. Абыхэм шэхэхкIэ еджэрт.
Щыгъын гуэшыж – цIыхур дунейм ехыжа нэужь, илъэс дэкIмэ, абы и щыгъынымрэ Iэщэ-фащэмрэ ягуэшыжу щытащ. А махуэм шыгъажэ ящIырт. Зиш къытежым лIам зэрихьэу щыта нэхъ хьэпшыпыфI дыдэр иратырт. Ди зэманми хабзэр щыIэщ, ауэ куэдкIэ зихъуэжащ.
Хьэндыркъуакъуэ хуапэ – уэгъу щыхъуам деж уэшх кърагъэшхын щхьэкIэ хьэндыркъуакъуэ къаубыдырти бостей цIыкIу щатIагъэрт, мащIэу драдзейрти, къехуэхыжа нэужь къафэхэурэ джэрт, уэшх къешхыну лъаIуэхэу. Къэмыфэмэ, мыджэмэ къешхынукъым, жаIэрт.
ТхьэлъэIу – тхьэм елъэIун жиIэу аращ. ТхьэлъэIу щIащIыр Iуэхушхуэ гуэрым теухуауэ гущIэгъу къахуищIын папщIэ тхьэм елъэIунухэу арат. ТхьэлъэIур унагъуэ щхьэхуэхэми, хьэблэр е къуажэр зэгъусэуи ящIу щытащ. Апхуэдэуи ар гуфIэгъуэ гуэрхэми траухуэ. Япэ щIыкIэ тыхь фIагъэжырти, итIанэ тхьэлъэIум пыщIа Iуэхугъуэ псори ирагъэкIуэкIырт.

Думэн Хьэсэн.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу