Мэлгъэбэгрэ Мэздэгурэ щахъумэм...115-нэ шу дивизэм и цIэр зезыхьэ Налшык лъыхъуакIуэ гупым хэтхэм Курп Ипщэ яхъумэу иIэ щIыпIэ хэхам (КъБР-м ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм епхащ) и лэжьакIуэхэр я гъусэу, иджыблагъэ къуажэм и ипщэ-къуэкIыпIэ гъунэмкIэ хуэзэу зауэлIищым я къупщхьэлъапщхьэхэр къыщагъуэтыжащ. Ар къызэрагъэпэщат «Фэеплъым и вахтэ - 2022 гъэ» Iуэхугъуэшхуэр екIуэкIыным и пэ къихуэу. Гупым я унафэщIу щыта Заруцкий Олег зэрыжиIамкIэ, къыщIатIыкIыжа къупщхьэлъапщхьэхэр зейхэр хэкIуэдауэ щытащ 1942 гъэм Мэздэгурэ Мэлгъэбэгрэ яхъумэу екIуэкIа зэхэуэм.
Поделиться:
Читать также:
11.07.2026 - 13:45 →
Унагъуэ. Лъагъуныгъэ. Зэхуэпэжыныгъэ
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
11.07.2026 - 12:26 →
Яухынущ дызэрыт илъэсым
11.07.2026 - 11:18 →
Къызэрагъэпэщынущ кIэлъыплъыныгъэ
11.07.2026 - 11:00 →
Къалэм и зэIузэпэщыгъэр яубзыху
| ||




