Кавказым къыщрагъэла журт сабийхэм ятеухуауэ

Урысейми хамэ къэралхэми щыцIэрыIуэ жылагъуэ лэжьакIуэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Жылагъуэ палатэм хэт, Урысейм ис адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ автономием и унафэщI, КъШР-м щылажьэ адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я союзым и тхьэмадэ Уэхъутэ Александр Iуэху дахэ куэдкIэ мызэ-мытIэу къыддэгуашэурэ «Адыгэ псалъэ» газетым тетащ. ЦIыхухэм ягу къинэжа, лъэпкъым сэбэпынагъ куэд къыхуэзыхьа, адыгэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIа Iуэху куэд и IэрыкIщ Александр.

Ар зи унафэщI Урысейм ис адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ автономием щIэх-щIэхыурэ къызэрегъэпэщ тхакIуэхэм, усакIуэхэм я творческэ пшыхьхэр, сурэтыщIхэм я IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэхэр, щIэныгъэ-практикэ конференцхэр, цIыху гъэщIэгъуэнхэм, зэчиифIэхэм ятеухуа телевизионнэ нэтынхэр. Александр сыт щыгъуи защIегъакъуэ курыт школхэм, сабий гъэсапIэхэм, библиотекэхэм, музейхэм, ЩэнхабзэмкIэ унэхэм.

А псоми къадэкIуэу ар зиужь ит проект иныр хуабжьу хьэлэмэтщ икIи щхьэпэщ. Куэд мыщIэу абы журт тхыдэдж, политолог цIэрыIуэ Аурон Яир и гъусэу и Iэдакъэ къыщIэкIащ тхылъ гъуэзэджэ. Ар зытеухуам - Хэку зауэшхуэм и зэманым журт сабийхэр беслъэнейхэм къызэрырагъэлауэ щытам - куэд щIауэ толэжьыхь Александр, уеблэмэ тхыдэ напэкIуэцIхэм къыщумыгъуэтын нэрылъагъу къэхутэныгъэхэри ирегъэкIуэкI. Тхылъыр журт профессорымрэ езымрэ къызэрыдагъэкIам, а Iуэхум зэрыхуэкIуам мыпхуэдэу къытхутопсэлъыхьыж Уэхъутэр.

- Ленинград сабийхэр сэ сыкъызыхэкIа лIакъуэм - беслъэнейхэм зэрахъумам 2005 гъэм щегъэжьауэ сытолэжьыхь. Хъыбархэр, сурэтхэр, дэфтэрхэр зэхузохьэсыж, езы сабийхэм я къекIуэкIыкIар, зэрыпсэуар зызогъащIэ, - жеIэ Александр. - Ленинград къраша сабийхэр къегъэлыным теухуауэ жэуаплыныгъэ ин а зэманым зи пщэ дэзылъхьэжар Беслъэней къуажэм и старостэу щыта Уэхъутэ Мурзэбэчщ. Езы Мурзэбэч Сыбыри, Соловкии, жыпIэнуракъэ, Урысейм и щIыпIэ нэхъ жыжьэхэм щыIа, гугъу ехьа цIыхут. Уэхъутэ зэкъуэшищыр Сыбыр ягъэкIуати, зым къигъэзэжакъым. Абыхэм я Iуэху къызэрекIуэкIар архивым къыщыслъыхъуащ, гъэщIэгъуэн куэди зэхуэсхьэсыжащ. Абы сыхэтурэ мы журт сабийхэм я Iуэхур къызэрекIуэкIам иужь сихьэри, архивым дэфтэру щызгъуэтыр зэхуэсхьэсащ. Абыхэм цIыху зыбжанэ яхэтт я унэцIэ дыдэхэр ямыщIэжу. Адрейхэм щащIэжкIэ, илъэси 10 - 11 зи ныбжьхэм щхьэ ящIэжын хуэмейрэ жысIэу сегупсысырт. Жданов, Ивановэ унэцIэхэр ящIэрт, Марик и гугъу щысщIкIэ, «ар журтщ» жаIэрт, унэцIэ пымыту. ИкIи пэжу къыщIэкIащ ар. Зэрыжуртым щхьэкIэ и унэцIэр щагъэгъупщауэ арат. А Марикыр и Iыхьлыхэм къагъуэтыжащ. Архивым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, щIалэ цIыкIур къарууншэу, и гурыхуагъыр фIэкIуэдауэ, мыпсэлъэжыфу сабий IыгъыпIэм иратауэ щытащ. Зытар адэ шыпхъут. Марик зэрыжуртыр къэзыгъэлъэгъуэ и унэцIэ Кролик, и адэцIэ Исаак нэмыщI, и адэшхуэм орден къратауэ щытауэ тхылъ къэдгъуэтыжащ, абы лIыр лъэпкъкIэ зэрыжуртыр итхат. Мис апхуэдэ щыхьэт дэфтэрхэр къысIэрыхьащ.

ИтIанэ Израилым, Кфар-Камэ дэт Адыгэ лъэпкъ музейм и унафэщI Тхьэухъуэ Зухьер хуэсIуэтауэ щытащ а Iуэхур. Ар кIуэжри я деж щигъэхъыбарыжащ. Апхуэдэурэ Иерусалим дэт университетым и профессорым хъумакIуэ гуэрым жриIащ: «Уэ пщIэрэ Кавказым журт сабийхэр къыщрагъэлауэ зэрыщытар», - жиIэри. Абы езым я къэралым ис адыгэхэр къилъыхъуэурэ Зухьер деж къэсащ. Зухьер хъыбарым щыгъуазэти, журт профессорым си деж зыкъригъэшащ. Сэ сщIэхэр хуэсIуэта къудейкъым профессорым, атIэ псэууэ къэна и лъэпкъэгъухэр езгъэцIыхуащ, езгъэпсэлъащ. А псори итхыжри, тхылъ къыдигъэкIащ, «Банальность милосердия» фIищауэ.

Кавказым щыпсэу адыгэ муслъымэнхэм журтхэр зэрахъумар дахэу къигъэлъэгъуэжащ, лъэпкъкIэ дызэрыадыгэри, динкIэ дызэрымуслъымэнри игъэбелджылыуэ. ИтIанэ «мыбы иджыри къыпыщэн хуейщ», - жиIэри къигъэзэжащ. ЕтIуанэ гъуэгум ар тшащ журт сабийхэр щаукIа Теберда деж щагъэува сыныр едгъэлъагъуну. Апхуэдэу дызэдэлажьэурэ «Подвиг милосердия» тхылъыр къыдэгъэкIыным дыхуэкIуащ.

Ар зытеухуар беслъэнейхэм зэрахьа лIыгъэмрэ къалъыкъуэкIа цIыхугъэмрэ я закъуэкъым. АтIэ, лъэпкъгъэкIуэд щыщыIам, зауэ лъэхъэнэ зэхэзэрыхьыгъуэм цIыхугъэ зехьэным тегушхуэфа унагъуэхэм, цIыху щхьэхуэхэм дытепсэлъыхьу аращ.

Тхылъыр дгъэхьэзыра нэужь, Эпштейн Алек щIэныгъэ редактор хуэхъуащ икIи зэригъэзэхуащ, къищынэмыщIауэ, Санкт-Петербург еджапIэ нэхъыщхьэ зыбжанэм тхылъым теухуа зэIущIэ щригъэкIуэкIащ.

Мы тхылъыр си мылъкукIэ къыдэзгъэкIауэ аращ, абы и тиражыр 500 къудейт зэрыхъури, зэуэ зэбграхащ. Абы еджэхэм жаIэ зэпытщ: «Мы Iуэхур къэфIэтыну дауэ фытегушхуа?». Тхылъым пэжыр и лъабжьэу зэрыщытыр, адыгэм и мызакъуэу, къэрэшейхэми Iуэху дахэу зэрахьар къызэрыщыгъэлъэгъуар (псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, журт зэшыпхъуищыр зэрахъумам и хъыбарыр), хамэ къэралхэм щыщу апхуэдэ цIыхугъэ къызыкъуэкIахэм ятеухуахэри зэрыхэтыр къыхэзгъэщыну сыхуейт. Абыхэм тхылъым и пщIэр нэхъри яIэт, къызэщIиубыдэ Iуэхугъуэхэр ягъэбагъуэ.

Тхыгъэ куэд газетхэм, журналхэм къытредгъэдзащ, документальнэ фильмхэр тетхащ. Абыхэм ящыщу нэхъ лъэщу къэслъытэр «Бесленей - право на жизнь» жыхуиIэращ. Ар дэтхэнэ зы цIыху гупцIанэми игу дэмыхьэнкIэ, игу имыгъэузынкIэ Iэмал имыIэу фильмщ, апхуэдизу куууэ, гуузу зэрытрахамкIэ пщIэ лей къелэжь.

Иджыри зы тхылъ къыкIэлъыкIуэну сыхуейт мыбы - сабийхэр зыхъума унагъуэхэм датепсэлъыхьу. Мис а щыр зэгъусэу зым иту къыдэзгъэкIыжу, «Бесленей - право на жизнь» фильмыр дискым тету щIызгъужу цIыхухэм яхэсхьэну си мурадщ. ИтIанэ нэхъ куууэ цIыху псоми ялъэдгъэIэсыфынущ дызытелажьэ Iуэхур, - къыддэгуэшащ Александр.

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться: