Дыкъэзыухъуреихь дунейр зэрытхъумэр

          КIарэ Галинэ «Экология - жизнь» щIыналъэ зэхуаку жылагъуэ  зэщIэхъееныгъэм и унафэщIым и къуэдзэщ. Бзылъхугъэр ирагъэкIуэкI лэжьыгъэр зыхуэдэм тедгъэпсэлъыхьащи, ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ къыджиIам.  

         - Галинэ, экологием епха жылагъуэ Iуэхум дауэ удихьэха?

         - ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академием бгы щIыпIэхэм я щытыкIэхэр джынымкIэ и институт Тембот Аслъэнбий и цIэр зезыхьэм срищIэныгъэ лэжьакIуэщ. Ди щIыналъэм, къапщтэмэ, Кавказым хиубыдэ щIыпIэ псоми, псэ зыIуту дунейм тет лIэужьыгъуэхэр хъумэным ехьэлIауэ гугъуехьхэр зэрыщыIэр нэрылъагъут. Арати, «Экология - жизнь» зыфIэтща жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм щIыналъэ зэхуаку мыхьэнэ иIэу къызэдгъэпэщащ, абы и унафэщIым и къуэдзэ сэ сащIащ. Ди лэжьыгъэр  зыхуэдунэтIыр щIыуэпсыр хъумэным цIыхухэр къыхуедджэнымрэ хэхауэ зи нэIэ трагъэт щIыпIэхэр зэрахъумэ Iэмалхэр едгъэфIэкIуэнымрэщ. Апхуэдэуи сэ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм НКО-хэм я IуэхухэмкIэ и унафэщIым и къуэдзэу сыхахащ.  

            - Фи жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм республикэм щригъэкIуэкI лэжьыгъэм арэзы укъищIрэ?

         - Иужьрей илъэс зыбжанэр къапщтэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым Iуэхугъуэ зэхуэмыдэу 500-м щIигъу къыщызэдгъэпэщащ. Сабий нэхъ цIыкIу дыдэхэм я деж къыщыщIэдзауэ дахутопсэлъыхь дыкъэзыухъуреихь дунейм и щытыкIэмрэ щIыуэпсыр хъумэн зэрыхуеймрэ, щIэныгъэ конференцхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, зэхьэзэхуэхэр зэпымыууэ идогъэкIуэкI. Щысабийм щегъэжьауэ цIыхум и гупсысэр къабзагъэм,  шынагъуэншагъэм хуэгъэушыным, ди лъахэм и къулеягъэм, мыбы къыщыкI къэкIыгъэ лIэужьыгъуэхэмрэ узыщрихьэлIэ псэущхьэхэмрэ хуэгъэсакъыным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Теплъэ къулейрэ апхуэдиз псэущхьэ зэмылIэужьыгъуэрэ зиIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыхумрэ щIыуэпсымрэ я зэпыщIэныгъэр щынэрылъагъуу щытын хуейщ.

         - Дызытепсэлъыхьым теухуауэ сыт хуэдэ гугъуехьхэр щыIэ республикэм?

         - Ухэзыгъаплъэ Iуэхугъуэ зыбжанэ диIэщ. Ахэр епхащ хьэуар, псыхъуэхэр зэрауфIейм, жыгхэр ираупщIыкIыурэ мэзхэр зэрагъэкIуэдыжым, щIыгулъым и зэхэлъыкIэмрэ къэкIыгъэхэмрэ  нэхъыкIэ зэрыхъум. Абы къыхэкIыу къэрал унафэщIхэми щIыпIэ унафэр зезыхьэхэми нобэ нэхъыщхьэ дыдэу я нэIэ зытрагъэтын хуейхэм ящыщу къызолъытэ, зэрыжысIауэ, цIыхубэм я гъэсэныгъэм гулъытэ хуащIыныр, етIуанэрауэ, дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэныр зи лъабжьэ иджырей Iэмалхэм тещIыхьауэ ди щIыналъэм зрагъэужьыныр.

         - Дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ хьэкIэкхъуэкIэхэмрэ хъумэным иджыпсту хуэфащэ  гулъытэ ягъуэтрэ?

         - Ди жагъуэ зэрыхъунщи, дызыхуэкIуаращи, къэкIыгъэ, хьэкIэкхъуэкIэ псэущхьэ куэд ди Тхылъ плъыжьым ихуащ, щымыIэжыхэхэм хабжэу е кIуэдыжынкIэ шынагъуэ щыIэу. Абы къегъэлъагъуэ цIыхур щIыуэпсым зэрыщымысхьыр. Дунейр хъумэным теухуауэ унафэщIхэм Iэмал ткIийхэр къамыгъэсэбэпауэ хъуну къыщIэкIынукъым. 

         - КъБР-м и Тхылъ плъыжьым ихуахэм укъытезгъэувыIэнут.

         - Япэ къыдэкIыгъуэр 2000 гъэм дунейм къытехьауэ щытащ икIи абы хьэкIэкхъуэкIэ зэмылIэужьыгъуэу I38-рэ (шэрыпIхэм ящыщу 26-рэ, къуалэбзууэ - 53-рэ, бдзэжьей лIэужьыгъуэу - I4, хьэпщхупщу - 3, щIыми псыми щыпсэу псэущхьэу - 3, гъудэ-бадзэу - 39-рэ), къэкIыгъэ зэхуэмыдэу I00, жыглыцрэ Iэгъэбэгуу - 5) къызэщIиубыдэрт.

         КъБР-м и Правительствэм 20I7 гъэм жэпуэгъуэм и 4-м къыдигъэкIа УнафэмкIэ щIэгъэбыдауэ етIуанэу къыдагъэкIа ди Тхылъ плъыжьым ихуар псори зэхэту 372-рэ мэхъу: къэкIыгъэрэ Iэгъэбэгуу лIэужьыгъуи I75-рэ (Iэгъэбэгуу I5, жыглыцу - 37-рэ, мэзбийуэ 3, удз гъэгъауэ II0-рэ), хьэкIэкхъуэкIэу I97-рэ (тхы къупщхьэншэ псэущхьэу 87-рэ тхы къупщхьэ зыхэлъхэм ящыщу II0-рэ).

         Тхылъ плъыжьым и къыдэкIыгъуитIри щапхъэу къыщIэсхьар нэрылъагъу хъун щхьэкIэщ иужьрей илъэс 20-м абы ихуа псэущхьэхэм лIэужьыгъуэ 59-кIэ зэрыхэхъуар (2000 гъэм I38-уэ щытамэ, I97-рэ хъуащ). Нэхъ яцIыхухэм щыщу я цIэ къыфхуисIуэнщ: къущхьэхъушейр, Iущхьэр, къэлэрдэгур, къэлэрыр, леопардыр, къуршыбгъэр, къущхьэхъубгъэр, мысырджэдыр, европей щыхьыр, нэгъуэщIхэри.

            - Егъэджэныгъэ IэнатIэхэм ныбжьыщIэхэр дунейм зэрыщыхагъэгъуазэм теухуауэ сыт къыджепIэн?

         - Сызэреплъращи, сабийхэм я лъахэр фIыуэ ялъагъуу, яхъумэу гъэсэныр егъэджэныгъэ IэнатIэм нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэ и къалэнхэм ящыщ зыщ. Къыхэдмыгъэщу хъунукъым биологиер зэрырагъэджым къалэнышхуэ зэригъэзащIэр, дыкъэзыухъуреихь дунейр зэрызэхэлъым, зэрызихъуэжым ныбжьыщIэхэр абы зэрыхигъэгъуазэр.  Ауэ а дерсым и закъуэкIэ мащIэщ курыт еджапIэм къыщащIэр. ЖысIэнуращи, Къэбэрдей-Балъкъэрым и курыт еджапIэ псоми экологием сыхьэт бжыгъэхэр щыхухахакъыми, еджакIуэхэм щIыуэпсым щыгъуазэ защIыну Iэмалу яIэр мащIэщ.  Экологием сыхьэт бжыгъэ щхьэхуэ хухэпх хъуну къысщохъу. Мыбы нэхъ куууэ сытепсэлъыхьу тхыгъэ зыбжанэ згъэхьэзырауэ сиIэщ, щIэныгъэ къыдэкIыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэми къытрезгъэдзащ.

 

 

 

Епсэлъар БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: