Унагъуэм и шхэпс ди анэшхуэ

Эссе

Си нанэ Iэминат ищIауэ IэшрыI фалъэ исфарэт! Сыту IэфIыщэу игъэхьэзыррэт шхыныгъуэхэр нанэ! Пщэдджыжь нэмэзыр зыщIыну къэтэдж нанэ зэ закъуи игу ихуртэкъым къызэдэхэ­щIэну. 

Пщыхьэщхьэ блэкIам игъэжьа адыгэ щIакхъуэр шатэкIэ зэIыха шейм хипIытIэрт, кхъуей Iыхьэхэр гуэгъу хуищIырти, ар си пщэдджыжьышхэт. Хъурымейм зэрихьэрэ уэрамыпэм къыщыпIурыуэ щIакхъуэ зэтеупIэщIыкIыр, хугу хьэнтхъупсыр, къыпыхуу гъэва лым бжьыныху шыпсыр дэщIыгъуу, шхупсыр абыхэм ябгъурыту си шэджагъуэ шхыныгъуэт. Джийм ехамэ, илъэс гъуэмылэт, IэфIт, IэфIыщэт… Пщыхьэщхьэр къызэрысу хьэцыбанэ шейм лэкъум гъэжьа, зэпышыжу фо и гъусэу ­стIолым къытригъэувэрти, дыздэшхэм нанэ и таурыхъ-хъы­бархэр и «дыщэ пхъуантэм» къыдихырт… Сыту зэманыфI сиIа, сытуи нанэ Iумахуэм и шхын куэди сшхыгъа! 
Ахърэтым ущыIэми, «шхыныгъуэу» къысхуэбгъэна иныжь нэзакъуэри, алмэстыхэри, къебжэкI дахащэхэри, афэ джанэри… псори здэщIыгъущ…

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Анэшхуэмрэ къуэрылъхумрэ.

МАХУЭЛI Беслъэн.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ