Зэманым и лIыхъужь

Сосналы СулътIан и цIэр Кавказым и тхыдэщIэм хэтха хъуащ, а цIыхум адыгэ лъэпкъым и пщIэр зэриIэтам шэч хэлъкъым.
СССР-р зэхэкъутэжу абы хыхьэ лъэпкъхэр я щхьэхуитыныгъэм щIэхъуэпс щыхъум, мамырыгъэм и уасэр фIыуэ хэхъуащ. IуэхуфI къэс захуагъэм щIэбэн лIыхъужьхэм щапэщIэту тепщэныгъэм хуэпабгъэ щхьэзыфIэфIхэри утыку къихьащ. Абыхэм я зэхуаку къыщыхъей къаугъэхэращ, зэрыжаIэщи, лажьэрэ шхэжу псэу цIыхубэм и гупсэхугъуэр къэзыгъэтIасхъэр. Зи гугъу тщIы илъэсхэм Сосналы СулътIан Кавказым и бгырыс лъэпкъхэм я конфедерацэм мамырыгъэр хъумэнымкIэ и унафэщIт. Аращ щхьэусыгъуэ хуэхъуари абы АбхъазымкIэ кIуэ гъуэгур пасэу зэрыпхишам.
Куржы-абхъаз зэрыхьзэрийм и гуащIэгъуэр къыщыблэгъам, Сосналым и ныбжьыр зэрыхъур илъэс 50-т. Ар подполковникт, Сызрань дэт АвиацэмкIэ еджапIэмрэ маршал Жуковым и цIэр зезыхьэ академиемрэ къиухри, СССР-м и уэгур зыхъумэ дзэхэм кхъухьлъатэзехуэу, иужькIэ авиацэмкIэ IуэхущIапIэм и унафэщIу илъэс зыбжанэкIэ лэжьат. Кавказым и мамырыгъэр хъумэныр къалэн щыхуэхъум, лъэпкъ зэхэгъэж жыхуаIэр имыщIэу, ар осетинхэмрэ ингушхэмрэ, куржыхэмрэ абхъазхэмрэ я зэхуаку дэтащ, ахэр зэгуригъэIуэным, псалъэ къызыхуагъуэтыным елIалIэу. Зауэр къыщыхъеям: «Дэ дызэзауэр куржыкъым, икIи сонэкъым, икIи мингрелкъым, - жиIат Сосналым, телевиденэмкIэ абхъаз цIыхубэм зыхуигъазэу. Дызэзауэр абхъазыщIым къэкIуауэ цIыхухэр зэтезыукIэ зэрыпхъуакIуэхэрщ. Абы пэщIэтыныр дэ тщыщ дэтхэнэ зыми и къалэн лъапIэщ. ТекIуэныгъэм фыпэплъэ!»
ТекIуэныгъэри жыжьэ щымыIэу къыщIэкIащ. Апсныр хуит щыхъужа махуэм Сосналым Ингур псыежэхым щыщ къригъахъуэри, Абхъазым и Президент Ардзинбэ Владислав, бийм хэкур зэрибгынам и щыхьэту, абы иригъэIубыну ежьащ, хъыбарыфIыр япэ езым лъигъэIэсмэ и гуапэу.
Илъэс зыбжанэ дэкIыу илъэс 66-м ит генерал Сосналы СулътIан дунейм щехыжым, хъыбар гущIыхьэм абхъазыщIыр зэлъищIысащ. Ардзинбэ Владислав абы и унагъуэм къыхуэгузэвауэ щытащ: «Генерал Сосналыр игъащIэкIи дигу илъынущ лIыгъэм, щыпкъагъэм, захуагъэм и щапхъэу. Абы тхыдэм хэмыгъуэщэжын Iуэхутхьэбзэ ди лъэпкъым къыхуищIащ. Дзэпщ, цIыхубэ унафэщI Сосналы СулътIан цIыху щэджащэт, совет нэужьым къэунэхуа тхыдэм зэкъуэшыгъэм, илъэс куэдкIэ зэкъуэхуауэ щыта кавказ лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр къэгъэщIэрэщIэжыным абы хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ».
Сосналым зэрихьа лIыгъэр цIыхухэм хъыбар кIэщIу къаIэрыхьэ щхьэкIэ, ар а лъагапIэм хуэкIуащ езым и гъэсэныгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ я фIыгъэкIэ. СулътIан и къуэш нэхъыщIэ Анатолэ игу къегъэкIыж зэрыцIыкIурэ и шы нэхъыжьыр анэм хуэжыIэщIэу, еджэнкIи, лэжьэнкIи, цIыху хэтыкIэкIи япэ къищ щымыIэу зэрыщытар.
Генералыр Къэбэрдейм щызыцIыхуахэми зауэм къыдыхэтахэми ягу къагъэкIыж ар цIыху зэпIэзэрыту, щабэу, псалъэ лей жимыIэмэ нэхъ къищтэу зэрыщытар. Ара къыщIэкIынщ лIыгъэ нэсым и шыфэлIыфэри зыхуэдэр. «Си дежкIэ куэдкIэ нэхъ тыншт цIыхум унафэ хуэсщI нэхърэ сэ езым Iэщэ сIыгъыу зауэ IэнатIэм сыIутамэ», - игу къигъэкIэжырт бийм псэууэ зыкъыIэримыгъэхьэн щхьэкIэ сыт щыгъуи зы шэ и щхьэм хуэзыхъумэу щыта СулътIан.
Абхъаз дадэхэм я гум къинэжащ ахэр Сосналым деж лъэIуакIуэ кIуауэ зэрыщытар. Ди сэлэтхэм я гъуэгур зэпиупщIу губгъуэр лагъымкIэ бийм щисейм, нэхъыжь зыбжанэ штабым къакIуэри генералым къелъэIуащ: «Дэ фяпэ диту лагъымыр зыщIэлъ губгъуэм дрикIуэнщ», - жаIэри. Сосналым абыхэм ярита жэуапыр тхыдэм къыхэнащ: «Дэ тхузэфIэкIыхукIэ ар фэдгъэщIэнкъым. Ауэ апхуэдэ нэхъыжьхэр зиIэ лъэпкъыр мы зауэм зэрыщытекIуэнур хьэкъщ».
Абхъазым Сосналым къыхуаIэ фIылъагъуныгъэр абы къыхуагъэфэща усэхэми, и цIэр зыфIаща уэрамхэми къагъэлъагъуэ. ЦIыхур фIыуэ щыплъагъум и деж ар уэ уэщхьу къызыфIыбогъэщI. «Ар апхуэдизкIэ ди гъащIэм екIуу хэзэгъати, къыддалъхуауэ, мыбы къыщыхъуауэ фIэкIа пщIэнтэкъым, - жеIэ Абхъазым зыхъумэжыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэу зауэ зэманым лэжьа Ардзинбэ Павел. - СулътIан сабийхэми, балигъхэми, ныбжь зиIэхэми я псэхэм щекIуэкIыр зыхищIэрт, псори игу тригъэхуэфырт. Дакъикъитху-хыкIэ къыбгъэдэта цIыхур абы бгъэдэкIыжыфыртэкъым езым хэлъ нэмысымрэ хабзэмкIэ, зыIыгъыкIэмрэ зэпсалъэм хуищI пщIэмкIэ апхуэдизкIэ къыдихьэхырти».
Абхъазхэм я щхьэхуитыныгъэр къазэужа щхьэкIэ, ар политикэ и лъэныкъуэкIэ Iуэху тIасхъэу къызэрынэр щызыпхагъэIукIым, Сосналым и Iуэху еплъыкIэр жиIащ: «Псори зэлъытар Урысейращ. Ар Абхъазым и хуитыныгъэм щыхьэт техъуэмэ, зэфIэкIащ». Генералым зэрыжиIауи, нобэ Апсныр лъэпощхьэпо нэхъ гугъусыгъухэр къызэзынэкIа къэрал щхьэхуитщ. Апхуэдэ насып абхъаз лъэпкъым зэригъуэтам Сосналы СулътIан я пашэу мафIэм хыхьа ди щIалэхэм я фIыщIэщ.
«Сосналы СулътIан Абхъазым и тхыдэщIэм къыхэлыдыкI лIыхъужьхэм ящыщщ, - итхыжащ Бэгъэпщ Сергей. – Ар гушхуэ зыкIуэцIылъ, удэлэжьэнуи удэуэршэрынуи гухэхъуэ цIыхут. Дэ, абхъазхэр, гугъуехь дыщыIущIэм, ди насып къикIащ апхуэдэлI дэIэпыкъуэгъуу дгъуэтыну».
Подполковникыу щIэзыдза Сосналыр зауэм и кIэм генерал-лейтенант хъуат. Хъыбару кърахьэкI ар Абхъазым зыхъумэжыныгъэмкIэ и министру лэжьэху Куржым а IэнатIэ дыдэр зезыхьэ генералиплI щызэрахъуэкIауэ.
Саугъэтхэм цIыхум ищIар нэсу къагъэлъагъуэу пхужымыIэнуми, абыхэм лIыхъужьыр зрикIуа гъуэгум и лъэужь къытранэ. Сосналым «Абхъазым и лIыхъужь», «СССР-м щIыхь зиIэ и кхъухьлъатэзехуэ» цIэ лъапIэхэр къыфIащащ. Бэракъ Плъыжьым, Невский Александр, «Ахьдз-Апша» орденхэр къыхуагъэфэщащ. Ауэ дамыгъэхэм я нэхъ лъапIэу абы къыIэрыхьащ куэдым гъащIэм къримыт Iэмал гъуэзэджэ – лей къызытехьа лъэпкъым и къыщхьэщыжакIуэ пэж хъунымрэ цIыхухэр къыхуэарэзыуэ дунейм ехыжынымрэ.

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться:

Читать также: