Ди бзэр, лъэпкъ хабзэр япэ игъэщыпхъэщ

КъытщIэхъуэ щIэблэм яхэлъыпхъэ хьэл-щэнымрэ я дуней еплъыкIэм лъабжьэ хуэхъумрэ я щIэдзапIэщ ар къызыхэкIа и унагъуэр. Сэ сыкъыщыхъуа унагъуэр хабзэрэ нэмысрэ, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ зэлът. Ди адэ-анэм дызэрыцIыкIурэ дыщIапIыкIащ езыхэм нэхъыжьхэм я щIэину къахуэна лъэпкъ фIыгъуэм: адыгэ хабзэм, пщIэм, нэмысым. Къыддалъхуа бзэрщ ди унагъуэм дапщэщи илъар. АбыкIэ къыджаIэжырт таурыхъхэр, къытхуеджэрт нартхэм ятеухуа хъыбарыжьхэм. Адыгэбзэм и пIэр нэгъуэщIыбзэм иубыдыным, зэгуэр дрипсэлъэнуи зэдмыпэсыжыным дегупсысыххэу щытакъым, иджы нэрылъагъу зэрыхъум хуэдэу. 
Апхуэдэу дыкъэхъуащ, анэдэлъхубзэр тIурылърэ тфIэIэфIу. А лъагъуныгъэм щыхэхъуащ курыт школым сыщыщIэса илъэсхэм. ЖыпIэнурамэ, куэд елъытащ егъэджакIуэм и щапхъэм. Сабиипсэм нэхърэ нэхъ къабзэрэ нэхъ зэIухарэ щыIэкъым. Абы къыхэкIыу абы занщIэу зыхещIэ балигъыр и лэжьыгъэм зэрыхущытыр. 
 Къэхъун къуажэм дэт курыт школ №1-р 1993 гъэм къыщызухам, сэ сщIэрт сызыхуеджэну IэщIагъэр. Ар къыщыхэсхым, дауи, псом япэ итар къыздалъхуа бзэм хузиIэ лъагъуныгъэ мыухырщ, си егъэджакIуэм дэслъэгъуа Iуэху зехьэкIэ дахэрщ. КъБКъУ-м адыгэбзэмкIэ и къудамэм сыщIэтIысхьэри I998 гъэм къэзухащ. ЕджапIэ нэужьым сыщеджа школым къэзгъэзэжауэ нобэ къыздэсым адыгэбзэмрэ литературэмрэ щызогъаджэ. 
ЕгъэджакIуэхэр, псом хуэмыдэу анэдэлъхубзэр езыгъэджхэр, дыщыгъуазэщ ди лъэпкъым и цIыху пажэхэр, хэкупсэхэр адыгэбзэр хъумэным, абы зегъэужьыным зэригъэпIейтейм. Адыгэм къытщIэхъуэ щIэблэм анэдэлъхубзэр ящIэу, абы и IэфIагъыр, дахагъыр зыхащIэу къэдгъэхъуным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Ди школым щылажьэ егъэджакIуэхэр, ирагъэдж предметым емылъытауэ, хущIокъу щIэблэ узыншэ, зи гупсысэкIи IуэхущIафэкIи нэхъыжьхэм яхуэфэщэн щIалэгъуалэ жылэм къыдэхъуэным. СызэригугъэмкIэ, дэтхэнэ адэ-анэми и къалэнщ сабийр зыщыщ лъэпкъым и бзэр иригъэщIэну, абы пщIэ хуищIу, хэутэн имыщIу къигъэтэджыну, иртхэфу, ирипсэлъэфу балигъ гъащIэм хигъэхьэну. Абы нэхъ къалэнышхуэрэ пщIэшхуэрэ зиIэ къалэн адэ-анэм ямыIэми ярейуэ къысщохъу. ЦIыкIу щIыкIэ бзэр къэзыщтам ар иужькIэ IэщIыб ищIынукъым. 
Адыгэбзэм ирилажьэхэр дегъэгузавэ къыдалъхуа бзэр я быным ямыджмэ нэхъ къэзыщтэ адэ-анэхэм къызэрыхэкIым. Куэдрэ долъагъу адыгэ унагъуэм къыхэкIа сабийхэр мыадыгэ гупхэм яхэсу адыгэбзэр яджу. Унагъуэм урысыбзэкIэ фIэкIа щызэмыпсалъэ куэди урохьэлIэ. Апхуэдэ Iуэхугъуэ мыщхьэпэхэр адыгэ къуажэхэм иджыри къэсакъым, ауэ къалэхэм къыщыхъу адыгэ щIэблэри ди лъэпкъым щыщщ. Пэжщ, зи жьауэм ущIэт, узыхэт къэралыгъуэм, лъэпкъышхуэм и хьэлым, и псэукIэм щыщ гуэр зыхыумылъхьэнкIэ Iэмал иIэкъым. Ауэ уэ къыбдалъхуа бзэр, лъэпкъ хабзэр псоми япэ игъэщыпхъэщ. 
Бзэр хъумэныр, псом хуэмыдэу лъэпкъ цIыкIухэм я бзэхэм зегъэужьыныр, ар къэралпсо Iуэхуу щытын хуейщ. Апхуэдэу анэдэлъхубзэм курыт школым щиIэ пщIэр мащIэ зэрыхъуар къегъэлъагъуэ епщыкIузанэ классыр къэзыух еджакIуэхэм адыгэбзэмкIэ яту щыта экзаменыр къызэрапщытэ лэжьыгъэкIэ зэрызэрахъуэкIами. Ар зылъагъу ныбжьыщIэми абы и адэ-анэми анэдэлъхубзэм хуаIэ щытыкIэм зимыхъуэжынкIэ Iэмал иIэкъым. А псоми хуабжьу дегъэгузавэ, лъэпкъым и къэкIуэнур адэкIэ зэрыхъунум дрегъэгупсыс. 
 Сэ сызэреплъымкIэ, дэтхэнэ егъэджакIуэм и дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ и гъэсэнхэм и предметым къыхуащI гулъытэмрэ пщIэмрэ - сэри аращ. Абыхэм я куэдагъыр е мащIагъыр щхьэусыгъуэ зыбжанэм елъытащ. Псалъэм папщIэ, еджапIэ нэхъыщхьэхэм щыщIэтIысхьэкIэ а предметымкIэ экзамен ятын-ямытын, абыкIэ яIэ щIэныгъэр къалъытэн-къамылъытэн, иужькIэ гъащIэм къыщагъэсэбэпын-къыщамыгъэсэбэпын, н.къ. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэхэр епхьэлIэ хъунущ нэгъуэщI дэтхэнэ предметми, къыбдалъхуа уи анэдэлъхубзэм нэмыщI, сыту жыпIэмэ а бзэрщ лъэпкъым узэрыщыщыр адрейхэм къызэращIэр, дуней псом уазэрыхэтыр, нэгъуэщIхэм уакъызэрыщхьэщыкIыр. Есэпым, физикэм, химием, нэгъуэщI предметхэми IэщIагъэ гуэр зэбгъэгъуэтын папщIэ ухуеймэ, уи анэдэлъхубзэм, адыгэбзэм, упсэун, адыгэу зыкъэплъытэжын щхьэкIэ ухуейщ. Зи бзэр зымыщIэр лъэпкъым зэрыщыщыжыр и зэхуэдитIкIэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ анэдэлъхубзэрщ нэхъ гъунэгъуу, IупщIу къытхуэзыхьыр, къытхуэзыIуатэр, тхуэзыхъумэр ди тхыдэр, хабзэр, щэнхабзэр. Зи блэкIам пщIэ хуэзымыщI лъэпкъым къэкIуэну дахэ иIэнукъым. 
Апхуэдэ си Iуэху еплъыкIэхэр си еджакIуэхэм къазэрыгурызгъэIуэным сыт щыгъуи сыхущIэкъуу солажьэ. Си бзэм, си IэщIагъэм хузиIэ лъагъуныгъэ иныр щIэблэми зэрызыхезгъэщIэным, ахэри анэдэлъхубзэм, щалъхуа я щIыналъэм гурыщIэ къабзэ хуаIэу къэгъэтэджыным солIалIэ. ЕгъэджакIуэхэм ди дежкIэ гуапэщ ди гъэсэнхэр ди лъэужьым щрикIуэжри. Абыхэм ящыщу мащIэкъым егъэджакIуэ IэщIагъэр къыхэзыхахэр. 
ЖыIэн хуейщ бзэмрэ хабзэмрэ джыныр зыфIэфI щIэблэ хьэлэмэти дызэриIэр. ЕгъэджакIуэхэм ди къалэнщ абыхэм я псэм къыщыуш апхуэдэ мурад дахэр ядэтIыгъыну, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм щызекIуэ Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр къэдгъэсэбэпурэ. ЩIэблэм къагурыдгъэIуэн хуейщ ди анэдэлъхубзэр - ди псэу, ди дунейуэ ипэжыпIэкIэ зэрыщытыр. 

 

ЕЗИЙ Оксанэ, егъэджакIуэ. Аруан щIыналъэ.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ