Иджырей матэ зи IэрыкI

Махъсидэ (Гуанэ) Аидэ ХьэпцIей къуажэм къыщыхъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш академием экономисту щеджащ. Ар щолажьэ республикэм и щIэныгъэ къэхутакIуэ институтым и щIэныгъэ архивым. Аидэ зытедгъэп­сэ­лъыхьар матэ щIыным зэрыдихьэхырщ. Тхы­лъымпIэ IувкIэ быдэу зэхэIуэнтIа чы IэрыщIым куэд къыхещIыкI: я инагъкIэ куэду зэщхьэщыкI матэхэр, унэр зэрагъэдахэ хьэпшып цIыкIухэр, къэлътмакъхэр, хьэкъущыкъухэр, уеблэмэ бзухэм я шхапIэ-унэ цIыкIухэр.
Аидэ жеIэ бзылъхугъэм и псэм фIэфI Iуэху гуэр ищIэу зригъэсэныр сэбэпу. Езым гукъыдэж кърет матэхэм елэжьыным, къигупсыс хьэп­шыпхэм епэщэщыным. Матэ зэрыхъэным теу­хуауэ жеIэ:
- Матэр чым къыхащIыкI хабзэщ. Ауэ сэ си матэхэр тхылъымпIэ шыхьам къыхокI. Къалэ унэм чы щызепхьэфынутэкъыми, сэ а Iэмалым сы­хуэкIуащ. ТхылъымпIэр быдэу зэхаIуантIэри чы цIыкIуу яху. Абы къыхэсщIыкI матэхэр куэдрэ зокIуэ, быдагъкIи дагъуэ яIэкъым. ПсыкIэ зэхэщIа лэчкIэ согъэлыдыж. И гъэкъэбзэнри гугъукъым: щэкI щабэкIэ зэпыплъэщIыхьын ­хуейуэ аращ. ЩэкIыр псыф пщIыми ягъэ кIыркъым.
Матэ хуным зрипщытын ипэ Аидэ нэхъыжьхэм ечэнджэщащ, щIэныгъэ лэжьыгъэхэм еджащ. Интернетым абы хуэзыгъасэу илъ видеохэр куэду сэбэп къыхуэхъуащ. И нэхъыжьхэм зыгуэркIэ япещIэж и IэпэIэсагъым:
- Арджэн щIынымрэ бжыхь хунымрэ я лIэужьыгъуэщ матэ щIыныр. СыщIэупщIэурэ, си IэщIагъэм епха фIэщыгъэ зыбжани къэсщIащ. Псалъэм папщIэ, чыр зэтшэкIым бжэгъулъэкIэ йоджэ. ЗэрыхъэкIэр лIэужьыгъуэу зэщхьэ­щокIхэр: бэзэр щIыкIэ - арджэным нэхъ къы­щагъэ­сэбэп зэхэухуэнэкIэщ, бжьэпэтехуэ - зэрызэхуащIыж сатырщ, лъапэрисэ - хъару зэ­рызэхуащIыж сатырщ, теухуэныкIа - и бгъумкIэ ухуэнауэ кърикIуэ сатырщ.
И адэшхуэ-анэшхуэхэр зыхуэIэзэу щытахэри игу къегъэкIыж. ЗэрыжиIэмкIэ, дэзыхьэх IэпэIэсагъэми блэкIам ижь къыщIихуащ, япэ итахэм япещIэж.
- Нэхъапэхэм адыгэ унагъуэхэм щащIырт, къыщагъэсэбэпырт чы матэхэр. Си адэшхуэ Ди­н­ислъам колхозым и лэжьакIуэу щытащ матэ хунымкIэ. Бжьыхьэм деж колхоз губгъуэм кърах нартыхур зралъхьэ чы матэшхуэхэр зыщIхэм яхэтт.
Си анэшхуэ Къарэлхъан дыщэидэм хуэIэзэт, щIакIуэ ищIырт, фащэ идырт. Си нанэ Таужан езым и IэкIэ ищIауэ щыта шылэхъарыр сэ зызохьэ. Ди нэхъыжьхэр куэдым хуэIэкIуэлъакIуэу щытащ. СфIэфIщ пасэм дыпызыщIэ гуэр злэжьыну - матэ хуным аращ сыщIыдихьэхыр,- жеIэ Аидэ.

Гугъуэт Заремэ.
Поделиться: