МашинэкIэ къызэрагъэпэщ

КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм «ЦIыхухэм япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэр щыхуащIэ IуэхущIапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжын» щIыналъэ проектымкIэ «Нива», «Гранта» автомобилу I6 къищэхуащ. Ахэр яIэрыхьэнущ республикэм и райони 7-м хыхьэ къуажэхэм дэт амбулаторэхэмрэ ФАП-хэмрэ. Федеральнэ бюджетым къыхэкIыу а Iуэхум хухахащ сом мелуани 10,8-рэ.
Машинэхэр къагъэсэбэпынущ пIалъэ къыхэмыкIыу дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэ сымаджэхэм я унэм участковэ дохутырхэр щыкIуэкIэ. Апхуэдэуи республикэм и къуажэ пхыдзахэм щыпсэухэу зи узыншагъэм нэхъ куууэ кIэлъыгъэплъыпхъэхэр район сымаджэщхэм ирагъэшэнущ а автомобилхэмкIэ.
Прохладнэ районым и медицинэ IуэхущIапIэхэм яIэрыхьэнущ автомобили 5, Бахъсэн щIыналъэм – автотранспорту 4, Шэджэм, Аруан куейхэм – тIурытI, Лэскэн, Шэрэдж, Iуащхьэмахуэ районхэм – машинэ зырыз.
КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм «ЦIыхухэм япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэр щыхуащIэ IуэхущIапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжын» щIыналъэ проектымкIэ пIалъэ къыхэмыкIыу медицинэ дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэ IэнатIэхэм папщIэ илъэситIым къриубыдэу автотранспорту 3I-рэ къищэхуащ.

ЩхьэщэмыщI Изэ.
Поделиться: