ХьэхъупащIэ Амырхъан и унагъуэм теухуауэ

Си адэшхуэ ХьэхъупащIэ Амырхъан щэнейрэ къишащ. Япэу къишам  зы хъыджэбз цIыкIу иIэу, и сабийр къигъанэри, икIыжауэ щытащ. ЕтIуанэу къишар Шыбзыхъуэхэ япхъущ, егъэлеяуэ цIыхубз дахэу, пшынауэ Iэзэу щытауэ жаIэж, и цIэр Дадузэт. Дадузэ ди адэшхуэм къыщыдэкIуам, ХьэкIэнэгъухэ къыщилъхуауэ хъыджэбзитI, Къуэшыхэ ейуэ зы щIалэ къыздишауэ щытащ.

ХъыджэбзитIым я нэхъыжьыр Лимэт, нэхъыщIэр Къэрэжант, щIалэр, сыщымыуэмэ, ныбэм илъу къэкIуащ, ХьэхъупащIэхэ къыщалъхуащ, и цIэр СулътIант. Дадузэ япэу зыдэкIуауэ щыта ХьэкIэнэгъу Хьэмид мэзым щIэту бзаджащIэ гуэрхэм яIущIэри, абыхэм яукIауэ щытащ, къулыкъу иIэу лажьэу щытащ. Къэрэжан зэрыжиIэжамкIэ, и адэр ищIэжкъым, абы щыгъуэм сабий дыдэу къызэрынам щхьэкIэ. Лимэ унагъуэ ихьэри, зы хъыджэбз цIыкIу иIэу дунейм ехыжащ, а пщащэри Амырхъан ипIыжауэ щытащ, и цIэр Жанпагуэщ, ар Хьэвжокъуэ Борис ишауэ щытащ.

 «Адыгэ псалъэ» газетым тетащ ХьэкIуащэ Андрей архивым къыщигъуэтауэ си адэшхуэм зэхилъхьа мы усэр:

Си тхылъ къыдэмыкIыр,

Секретарь кIиирейр,

ЩIалэ Iэбэлъабэр,

Бын IуейщIейр,

ПсыIущIапIэ бзаджэр,

Урыс къэзыджэдыхьыр,

ХьэкIэнэгъухэ я пхъурылъхур,

Къэзмылъхуауи си къуэр,

Фыз ныкъуэкъуэгъур –

А къомым сызэгуагъэудурэ,

Уэрэд сусыурэ

Си щхьэлыпсыр гъужащ

Налшык сыкъажэурэ,

Теунэми сыкъиужэгъуащ,

Шортэнхэ натIабгъуэр,

Мыдхэ щхьэцыгъуэр,

Щомахуэхэ гъумкIэщIыр -

Абыхэми сыкъагъэпцIащ.

Щомахуэм и договор нэпцIым

ПцIыупс сищIащ.

Унэ ныкъуэщIри къысIэщIэнащ,

Осетэ кIуэнри хэзнэжащ,

ХьэлIамэгъуэжь IэфIыншэу Бэрбэчыр,

Шы дахэ мыжэу Аслъэн кIыхьыжьыр

ЖьафIэхэщ, фафIэхэщ,

Ауэ IэфIыншэ Iей дыдэхэщ.

Мы усэм теухуа си Iуэху еплъыкIэр къэзгъэлъэгъуэну сыхуейт. «ЩIалэ Iэбэлъабэ» щIыжиIэм и щхьэусыгъуэр мыращ: Амырхъан и шыпхъу Iэминат Гъащтэхэ исащ. Абы щIалищ иIащ - Щэлэуат, Зырамыку, Сулеймэн. Щэлэуати Сулеймэни къодыгъуэнут, я анэ дэлъхухэм едыгъуэмэ, зэрамыгъэтIысынур ящIэрти, абыхэм нэхъ «егугъурт». Зырамыкур лэжьакIуэжьу щытащ, а тIум я къуэшу пщIэнутэкъым. Ауэ, пэжщ, зэкъуэшищми я бынхэм зыри Iэбэлъабэ къахэкIакъым.

«Бын IуейщIейр» жыхуиIэр, сэ сызэреплъымкIэ, бын зыхыбл ущиIэкIэ, абыхэм, шэч хэмылъу, зэрани къахэкIынщ.

«ПсыIущIапIэ бзаджэ» жыхуиIэр щхьэлыр зыгъэлажьэ псыращ. Щхьэлыр щымылажьэм деж псы Iудзэ иIэу бгъэбыдэ хъурт, ауэ псыр къыщиу, щызэтрикъутэ куэдрэ къэхъурт.

«ХьэкIэнэгъухэ я пхъурылъхур» Къэрэжанщ, ар Амырхъан и мылъхупхъущ. Къэрэжан Долинск щыIэ, Лениным и цIэр зезыхьэ еджапIэ къалэ цIыкIум щIагъэтIысхьауэ щытащ. Абы тIэкIурэ щIэсауэ, Амырхъанрэ Дадузэрэ лъагъунлъагъу кIуауэ, Къэрэжан адэкIэ еджэн яхуимыдэу къафIэкIуэжауэ щытащ. Амырхъан дежкIэ мылъхупхъур хэгъэзыхьауэ иригъэджэныр тынштэкъым. ИужькIэ Къэрэжан Шампархэ Хьэжбий дэкIуауэ щытащ. ЩIалиплIрэ зы хъыджэбзрэ зэдагъуэтащ. Псори унагъуэ хъарзынэ хъуахэщ, гуфIэгъуи гузэвэгъуи дызэкIэлъокIуэ.

«Къэзмылъхуауэ си къуэ»-р СулътIанщ. Абы и къуэрылъхуитI ди адэшхуэм и лъапсэм щопсэу, абы къабгъурысщ си къуэш нэхъыщIэ Аслъэнбэч.

Ди адэшхуэм Дадузэ къиша нэужь щIалищ къилъхуауэ щытащ -  Хьэсэнрэ Хьэтэмрэ зэтIолъхуэныкъуэт, абы иужькIэ ХъусенкIэ еджэу щIалэ яIащ. Хьэсэни Хьэтэми пщигъэгъупщэну губзыгъэу, фIыуэ еджэу, гушыIэшхуэ хэлъу, дахэу уэрэд жиIэу щытауэ жаIэж Хъусен. Ауэ гъащIэ кIэщIт, ебланэ классым щIэсу хэти гуу къепыджу абы икIуэдыкIауэ, хэти кIэтIийнэфым илIыкIауэ жаIэж.

Хьэсэнрэ Хьэтэмрэ балигъ хъуауэ, я къэшэгъуэ дахэу Дадузэ Iэрызехьэу къэнауэ щытащ. Дадузэ и бынхэм, Амырхъан и ныбжьэгъухэм елъэIуауэ жаIэж, «мы лIыжьым зыгуэр къевгъашэ унагъуэр зэрихьэну, езыми кIэлъыплъын хуэдэу», -  жиIэри.

Анзорей къуажэм дэсащ Амырхъан и ныбжьэгъу Щауэжь Елмырзэ. Елмырзэщ Хьэсэн шыкIэпшынэ еуэкIи, абы и щIыкIэми езыгъэсар. Елмырзэ куэдым хищIыкIыу, гъукIэ, пхъащIэ Iэзэу щытащ. НтIэ, мис а Елмырзэм и шыпхъум ипхъу, щIалэ цIыкIуитI иIэу къикIыжауэ, Амырхъан кърагъэшауэ щытащ. Ар къыщыхъуар 1950 гъэращ. Абы иужькIэ Амырхъан зы щIалэрэ хъыджэбзитIрэ игъуэтыжащ. Хъыджэбз нэхъыщIэр сэ нэхърэ илъэскIэ нэхъыжьу щытауэ аращ (1956 гъэ). Мэржан къиша нэужь си адэм и анэ Дадузи куэдрэ псэужакъым.

Къилъхуа-къимылъхуами, мис апхуэдиз быныр зыхуей хуигъэзащ, игъэмэжэлIакъым си адэшхуэм, дэтхэнэри хабзэм тету унагъуэу игъэтIысыжащ.

Амырхъан мыхъумыщIагъэ зыдилъэгъуар, ар Iуэху цIыкIуми инми, псалъэ шэрыуэкIэ хущIригъэгъуэжынут. Джатэ Зубер жиIэжу мыпхуэдэ зы хъыбар зэхэсхыжащ. Амырхъан  къуажэ советым тхылъымпIэ гуэр къыIихыну кIуауэ, председателым: «Амырхъан, нобэ ди хущIэмыхьэгъуэу щхьэ укъэкIуа?» – къыжриIащ. Амырхъан ар идэнт: «ФыхущIыхьэми фыхущIэмыхьэми, Езийхэ я къыкъыр, Бэрзэджхэ я къуийр, фи бжэIупэр хьэндыркъуакъуэ напIэ хъужауэ… мы къуажэр зыхуей хуэзэнукъым мыбы фэ фыщIэсу», -  яжреIэ.  Езийр къыкът, Бэрзэджыр къуийт, уэшх къешха къудейти, къуажэ совет бжэIупэм шэдышхуэ итт. Модрейхэми псынщIэу зыкъащIэжри, «дыгушыIауэ аращ, утхуэмыусэ», - жаIэри зыхуей тхылъыр хуатхри, къаутIыпщыжащ.

ХьэкIуащэ Андрей и тхыгъэмкIэ къэзгъэзэжу жысIэну сыхуейт ди адэшхуэм теухуауэ абы къигъэлъэгъуэжахэм пэж зэрыхэлъыр. Псалъэм папщIэ, Амырхъан партым щхьэкIэ диныр пхухыфIидзэнутэкъым. И зы нэщIи и нэмэзи блимыгъэкIыу, КъурIэным итыр ищIэу, игукIи  и псэкIи и фIэщ хъууэ щытащ.

ХьэхъупащIэ МуIэед.
Поделиться: