ЛIыхъужь и лъэужь кIуэдыркъым

Гъатхэ къэс догъэлъапIэ Хэку зауэшхуэм ди къэралым ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщихьар. Нобэрей дуней хуитыр къызыпэкIуа зауаем хэкIуэдащ зи щIалэгъуэ, зи псэугъуэ куэд. НэщIэпыджэхэ я щIалэ зыбжанэ 1942 гъэм фронтым Iухьащ я хэку яхъумэжыну, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, къэзыгъэзэжар зы закъуэщ - НэщIэпыджэ Яхья и къуэ Атхьэмщ. Жылэдэсым пщIэ къыхуащIрэ жьыми щIэми я чэнджэщэгъуу илъэс 90-кIэ псэуа Атхьэм Iуэхугъуэ купщIафIэхэмкIэ гъэнщIа гъащIэ зэпэщ къигъэщIащ. Коллективизацэр, Хэку зауэшхуэр, зауэ нэужь лъэхъэнэ гугъур пщIэрэ щIыхьрэ пылъу къызэринэкIащ Атхьэм икIи къэралым къыщрахьэжьэ сыт хуэдэ Iуэхуми и гуащIэ хилъхьэу къэпсэуащ. 

НэщIэпыджэ Атхьэм 1908 гъэм щIышылэм и 5-м Къэхъун къуажэм къыщалъхуащ. ПэщIэдзэ щIэныгъэ зригъэгъуэта нэужь, пасэ дыдэу лэжьыгъэм пэрыхьащ, колхозым хэтащ, 1941 гъэм Совет Армэм ираджэху мэкъумэш бригадэмрэ мэл фермэмрэ учеткыу щылэжьащ. 

I94I гъэм бадзэуэгъуэм и 5-м Аруан щIыналъэ военкоматым ираджэ икIи Краснодар крайм щыIэ дзэ лагерым ягъакIуэ. Зауэм и мафIэмрэ фашист зэрыпхъуакIуэхэм я шыфэлIыфэмрэ Атхьэм япэу щигъэунэхуар Калинин фронтращ, абы 44-нэ артиллерие полкым хэту щызэуащ. Зауэм и дыджыр щызэхищIащ абдеж, уIэгъэ хъури госпиталым щIэлъащ. КъызэфIэувэжа нэужь, аргуэру фронтым Iуохьэж, аргуэру зэхэуэ гуащIэхэм хэтщ. А лъэхъэнэм мызэ-мытIэу псэзэпылъхьэпIэ ихуащ Атхьэм адрей ди сэлэтхэм я гъусэу. ИтIани ахэр зауэлI къэмыланджэт, я Хэкум и хъумакIуэу къэувати, абы къару нэрымылъагъу къахилъхьэрт. 

ТекIуэныгъэ цIыкIухэмрэ хэщIыныгъэ инхэмкIэ гъэнщIа гъуэгуанэщ Атхьэм зрикIуар. Ажал гъуэгум щытетми, щхьэхуитыныгъэм зэрыщIэбэнын къару къызыкъуихыфырт, фашистыдзэм щхьэмыгъазэу пэщIэувэрти, хэкум ирахужырт. Зырыз-тIурытIу яубыда щIыпIэхэр хуит къащIыжырт я къару щымысхьу, я псэ емыблэжу. Атхьэм хуэдэхэм Европэм и ныкъуэр лъэсу къызэранэкIащ, къапэщIэхуэр хагъащIэу, ТекIуэныгъэм хуэпабгъэу.

НэщIэпыджэм  къыхуагъэфэщащ Хэку зауэ  орденым и II нагъыщэр, «Оршэ хуит къызэращIыжам папщIэ» медалыр, «Хахуагъэм папщIэ» медалитIыр, «Кёнигсберг къызэращтам папщIэ», «Фашист Германием зэрытекIуам папщIэ» медалхэр, Жуковым и медалыр, «ЦIыхубэ хозяйствэр зэфIэгъэувэжыным жыджэру зэрыхэтам папщIэ», «Лэжьыгъэм щиIэ зэфIэкIым папщIэ», «Лэжьыгъэм и ветеран» медалхэр, нэгъуэщIхэри. 

1946 гъэм жэпуэгъуэм и 26-м къигъэзэжащ Атхьэм щалъхуа щIыналъэм. ЛIыгъэрэ хахуагъэрэ къигъэлъагъуэу зауэм хэтамэ, иджы жыджэру лэжьыгъэм пэрыуващ. Псом я дежкIи гурыIуэгъуэщ зауэ губгъуэм ита лIы хахуэхэр къызрихьэлIэжа щIыналъэм и теплъэр щIагъуэу зэрыщымытар. Зауэм и кIэр хьэдагъэщ жыхуаIэрати, зауапIэм къимыкIыжахэм хуэщыгъуэ унагъуэхэмрэ фашист зэрыпхъуакIуэхэм зэхакъута, ягъэса, яфыщIа щIыналъэмрэ гъащIэщIэм хуэгъэхьэзырын хуейт.

Зауэм къаридза удыныр хъужыгъуафIэтэкъым, итIани, совет цIыхубэр зылI и быну зэкъуэувэри, зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэм щIадзащ. Гугъут абыхэм къапэщылъ къалэныр, зэман кIэщIым къриубыдэу зэфIагъэувэжын хуейт нэмыцэхэм зэтрагъэсхьа къуажэхэмрэ къалэхэмрэ, зэхакъута заводхэмрэ фабрикэхэмрэ. Псом япэ игъэщыпхъэт цIыхухэр зыгъашхэ мэкъумэш IэнатIэр зэтеухуэжыныр.

НэщIэпыджэ Атхьэм къыщалъхуа жылэм дэлъ гузэвэгъуэр нэхъ мащIэтэкъым. Къызэрысыжу ар пэрыуващ цIыхубэм я гъащIэр зэтегъэувэжыным. ЯпэщIыкIэ ар трактор-мэкъумэш бригадэм и учёткыу ягъэуващ. Зауэм и гуащIэгъуэм щхьэмыгъазэу хэта, псэзэпылъхьэпIэ куэд къызэзынэкIа, зауапIэ губгъуэм зи ныбжьэгъу куэд щыщIэзылъхьэжа Атхьэм хузэфIэкIащ а псор и псэм дигъахуэу, занщIэу лэжьыгъэм хыхьэжын. Арыншауи хъунутэкъым, псэууэ къэнахэм ядэIэпыкъун хуейт. Дзэм хэмыхьэ щIыкIэ абы къищIа лэжьыгъэм и пIалъэмрэ езым и дуней тетыкIэмрэ хуабжьу къыхуэсэбэпыжащ а лъэхъэнэм. ЦIыхухэр къызэщIэгъэуIэным, абыхэм гъуазэ яхуэхъуным, зи дуней еплъыкIэ зэтехуэ гуп къызэгъэпэщыным, ахэр лэжьыгъэ гугъум тегъэгушхуэным ехьэлIауэ Атхьэм и зэфIэкIым хуэдэ гъуэтыгъуейт. Апхуэдэу илъэс зыбжанэкIэ зэфIэкIышхуэхэр иIэу лэжьащ зауэ нэужь лъэхъэнэ гугъум. ИужькIэ ар Къэхъун сельпом и унафэщIу, бригадиру, совхозым и  парт комитетым и секретару, Къэхъун къуажэ советым и Iэтащхьэу, завхозу, «Къэхъун» совхозым и складым и унафэщIу, «Красный Октябрь» колхозым и къэзыбж-къэзыпщытэ комиссэм и Iэтащхьэу, садым и бригадиру лэжьащ. Зы махуи Iуэхуншэу, лэжьыгъэншэу щысакъым лIы хахуэр.

Илъэс 60-м нэблагъэкIэ лэжьыгъэм пэрытащ Атхьэм, къулыкъу зэмылIэужьыгъуэхэр иIыгъыу. Къуажэдэсхэр къыхуэарэзыуэ псэуащ, IуэхукIэ, псалъэкIэ, гуапагъэкIэ зылъэмыIэса зыри яхэттэкъым абы. IэнатIэ иIыгъыху къыдэгъуэгурыкIуахэми, пенсэ ныбжьым нэсу тIысыжа нэужь зыцIыхуахэми жаIэжырт ар гъащIэм хуэIущу, Iуэхум хуэшэрыуэу, цIыхум хуэгуапэу, хэкум хуэпэжу, къызыхэкIам хуэфащэу зэрыщытар.

Сыт хуэдиз гугъуехь и нэгу щIэмыкIами, лэжьыгъэшхуэ и пщэ къыдэмыхуами Тхьэр гъащIэ купщIафIэкIэ зыхуэупсахэм ящыщт Атхьэм.  Лъэпкъ нэхъыжьу зи жьэгу дэса НэщIэпыджэхэ иригушхуэрт Хэку зауэшхуэм и ветеран, лIыгъэшхуэ зыхэлъ, гупсысэ куу зиIэ дадэм. Абы и псалъэр щалъытэрт дэтхэнэ унагъуэми, пщIэ ин хуащIырт. Гукъеуэрэ гуныкъуэгъуэрэ зэрылъ зы унагъуи гулъытэншэу къигъанэртэкъым, псоми я Iуэхур яхузэригъэзахуэрти, гъуэгу пэжым хуиунэтIырт. Апхуэдэт и щхьэгъусэ Тамари - бзылъхугъэхэм я жьантIэдэст, и псалъэ Iущхэр псоми гъуазэ яхуэхъурт.

1998 гъэм дунейм ехыжащ нэхъыжьыфIыр. ЛIыхъужь и лъэужь кIуэдыркъым жаIэ. Атхьэм и жьэгур ноби ужьыхакъым. И къуэ Замир зыдэс пщIантIэр иджыри хьэщIэ кIуапIэщ, нэхъыжьыфIым и фэеплъыр щахъумэрэ нэхъыщIэхэм я зэхуэзапIэу. Абы и къуэ Залымджэрий унагъуэ хъужащ, адэшхуэм и фэеплъыр игъэпэжу лъэпкъым яхэтщ.

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: