Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыгъэпсэхухэм кIэрыхуакъым![]() Накъыгъэм и япэрей махуипщIыр, зэрытщIэщи, и нэхъыбэм уэтIпсытIу щытащ. АтIэми, а махуэхэм «Кавказ. УФ»-м и курортхэм зыщызыгъэпсэхуахэм я бжыгъэр нэгъабэрейм къызэрыщхьэщыкIа щыIэкъым. Къэдгъэлъэгъуэнщи, «Архъыз», «Iуащхьэмахуэ», «Ведучи» курортхэм я нэгу зыщезыгъэужьахэм я бжыгъэр цIыху мин 28-м щIигъуащ. «Накъыгъэм и япэрей махуипщIым дунейр уэфI дыдэу щымытами, зи гугъу тщIы зыгъэпсэхупIэхэм хьэщIэу къахуэкIуахэм я бжыгъэр, ди гуапэ зэрыхъунщи, нэгъабэ зэрыщытам къызэрытекIа щыIэкъым. Ар къызыхэкIауэ къэтлъытэр, псом япэрауэ, дызыпэрыт IэнатIэм, хьэщIапIэ къытхуэкIуэхэм дазэрыхущытым иужьрей илъэсхэм хэпщIыкIыу фIы и лъэныкъуэкIэ зэрызедгъэхъуэжарщ. КъищынэмыщIауэ, къызэригъэщIауэ Кавказ Ищхъэрэм щыIэ и щIыпIэ нэхъ дахэхэм, дунейм и щытыкIэм емылъытауэ, цIыхухэр къызэрыдэтхьэхыфын Iэмалхэри диIэ зэрыхъуарщ», - къыхегъэщ «Кавказ.УФ» зэгухьэныгъэм и унафэщI ТIымыжь Хьэсэн.
Поделиться:
Читать также:
23.05.2022 - 13:10 →
НОБЭ
21.05.2022 - 09:00 →
Дунейм щыхъыбархэр
20.05.2022 - 09:04 →
Нобэ
19.05.2022 - 17:55 →
Дунейм щыхъыбархэр
18.05.2022 - 11:15 →
Дунейм щыхъыбархэр
|