ДзасэкIэ гъэжьа былымыл IыхьэхэрАбы щхьэкIэ нэхъ къащтэр былымыл нэхъ щабэщ. ЛыпцIэр яупщIатэ и кIыхьагъыр см 11 - 12, и бгъуагъыр - см 6, и Iувагъыр - см 2 - 2,5-рэ хъууэ. Ахэр фалъэм иралъхьэ, шыгъу, шыбжий халъхьэ, бжьыныщхьэм ипс къыщIэкъузыкIар хакIэри, фIыуэ зэIащIэ. И щхьэр трапIэри, дакъикъэ 20 - 25-р хуэдизкIэ щIыIапIэ щагъэтщ. ИтIанэ лы Iыхьэхэр я кIыхьыпIэмкIэ дзасэм фIаIури дэпкIэ ягъажьэ, дзасэр ягъэкIэрахъуэурэ. ЩагъажьэкIэ мэлыщэ гъэвэжа щахуэ, нэхъ тхъуэплъ, дахэ хъун, мэ дахэ къыкIэрихын щхьэкIэ. Лы жьар дзасэм къыфIахыжри тепщэчым иралъхьэ. Бжьын цIынэ гуэплъхьэми хъунущ. Яшх пщтыру, пIастэ, мырамысэ хуабэ, чыржын, хьэлIамэ, мэжаджэ, щIакхъуэ докIу.
Поделиться:
Читать также:
19.04.2024 - 12:55 →
Мыщэ хужьхэр гугъу езыгъэхьыр
19.04.2024 - 12:41 →
ТекIуэныгъэм и диктантым къэрал 50-м щIигъу хэтынущ
19.04.2024 - 11:18 →
МыкIуэдыжын фэеплъ
18.04.2024 - 17:15 →
ХьэщIэщхэмрэ хьэщIэхэмрэ
18.04.2024 - 14:10 →
Ди щIыналъэм и щIыпIэ дахэхэр
|