ГукъэкIыжхэр

Украинэм нобэ щекIуэкIым зигу иримыгъу къэгъуэтыгъуейщ. ЩIэблэзэрыукIыр гуIэгъуэщ - я дэтхэнэри зыгуэрым и бынщ, и дэлъхущ, и ныбжьэгъущ…
Зауэ нэужь лъэхъэнэм зи сабийгъуэр хиубыда си анэм хъыбар къытхуиIуэтэжырт нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм щысхьыншэу зэтракъута Украинэм щыщ куэд ди щIыналъэм къакIуэу гъеймрэ гъаблэмрэ къызэрырагъэлам теухуауэ. Анзорейр а зэманым щIыналъэ нэхъ инхэм ящыщти, нэгъуэщI щIыпIэ къикI мэжэщIалIэхэр абыкIэ нэхъ кIуэрт. Район унафэщIхэми яхузэфIэкI къагъанэртэкъым абыхэм ядэIэпыкъунымкIэ. Ахэр унагъуэхэм трагуашэрти, а яIэ щIакхъуэ Iыхьэр къыдагуэшу яхэст.
 Си адэшхуэ - анэшхуэр а зэманым колхозым хэтти, ерыскъыншэ ящIыртэкъым, арат Украинэм къикIа зэанэзэпхъур къыщыхуашэм зы псалъи хамылъхьэу щIызрашэлIар.
- Ху Iэбжьыб си адэ - анэм къыдахьамэ, абы и ныкъуэр Катярэ (арат хъыджэбз цIыкIум зэреджэр) и анэмрэ хухахырт, езыхэм быниплI къащыгугъми. Апхуэдэу зэманыр екIуэкIыурэ Катя егъэджакIуэу школым къащтащ. Мазэр и кIэм щынэсым колхозым къыбгъэдэкIыу абы хьэжыгъэ къэп лэжьапщIэу къыхуIуашэрт. Ноби си нэгум щIэтщ ахэр абы зэрыщыгуфIыкIауэ щытар. Хьэжыгъэм къыщIаухуэнщIыкIар яшхыну щхьэхуэу ягъэувырт. Адрей хьэжыгъэ къабзэр IэгупIэ хуэдизу щIакхъуэ пIырыпI цIыкIу ящIырти, тпэмыжыжьэу щыIэ бэзэр цIыкIум ихьурэ Катя и анэм щищэрт. Абы къыщIах ахъшэ тIэкIур дадзыхырт - дауэ мыхъуми, я лъахэ ягъэзэжын хуейт. Сэ Катя апхуэдизу си гур кIэрыпщIати, ар зэгуэр тхэкIыжыну си нэгу къысхущIэгъыхьэртэкъым. ХэдыкI зэращIым, мастэнэр къызэрырахым - куэдым сабийхэр дыхуригъасэрт абы. Хуэдэр зырызу езыр цIыхуфIт, цIыху гуапэт. Пщэдджыжьым нэху сыкъекIамэ, си щхьэцыр дахэу схуижьынти, езыхэм я зэщIэкъуэкIэу хъурейуэ си щхьэм къришэкIыжынт. Махуэ гуэрым нэху сыкъекIащ жэщ псом мыжейуэ шляпэ хужьыбзэ схуищIауэ. Къызыхихар сыт жыпIэмэ, ди пщIантIэр я топ гъэувыпIэу дэса нэмыцэхэм къагъэна къунтх кIапсэ псыгъуабзэхэрт.
ЗэманыфIи дэкIарэ дэри дыкъыдэкIуэтеяуэ Катя Анзорей къытригъэзащ лъагъунлъагъу. Сеплъырт баш щIиIыгъыр къызгурымыIуэу -и нитIми зыри ямылъэгъужу арат… МахуиткIэ дгъэхьэщIэри унагъуэр дызэгъусэу едгъэжьэжащ, абы и ужькIэ апхуэдизу фIыуэ тлъэгъуа Катя дытеплъэжакъым.
Си анэр илъэс 83 - рэ мэхъури, нобэр къыздэсым Катя и хъыбарым дыщIегъэдэIу.
А гукъэкIыжхэм зэманым паща хуэдэ, Украинэм зауэ къыщыхъеящ щыжаIэм, зэуэ си нэгу къыщIыхьэжащ I973 гъэхэр.
 Псыгуэнсу дэт курыт еджапIэр ди республикэм щынэхъыфIхэм хабжэрт. Директор къулыкъур зезыхьэ Унэгъэс Мухьэрбий и фIыгъэкIэ, гъэ еджэгъуэ къэс Урысейм и къалэ жыжьэхэмрэ союзнэ республикэхэмрэ къикI егъэджакIуэ ныбжьыщIэхэр къытхуагъакIуэрт. Зылъымысым зигъэгусэу, ахэр къуажэдэс унагъуэхэм трагуашэрти, илъэс бжыгъэкIэ яфIэфIыпсу щылажьэхэрт.
Ди адэ къуэшымрэ абы и щхьэгъусэмрэ ( тIури егъэджакIуэт) махуэ гуэрым къыздашащ хъыджэбз щхьэц фIыцIэ лъэгъугъуафIэ цIыкIу.
- Таисия Анисимовна Масливец, - гуфIэр и нэгум кърихыу зыкъыдэзыгъэцIыхуа пщащэм урысыбзэмрэ литературэмкIэт зэрыригъэджэнур.
 Ар апхуэдизкIэ егъэджакIуэфIти и дерсхэм бадзэ зелъатэм щызэхэпхырт. Зэрыригъаджэ бзэм къыдэкIуэу, лъэпкъхэм я тхыдэм, я зэкъуэтыныгъэм, къадекIуэкI хэбзэхэм теухуауэ псалъэмакъ гъэщIэгъуэныщэкуэд цIыкIухэм яжриIэрт, езыхэм я тхакIуэ, усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм украинэбзэкIэ къахуеджэрт. Таисие апхуэдэу ди хабзэхэми нэIуасэ зыхуищIырт, уеблэмэ ди къуажэм зэрыщыIа илъэс зыбжанэм хунэсат адыгэбзэкIэ псалъэуха къызэрыгуэкIхэр зригъэщIэну. ЕджакIуэ цIыкIухэми яфIэгъэщIэгъуэну кIэлъыплъырт Минск щыщ Аллэрэ Киев къикIа Таисэрэ хэт нэхъ адыгэбзэ псалъэ нэхъыбэ зригъэщIэфми. Апхуэдэу къыздекIуэкIа лъэпкъхэм яку дэлъа фIым кIуэдыпIэ иIэкъым. Къигъэзэжынщ а мамырыгъэм.

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: