ЛъагапIэщIэхэр зи плъапIэ

«Си сабиигъуэм щыщ зы теплъэгъуэ гуимыхуж сщыхъуащ икIи абы и ныбжь тридзауэ къызолъытэ адэкIэ си гъащIэ гъуэгуанэр зэрызубзыхуам. Класс нэхъыжьхэм сыщеджэрт а зэманым. Школым сыщыIэу, зыгъэпсэхугъуэ дакъикъэхэм ирихьэлIэу, сыджалэри си Iэпхъуамбэр зэрыпкIащ. Абы щыгъуэщ япэу узыр егъэлеяуэ ­щы­зыхэсщIар (мэдыхьэшх). Сыти сщIэну сыхьэзырт, ар згъэундэрэщхъуэн щхьэкIэ.

Си адэ-анэм сашащ зэрыпкIа къупщэ зэрытыпIэр и пIэм изыгъэувэжыфу къуажэм дэс «Iэ­зэм» и деж. Зэуэ гум хыхьэу ­къы­хэузыкIри, къэхъуар сфIэ­телъы­джэу, Iэпхъуамбэм и къупщ­хьэ­хэр зэрыпкIэжащ, сы­­къэзыгъэдзыха узри сщхьэ­щы­кIащ. Абдежым си нэгу щIэкIащ узыр пщхьэщызыхыфын, абы и лъэныкъуэкIэ гугъуехьхэр къып­щы­зыгъэпсынщIэфын цIыхухэр зэрыщыIэр. Ар сфIэгъэщIэгъуэнащ икIи мурад быдэ зыхуэс­щIыжащ абыхэм ящыщ зы сы­хъуну. Абы щхьэкIэ щIэныгъэ тэмэм зэбгъэгъуэтын, адэкIэ лэ­жьыгъэ и пIалъи фIыуэ зыхэбгъэгъуэзэн хуейт. Къыхэсха IэщIагъэм хуэIэзэ сыхъуныр, си зэфIэ­кIым хэзгъэхъуэныр сытым щы­гъуи си къалэн нэхъыщхьэу къо­кIуэкI», - жеIэ Республикэ клиникэ сымаджэщым травматологиемрэ ортопедиемкIэ и къудамэм и травматолог-ортопед ­Безрокъуэ Лиуан.
И мурадыр зригъэхъулIащ Ли­уан, ехъулIэныгъэхэр иIэу ар яхэтщ цIыхум нэхъ лъапIэ дыдэу иIэр хъумэнымкIэ жэуаплыныгъэшхуэ зи пщэ къыдэхуэ медицинэ лэжьакIуэхэм. Къэп­щы­тэ­ныгъэхэм наIуэ къызэращIымкIи, республикэм и дохутыр нэхъыфI­хэм ящыщу къагъэлъагъуэ. Шэч хэмылъу, зыпэрыт Iуэхум щиIэ зэфIэкI лъагэхэр щIалэм къыхуэ­зы­хьар емызэшу и щIэныгъэм зэрыхигъахъуэрщ, унэтIыныгъэм щIэуэ къыхыхьэ псоми щIэмычэу зэрызыщигъэгъуазэрщ.
Лэскэн районым хыхьэ Анзорей къуажэм щыщ щIалэм япэ­щIыкIэ КъБКъУ-м и медицинэ колледжыр къиухащ, фельдшер IэщIагъэр иIэу. АдэкIэ ар щIэ­тIысхьащ КъБКъУ-м и медицинэ факультетым икIи и интернату­рэми щеджащ. КъыкIэ­лъы­кIуэу     и щIэныгъэм щыпищащ ­Сара- тов къалэм Травматологиемрэ  ортопедиемкIэ дэт щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и ­ор­динатурэмрэ аспирантурэмрэ. А зэманым, 2014 - 2017 гъэхэм, ар щылэжьащ Саратов къалэм и травмпунктым. Къыщалъхуа щIы­­налъэм иужькIэ къигъэзэжащ икIи абы щегъэжьауэ Республикэ клиникэ сымаджэщым щыIэщ.
ЩIыналъэм и медицинэ дунейм зи увыпIэ щызэзыгъэ­гъуэтыжа, зи хъэтI зиIэж дохутыр щIалэр и IэщIагъэм зэрыпэрыувам теухуа и гукъэкIыжхэмкIэ, абы теухуа и гупсысэхэмкIэ­ къыддэгуэшащ.

Япэ лъэбакъуэхэр

- Гугъуехь гуэр зыхэмылъ зы IэщIагъи щыIэкъым. Ауэ, пэжщ, дохутыр IэщIагъэр адрей псом хуэдэжкъым, сыт щхьэкIэ жы­п­Iэмэ, мыбдеж шэсыпIэ итыр цIы­хум и узыншагъэмрэ и гъа­щIэм­рэщ. Абы жэуаплыныгъэш­хуэ къыптрегъащIэ, ар сэ икIи ­зы­хызощIэ, икIи зэрысхьыным сы­хуэ­хьэзырщ. Шэчыншэщ псантхуэ узыншэрэ психикэ зэ­пIэ­зэрытрэ уиIэн зэрыхуейр. Доху­тырым и махуэхэм къызэрыгуэкI яхэткъым, лэжьыгъэм щы­пэрыхьэ дакъикъэм щегъэжьауэ ар кърихьэлIэху и къалэнхэм къы­хэхъуэурэ макIуэ, уеблэмэ ­нэхъ къарууфIэми гугъуехьыр къыщытехьэлъэ щыIэщ, псом хуэмыдэу психологие зыхэщIэ­ныгъэм уи гуащIэр егъэмащIэ. ПхузэфIэкIахэр зэбгъэзэхуэжрэ цIыхухэм сэбэп уазэрыхуэхъуар къыщыбгурыIуэжкIэ жыджэрагъыр къыпхохьэжри, утегушхуауэ аргуэру лэжьыгъэм упэрохьэж.
Си япэ операцэр езгъэкIуэкIын ипэкIэ хирургхэм я дэIэпыкъуэ­гъуу зыбжанэрэ сыщытащ. Гу­ры­Iуэгъуэщ узэрыгузавэр, ар зы­хыу­мыщIэнкIи Iэмал иIэкъым. Ауэ уи шыIэныгъэмрэ зэпIэзэ­рытагъымрэ зэран хуэбгъэхъункIэ Iэмал иIэкъым. Уи гумрэ уи псэмрэ щызэрызехьэ гурыгъуз псори зэуэ йокIуэтэкI, Iуэхум ущ­риубыдылIэкIэ. Сэ сыхирург нэхъыщхьэу япэу сщIа операцэр сыхьэтитIкIэ екIуэкIащ. Шху­жьым­рэ куэмрэ я къупщхьэ зэ­рытыпIэхэр зэхуэгъэкIуэжын ­хуейуэ арат, нэгъуэщIу жыпIэмэ абдеж IэрыщI протез дэгъэувэн хуейт. Iэпкълъэпкъым а и Iыхьэ­хэм мыхьэнэшхуэ зыгъэзащIэ лъынт­хуэхэр хэлъщ, зэры­мы­щIэкIэ зэран уахуэхъумэ, гъащIэр къыпхуемыгъэлынкIэ шынагъуэшхуэ щыIэщ. Сытми, си операцэр хъарзынэ дыдэу зэфIэ­кIащ, жэщитI-махуитI нэужьым сымаджэм хуэмурэ къикIухьын щIидзащ.

ФIэщхъуныгъэм и къарур

- Дохутырым и лэжьыгъэр сы­хьэт пыухыкIакIэ къэгъэлъэ­гъуауэ щытми, куэдкIэ зэман ­нэхъыбэ и IэнатIэм трегъэкIуадэ. Жэщым уплъырын хуейуэ къы­щыпхуихуэ щыIэщ, упэмыплъэххауэ пIэщIэгъуэкIэ операцэ ­пщIыну ураджэнкIи мэхъу. Ди лэ­жьыгъэм къызэрымыкIуэ щы­ты­кIэу хэтыр нэхъыбэщи, сыт хуэ-   дэ зэманми абы дыхуэхьэзырын ­хуейщ.
Насыпыншагъэ куэд си нэгу щIокI. ПIэщIэгъуэкIэ операцэ щIын хуей сымаджэ хьэлъэ къы­щыпхуашэкIэ дэтхэнэ зы дакъикъэри уасэншэщ. ПсынщIэу уи щхьэр абы тебухуэу Iуэхум иужь уихьэн хуейщ. ЗэфIэкIыуи Iэзагъэуи уиIэр хэплъхьэу удэIэпы­къуами, сымаджэр ажалым къы­щыпхуIэщIэмыхкIэ ар егъэлеяуэ гу­щIыхьэ пщохъу. Абы и гъащIэр къегъэлыным уи гуащIэрэ уи ­къарурэ хуримыкъуауэ аракъым, атIэ щыIэщ Iэзагъышхуэ зыбгъэдэлъ IэщIагъэлI нэхъ лъэщ ды­дэри зыпэмылъэщын щыты-кIэ хьэлъэхэр. Абы иужькIэ кIуэцI­кIэ узэныкъуэкъужу зэман гуэр ибохьэкI, тыншуи укъиутIып­щы­жыркъым а гухэщIым. Сыт хуэдиз илъэскIэ IэнатIэм упэрытами, укъэзыгъэуIэбжь щыты­кIэ­хэм урохьэлIэ, абыхэм уосэж, IэщIагъэм гу быдэ ухуохъу жы­хуаIэхэри пэжкъым. Хирург Iэ­щIагъэр къыхэзыхахэм шыIэ­ны­гъэшхуэ, зэпIэзэрытыныгъэ быдэ яхэлъын хуейщ.
Къэхъугъэ телъыджэхэми дыщрохьэлIэ ди IэщIагъэм. Телъ фэбжьым е пкърыт узым елъы­тауэ мыхъужыну къалъытэ сымаджэхэм зэуэ зыкъагъазэу къы­зэ­рызэфIэувэжым хэлъ щэхур зы дохутыри зы щIэныгъэлIи къы­хуэ­Iуэтакъым. Сэ шэч къытесхьэркъым нэрымылъагъу             къару лъэщ гуэрым и Iэзэгъуи а Iуэ­хум зэрыхэлъым. Къищы­нэ­мы­щIауэ, сымаджэм дохутырым кърит фIэщхъуныгъэми куэд дыдэ елъытащ. Абы къыхэкIыуи, хущхъуэкIэ дызэреIэзэм къи­щы­нэмыщIауэ, ди къалэнщ псалъэ гуапэкIэ я гур фIы яхуэтщIыжыну, гугъэ яхэтлъхьэжыну. Пэжыр жысIэнщи, ди Iэзэгъуэр нэхъ тыншу екIуэкIынымкIи дэри ар къытхуощхьэпэж.

IэщIагъэм и уасэр

- Си IэщIагъэм си гъащIэм увы­-пIэшхуэ щеубыд. Уеблэмэ, сы­щы­мылажьэхэм и деж зыгуэр сху­римыкъуу, сыхущыщIэу къысщохъу. Сызыпэрыт Iуэхур си гум дыхьэу, фIыуэ слъагъуу зэры­щы­тырагъэнщ абы и щхьэусыгъуэр. Нобэ сызыпэрыт IэщIагъэр си гъа­щIэм хэмыту ар си нэгу ­къыс­хущIэгъэхьэркъым. БащэкIэ къып­щыгугъыу зи щхьэр къо­зыхьэлIа сымаджэм уи Iэзэгъуэр сэбэп зэрыхуэхъуар пщIэным, абы и нэгум иплъэгъуэжа гукъы­дэжым уи гуащIэ зэрыхэлъым ­къуит гухэхъуэм пэкIуэн мылъку щыIэкъым. ИужькIэ нэхъы­бэж зэрыпхузэфIэкIынумкIэ гушхуэ­ныгъэ уиIэу ехъулIэныгъэ­щIэ-­хэм, лъагапIэщIэхэм ухуэзы­шэ гъуэ­гуанэм къыпыбощэ.

 

Гуэбэшы Марианнэ.
Поделиться: