Бзылъхугъэ щыпкъэм и фэеплъуНобэ ди щIэджыкIакIуэхэм къедгъэцIыхуну ди гуапэ бзылъхугъэр къыщалъхуар Къэрэшей-Шэрджэсырщ. Ди хъыбарыр зытеухуа езы Рэбихьэт КъШР-м и Хьэбэз районым хыхьэ Хьэбэз къуажэм 1942 гъэм дунейм къыщытехьащ. ЩакIуэ Билал и унагъуэм къихъуа сабий ещанэр и анэм и лъэныкъуэкIэ екIуэлIэжырт Кавказ Ищхъэрэм XIX - XX лIэщIыгъуэхэм я зэпылъыпIэм щыцIэрыIуэу щыта дин лэжьакIуэ Къардэн Умар. ЦIыхубэм ар къызэрацIыхур «Хьэж-Дадэ», «Умар-хьэжы» цIэхэмкIэщ. Умар бгъэдэлъа дин щIэныгъэм и кууагъым теухуауэ хъыбар куэд жаIэж, далъэгъуамрэ къыжьэдэкIауэ зэIэпахыжымрэ тхыдэ щхьэхуэ иIэщ. ЩIэныгъэ нэгъэса зыбгъэдэлъа апхуэдэ цIыхухэращ иужькIэ лъэпкъ хьэлыр яIэщIэмыхуу совет зэманым декIуэкIыфа адыгэ интеллигенцэр къызыхэкIахэр. Пасэу фIэкIуэда адэ-анэм я лъагъуныгъэр хуэчэм пэтми, Рэбихьэт хъыджэбзыфI зыщIын гулъытэм благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ щагъэщIакъым. Адыгэ хабзэмрэ дин щIэныгъэмрэ зыр адрейм къыкIэрымыхуу къыхапщащ хъыджэбз цIыкIум. Ардыдэр къыхощ езым и щIэблэм я цIыху хэтыкIэм. Абы езы Рэбихьэт Iэмал къритащ и щхьэкIэ зыхущыщIа адэ-анэ хуабагъыр и бынхэм тIуащIэ-щащIэу ятригуэшэжыну. Зауэ нэужь лъэхъэнэм къыхэтэджыкIа сабийхэм щIэныгъэм я гур етауэ къэхъуащ. Ставрополь дэт кооператив техникумыр къиуха нэужь, Рэбихьэт Мэзкуу дэт кооперативнэ институтым щIэтIысхьэжри, щалъхуа районым игъэзэжащ, зы IэнатIэм адрейр къыкIэлъыкIуэу, товароведу, экономисту, Хьэбэз районым и райпом и унафэщIу лэжьащ. IэнатIэм пэрытыху зэи тхылъыр игъэтIылъакъым хужыпIэмэ, узэрыщымыуэнум и щыхьэтщ Рэбихьэт и бынитI - Аслъэнрэ ФатIимэрэ - щIэныгъэхэм я доктор зэрыхъуар. Дэтхэнэ цIыху цIэрыIуэми и щIыбагъым ар фIыуэ къэзылъагъу псэ къабзэ гуэр къыдэтщ жаIэ. Езыри пщIэрэ щхьэрэ зиIэ къулыкъущIэу щыта пэтми, и къару илъыгъуэм экономист IэщIагъэм и гуащIэр тезыухуа Рэбихьэт цIыхухэм я гум къызэринар Къэрэшей-Шэрджэсым и премьер-министру лэжьа и щхьэгъусэ Уэз Анатолэ диухуа унагъуэ дахэм къыщыхъуа и бынхэмрэ абыхэм къащIэхъуа къуэрылъху-пхъурылъхухэмрэ я ехъулIэныгъэхэмкIэщ. Гущабэхэр нэхъапэ дунейм йохыж жаIэ. Бзылъхугъэ Iущым унагъуэм кърина, жылэм къахина гукъэкIыжхэм иджы езым и цIэр махуэ къэс нэхъ лъагэу еIэт. Я адэ-анэм пхаубыкIа гъуэгуанэрщ нобэ зрикIуэр Уэз Анатолэрэ Рэбихьэтрэ я къуэ Аслъэни, япхъухэу ФатIимэрэ Мадинэри, абыхэм я бынхэри. Экономикэ щIэныгъэхэм я доктор Уэз Аслъэн къыхихар и анэм и IэщIагъэрщ. Зэман дэкIри, Аслъэни, и адэм ещхьу, КъШР-м и Правительствэм и УнафэщI къулыкъур къыхуагъэфэщащ. Адыгэм и блэкIар къызыфIэIуэхухэм зэхамыхынкIэ Iэмал иIэкъым тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Уэз ФатIимэ и цIэр. Илъэс куэдкIэ гу дохутыру лэжьа Мадинэ дызэрыт зэманым УФ-м Социальнэ страхованэмкIэ и фондым КъШР-м щиIэ къудамэм и унафэщIщ. Рэбихьэт и цIэр куэдрэ ягу къагъэкIыж бзылъхугъэ хьэлэлым и мылъку зытригъэкIуэдэрейуэ щыта цIыхухэм, псом хуэмыдэу Абу Хьэнифэ и цIэр зэрихьэу Черкесск дэт ислъам институтым. Адыгэбзэр и щIасэу, лъэпкъ Iущыгъэр и Iэпэгъуу дунейм тета Рэбихьэт илъэс 78-кIэ псэуати, а илъэсхэр цIыхугъэрэ щIэныгъэкIэ, гумащIагъэрэ дахагъэкIэ гъэнщIауэ зэрыщытар цIыхухэм я гум къинащ.
Поделиться:
Читать также:
18.03.2025 - 15:21 →
ФифI фымыгъэпуд, фи Iей фымыгъэпщкIу
18.03.2025 - 14:30 →
НэхъыфIым и шэсыпIэхэр
17.03.2025 - 14:36 →
Ахъшэр зыужьыныгъэм къыхуагъэсэбэп
17.03.2025 - 13:33 →
Шэмрэ шатащхьэмрэ
17.03.2025 - 13:00 →
Шхыныгъуэ пщтырхэмкIэ къызэрагъэпэщ
|