Гъуазджэм хуэфащэ гулъытэ игъуэтмэ

          Зыужьыныгъэм хуэкIуэ тхыдэ гъуэгуанэ кIыхь икIи гугъу къэзыкIуа, гъуазджэм и цIыху гуащIафIэхэр зэхуэзышэса УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэр 1956 гъэм къэунэхуащ. Нобэ абы художник зэчиифIэу 80-м щIигъу щолажьэ.

         Жанр зэхуэмыдэхэм зи зэфIэкI щызыгъэлъагъуэ сурэтыщIхэм я IэдакъэщIэкIхэр ди республикэм, Урысейм и щIыналъэхэм, нэгъуэщI къэралхэм къыщызэрагъэпэщ гъэлъэгъуэныгъэхэм хэтщ.

         УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и республикэ къудамэм и лэжьакIуэхэр щIыналъэм къыщыхъу Iуэхугъуэхэм сыт щыгъуи дызэрыпэджэжым къыдэкIуэу, махуэшхуэхэм ирихьэлIэу дегугъуу гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэнхэр къызыдогъэпэщ. Псалъэм папщIэ, 2007 гъэм, ди зэгухьэныгъэр илъэс 50 щрикъум, СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ, Лъэпкъ музейхэм, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фондым щыдгъэлъэгъуахэр республикэм и художественнэ щэнхабзэм къикIуа гъуэгуанэм, абы зэрызиужьам и щыхьэтщ.

          60-70 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и сурэтыщI гъуазджэм къыхыхьа художникхэр ноби жыджэру зэрылажьэр дызыгъэгуфIэ Iуэхущ. Абыхэм я IэдакъэщIэкIхэм IупщIу щыболъагъу ди сурэтыщIхэр щылажьэ унэтIыныгъэщIэхэр зыхуэIэижь Iуэхухэр.

           ЖыIапхъэщ, зэгухьэныгъэм хэт гупым и фIыпIэр республикэм и гъуазджэм 70, 80, 90 гъэхэм къыхыхьа сурэтыщIхэрауэ зэрыщытыр. Ауэ, иужьрей зэманым а нэхъыжьыIуэхэм къахыхьащ иджырей Iэмалхэр тегъэщIапIэ зыщIурэ лажьэ художник щIалэхэр. Апхуэдэхэщ, Пащт-Хъан Алим, Новиковэ Еленэ, Хьэжу Мурат, Аккизовэ-Къущхьэ Имарэ, Жылэ Къантемыр, Аккизов Чэрим, Хьэжы ФатIимэ сымэ, нэгъуэщIхэри. СурэтыщI Iэзэу зыкъэзыгъэлъэгъуа художник щIалэхэри диIэщ. Ахэр Мэзло Руслан, Дэцырхъуей Рузанэ, Тумэ Залым, Абей Iэсият сымэщ.

            КуэдкIэ дызыщыгугъ а сурэтыщI щIалэхэр диIэ пэтми, гу лъыдотэ, нэхъапэм ебгъапщэмэ, гъуазджэм зезыпщытхэм я бжыгъэм фIыуэ зэрыкIэрыхуам. Ар Iуэхугъуэ куэдым епхащ. Нэхъапэхэм сурэтыщIхэр щылэжьэну пэшхэмкIэ къызэгъэпэщыныр къэралым и пщэ дилъхьэжауэ, нэгъуэщI гулъытэхэри яхуищIу щытамэ, нобэ художникхэм езыр-езыру я щхьэ ягъэпсэужын хуей мэхъу. ЗэрытщIэщи, гъуазджэм и цIыхухэм мылъкушхуэ ябгъэдэлъкъым. Абы къыхокI, зэчий зиIэу республикэм ис цIыху куэд нэгъуэщI щIыпIэхэм Iэпхъуэныр.

            Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ар республикэм и щэнхабзэм и унэтIыныгъэ псоми хэплъагъуэ Iуэху зэIумыбзщ. А Iуэхур зы пIэм имыуджыхьу щыкIуэтэнур, япэрауэ, къэралым, республикэм я унафэщIхэм гъуазджэм нэхъапэм иIа пщIэр къызэраIэтыжыну хэкIыпIэ къалъыхъуэрэ къагъэщIэрэщIэжмэщ. ЕтIуанэрауэ, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ  я лэжьакIуэхэр зыхущыщIэ щымыIэу псэууэ къыдэкIуэтей щIэблэм ялъагъумэщ абы зэхъуэкIыныгъэфI щиIэнур. Къэралым и нэIэ гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ къытет пэтми, къыхуищIэр мащIэщ. МыдэкIэ, гъуазджэм и цIыхухэм я гъащIэр нэхъ дахэ, екIу хъун папщIэ, дэ тхузэфIэкI длэжьыну дыхьэзырщ.

         Ди республикэм и художник куэдым цIэ лъапIэхэр къыхуагъэфэщауэ щIыхь пылъу зэрахьэ. Апхуэдэхэу Пащты Германрэ КIыщ Мухьэдинрэ ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и член-корреспондентщ; Пащтыр Красноярск щыIэ художественнэ институтым и профессорщ. ХудожникитIри нэгъуэщI щIыпIэхэм щолажьэ, республикэм пыщIэныгъэ быдэ хуаIэу.

СурэтыщI цIэрыIуэу нобэ къытхэмытыжхэм я гуащIэри дэ зэи тщыгъупщэнукъым, я IэдакъэщIэкIхэр зэрытхузэфIэкIкIэ дегугъуу тхъумэнущ.

 

         

         

          

СЫНДЫКУ Нелли, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и секретарь.
Поделиться: