Къуаншагъэр зэрагъэзэкIуэж IэмалыщIэ

Урысей ФСИН-м илъэситху хъуауэ къегъэсэбэп зэхащIыхьа щIэпхъаджагъэр зэхагъэкIыу суд унафэкIэ тезыр зыт­ралъ­хьахэм я къуаншагъэр лэжьыгъэкIэ егъэпшыны­жы­ным хуэунэтIа Iэмалыр. Федеральнэ IэнатIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм егъэ­щIылIа апхуэдэ центр ди рес­публикэми щыIэщ.

Хабзэм ебэкъуауэ, щIэпхъаджагъэ ялэжьауэ къалъытэу абы хуэфэщэн тезыр зытралъхьахэм ящыщхэр хуит ящI щхьэ­хуимыту щаIыгъыну пIалъэр тутнакъэщхэм имысу, къыхуагъэлъагъуэ лэжьыгъэм пэрыту центр хэхам щрахьэкIыну. Апхуэдэ Iэмал зратхэм ящыщщ япэу къыщIэхуахэр, щIэпхъаджагъэр, ари мыхьэлъэу, а зэм фIэкIа зымылэжьахэр, щхьэхуимыту щаIыгъыну тралъхьа пIалъэр мазитIым къыщыщIэдзауэ илъэси­т­хум щIимыгъумэ.
ЦIыхур тутнакъ щIыным и пIэкIэ егъэзыгъэкIэ гъэлэжьэныр Урысейм къыщагъэсэбэпу щIадзащ 2017 гъэм. Илъэс дэкIри, Прохладнэ къалэм къыщызэрагъэпэщащ «ЩIэпхъаджагъэ зылэжьахэм я къуаншагъэр щагъэзэкIуэж центр №1» кIэзонэ IуэхущIапIэр, Урысей ФСИН-м и ­Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щы­Iэм хыхьэу. 2019 гъэм и пэщIэдзэм абы ­къашэу щIадзащ ямыгъэтIысу тезы­рыр зыпшыныну суд унафэкIэ хуит ящIахэр. Ар цIыхуищэ зэуэ щыIэным тещIыхьащ - цIыхухъу 70-рэ цIыхубз 30-рэ щIэхуэнущ.
Центрыр зищIысым и гугъу пщIымэ, тутнакъхэр гъэлэжьэным сыткIи хуэ­щIащ. И улахуэм щыщу судым игъэува Iыхьэм хуэдиз къэралым Iэрохьэ, езыхэр общежитхэм щопсэу, щыIэ хабзэхэр ягъэзащIэу.
- Зи хьэкум ящIар центрым къэтшэн ипэкIэ абы дыкIэлъоплъ, допсэлъылIэ. Ар лэжьыгъэм жэуаплыныгъэ хэлъу бгъэ­дэтын, жылагъуэ Iуэхухэм хэтын хуейщ. IуэхущIапIэр зыхуэгъэпсар хабзэм ебэ­къуам и къуаншагъэр къыгурыгъэIуэ­жынырщ, гъуэгу захуэм теувэ­жыным, апхуэдэ афIэкIа къыIэщIэ­мыщIэным зыт­риухуэнырщ - жыпIэнурамэ, и щыуагъэр игъэзэкIуэжынырщ, - жеIэ центрым и уна­фэщI, къэрал кIуэцI къулыкъум и подполковник Щомахуэ Нарзан.
ЩIэпхъаджагъэ зылэжьахэр центрым яша нэужь ахэр щыгъуазэ ящI абы и хабзэхэм, ящIэ хъуну-мыхъунухэр гурагъаIуэ, иужькIэ лэжьапIэ ягъэув. Къуэншахэм ­хуамыдэхэм ящыщщ афиянрэ фадэрэ къыдахьэ, ахэр зрахьэлIэ, хуит ямыщIауэ общежитым къедза гъунапкъэм икI зэрымыхъунур, апхуэдэу центрым щыгъэува хабзэми ебакъуэу хуадэнукъым. ЕрыскъыхэкIхэри зыхуеину хьэпшыпхэри къыдахьэ хъунущ, ауэ ахэр къапщытэ, зыхуимыт гуэрхэр хэлъмэ зрагъэщIэн щхьэкIэ.
Центрым щыIэхэм илъэсым зэ махуэ ­18-кIэ зрагъэгъэпсэху. IуэхущIапIэм и унафэщIхэм хуит ящIмэ, а зэманыр я унагъуэхэм яхэсу ягъакIуэ ­хъунущ. Те­зыр зы­телъхэм хуащI нэ­гъуэщI ху­дэ­чыхыныгъэ­хэм ящыщщ, центрым щы­Iэху хабзэр къызэпамыудамэ, ныкъуса­ныгъэ гуэркIэ къы­щIэмыхуамэ, а псор зэпилъытрэ уна­фэщIым хуит ищIмэ, я унагъуэхэм щIыгъуу псэуну - центрыр здэщыIэ муниципальнэ щIыналъэм унэ бэджэнду къыщащтэу е къыщащэхуу абы щыIэурэ я пIалъэр ирахьэкIыну. ИджыпстукIэ  апхуэдэ ­хуи­­тыныгъэ иратащ цIыхуитхум. Ахэр центрым ма­­зэм плIэ къекIуалIэурэ я Iуэху зытетым унафэщIхэр щыгъуазэ ящI.
- Дэ ди къалэныр щыуагъэ зы­Iэ­щIэ­щIахэр гъащIэм, жылагъуэм тэ­мэму, гузэрыдзэ ямыщIу хэдгъэ­хьэжынырщ. Ахэр мыбы дэдубыдэну ди мурадкъым, атIэ хуит хъужа нэужь зыми зэран хуэ­мыхъуу лажьэрэ шхэжу, я щхьэ Iуэху дагъэкIыжыфу псэуным тедухуэнырщ зи Iуэху зетхуэр, - жиIащ центрым и уна­фэщIым. - Ди нэIэ щIэтхэм лэжьыгъэ къа­хуэдмы­гъуэтыфу апхуэдэ гугъуехь диIэкъым. Мы зэманым Прохладнэ къалэм и IуэхущIапIэ 20-м зэгурыIуэныгъэкIэ дапыщIащ тутнакъхэр щыгъэлэ­жьэ­ным теу­хуауэ. Ди деж щыIэхэм я нэхъыбэр хьэлэлу щхьэж и IэнатIэ пэ­рытщ, сыту жыпIэмэ, зыгъэлажьэхэм я губгъэн къамыхьу, тэмэму зи къалэнхэр зыгъэзащIэхэм Iэмал ягъуэт нэхъ пасэу хуит хъужу я уна­гъуэхэм яхы­хьэжыну.
Мы центрым щыIэ хабзэхэм хуэдэхэм тет къудамэхэр яIэщ Урысей ФСИН-м и Управ­ленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм хыхьэ 4-нэ, 5-нэ колониехэми, цIыху 40-м, 50-м ятещIыхьауэ. Абыхэм ягъакIуэ гъуэгу захуэ теувэжу гу зылъатэ тутнакъхэр. ЛэжьыгъэкIэ тезырхэр егъэпшыныжыныр зи лъабжьэ Iэмалыр нэхъыбэрэ къэралым къыщагъэсэбэп зэрыхъум къыхэкIыу, Къэбэрдей-Балъкъэрми иджыри апхуэдэ зы центр къыщызэIуахыну я мурадщ. Ар щаухуэнущ судкIэ тезыр зытралъхьахэм IэнатIэ нэхъ щагъуэтыну къалъытэ щIыпIэм, сыту жыпIэмэ, лажьэкIэрэщ абыхэм я ­къуаншагъэр зэрагъэзэ­кIуэжыфынур.

ЗЭБАР Мадинэ, КъБР-м щыIэ УФСИН-м и пресс-IэнатIэм и унафэщI.
Поделиться: